Американ щIэныгъэлIым и еплъыкIэр«Адыгэ лъэпкъгъэкIуэд» тхылъыр зи IэдакъэщIэкI Ричмонд Уолтер США-м и Калифорние штатым хыхьэ Лос-Анджелес къалэм щопсэу, Оксидентал колледж университетым Урысейм и тхыдэр щедж. Ди лъэпкъым ишэча гузэвэгъуэшхуэм и иужьрей илъэс нэхъ гуащIэхэр наIуэу къыщыгъэлъэгъуащ Уолтер и тхылъым. Урысхэм Адыгэ Хэкум ебгъэрыкIуэн щыщIадзэжар 1861 гъэм и щакIуэгъуэрщ. ЩIыналъэм цIыхуу къинар мин 300-у къалъытэри, абыхэм яхурикъуну батальон 65-рэ, къэзакъ дивизион 25-рэ, топи 100 зэрагъэпэщащ. ЯщIэр къазэрыгурыIуэу, инджылызхэр Iуэхум къыхэIэбэнкIи зэрыхъунум илIыкI Евдокимовыр хъийм икIауэ дзэр зэрыришэжьэнум хуепIэщIэкIырт. Уеблэмэ езым и IуэхутхьэбзащIэхэм ар апхуэдизкIэ яхуэпхъашэти, зыкъаIэтыну щыхьэзыр дакъикъэ къахуихуащ. Егъэлеяуэ цIыхушхуэ кIэроху жаIэу хъыбар щрагъащIэм, «Iуэхум пэрыту ирелIэ», - япидзыжауэ жаIэ. Къэзакъ къуажэхэми екIырт Евдокимовым и зэран. Абыхэм я нэхъыбэр Кавказым зыкIи емыщхь Урысей щIыпIэхэм ирашати, бгылъэ щIыналъэм зэрыщыпсэунур яхузэгъэзахуэтэкъым. А псом ищIыIужкIэ, ерыскъымрэ хъыбархэмрэ зэрызэIэпахыну Iэмалхэр убзыхуатэкъыми, Iэщэ зымыIыгъ къэзакъ IэпхъуагъащIэхэм махуэ щIагъуэ дэмыкIыу адыгэхэр къатеуэрт. Ауэрэ абыхэм ягу зэщыуэпэщ. Губгъуи имыхьэжу, Iэщи ямыгъэхъужу дэхуэххэри, я псэущхьэхэм ещхьу гъаблэм икIуэдыкIын щIадзащ. Кавказым ягъэIэпхъуа къэзакъхэмрэ дзэм хэт сэлэтхэмрэ Евдокимовыр зэрепхъэшэкIыр зыми щыщтэкъым, адыгэхэм гущIэгъуншэу зэрахущытым елъытауэ. Зыгуэр къытрахын е яхурикъун мурадкIэ хьэкIэкхъуэкIагъэ хэлъу яукI адыгэхэм я хъыбархэр кIэухыншэт. Апхуэдэхэм я щапхъэщ урысыдзэр 1862 гъэм и мэлыжьыхьым Фарз псыежэхым Iут плъырыпIэм икIыу Сочэ и къуэкIыпIэ-ищхъэрэмкIэ щызэкъуэувахэм зэребгъэрыкIуар. ЗауэзэрылIым зиубгъури, абы бгыщхьэм щыпащащ. Гупышхуэу адыгэхэр къызытеуа урысыдзэр имыкIуэту хъуакъым. Мо къатекIуахэм ягу трагъэзэгъэжын папщIэ, урысхэм я гъуэгум къытезэрыхь, топышэхэм зыгуэрурэ яIэщIэкIа адрей адыгэхэр щэ бжыгъэкIэ залымыгъэ гуащIэкIэ зэтраукIэрт. Урысыдзэм хэта Дроздовым жеIэ: «Бгыр мыжурэкIэ зэхэуIухьа бий хьэдэхэм щIигъэнат… Сэлэтхэр апхуэдизкIэ Iэл хъуахэти, къэбгъэувыIэжыну гугъут». Зэгуэр Щхьэгуащэ деж гъуэгухэр щызыухуэ генерал Тихотскэм и сэлэтхэр зи къуажэхэр ягъэса адыгэхэм зыщагъэпщкIуа мэзым топкIэ хэуащ. Абы иужь Евдокимовым дзэр Псыжь ищхъэрэкIэ иришажьэри, къуэкIий щIыбагъым къыдэт адыгэ къуажэм топышэхэр ятригъэлъэлъащ. Къуажэдэсхэм я нэхъыбэм мэзым зыщагъэпщкIуати, сыхьэтихкIэ топышэ макъыр зэпымыууэ Евдокимовым мэзым иригъэуащ. Куэд дэмыкIыу, Дроздовым хъыбар къыIэрохьэ адыгэхэм «зы цIыху къэмынэжыху зэуэну тхьэ яIуауэ: ди къуажэм къыщренэ урысхэм я хьэдэхэр» жаIа хуэдэу. АдэкIэ къэхъуа лъыгъажэм къигъэлъэгъуащ адыгэхэм я псалъэр зэрагъэпэжар. Абдежым щэ бжыгъэкIэ топышэм къыщыпэуват бгырысхэр. Бгыр щIэзыщыкI, къуажэхэр зыгъэс урысыдзэм и сэлэтхэм яшэчын хуей хъурт топышэхэр зэрателъалъэм щхьэкIэ къамыгъанэу, имыкIуэту къатеуэж адыгэхэр. Дроздовыр щыхьэт тохъуэ абыхэм Iэщэншэу мыжурэхэм зыкъыпэщIадзэу зэрыщытам. А псор къыщыхъуар 1863 гъэм и гъатхэрщ. 1862 гъэм и бжьыхьэм Евдокимовым «Дахэ отряд» зыфIаща сэлэтыдзэ щхьэхуэ зэригъэпэщащ. Кърымыдзэр Iэнапэ деж икIыурэ къуэкIыпIэмкIэ кIуэтэху, бгырысхэм нэхъ гуащIэу ебгъэрыкIуэну и къалэнт а дзэм. Натыхъуейхэр абдежым хахуэу щызэуащ, ауэ 1862 гъэм и кIэм абыхэм я щIым и нэхъыбэр къэзакъ къуажэхэм яубыдакIэт. «Я псэукIэр яхуэмыхьыж хъуащ абыхэм, - етхыж Берже Адольф.- Ар фIы дыдэу къызыгурыIуэ Евдокимовым хэкIыпIэ гъуэзэджэ а Iуэху зэхэзэрыхьам къыхуигъуэтащ: урысхэр зигу темыхуэнур пэрыуэншэу Тыркум Iэпхъуэну хуитщ». Евдокимовыр гущIэгъу зыхэлъ цIыхуу, адыгэхэм нэхъ къаугъэшыуэ яхэтхэм фIэкIа Тыркум зыри игъэIэпхъуэну химыгъэзыхьа хуэдэу къэзыгъэлъэгъуэну хэт Берже и псалъэхэм я щыхьэту а генералым и тхыгъэхэм щыщ пычыгъуэ къехь 1862 гъэм: «Ди унафэм къыщIэувэн зымыда лъэпкъхэр Тыркум гъэIэпхъуэныр къэралыгъуэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ хэкIыпIэщ, гугъущэ демыхьу зэман кIэщIым зауэр духыфын хуэдэу. ИтIани, сэ а бгъэдыхьэкIэр КъухьэпIэ Кавказым щедгъэкIуэкI бэнэныгъэм папщIэ, узыхуекIуэ хъуну Iэмал мынэхъыщхьэхэрат зыхэзбжэр. Урысхэм я лъабжьэ щIэтын нэхърэ хэкIуэдэжыныр е лIэпэныр нэхъ къыхэзыха адыгэхэм я гур мыкъутэу къезыгъэла хэкIыпIэщ ар». Тхыгъэм щыщIэхъума пэжращи, адыгэхэм я Хэкур яхъумэжын щамыгъэтмэ, ахэр зэтраукIэн щхьэкIэ урысхэм я нэ упIэрэпIэнутэкъым. Япэ щIыкIэ Евдокимовым ибзыщIащ адыгэхэр Тыркум иригъэкIыну зэримурадыр, пащтыхь Александр абыхэм Псыжь и ищхъэрэкIэ щIы щахухигъэщхьэхукIыну къигъэгугъахэрэ пэт. Кавказ Iуэхур икIэм нэсын и пэ, унафэр мыбы хуэкIуащ: «Урыс къэралыгъуэм хэту къанэ хъуну адыгэ бжыгъэр… зыми ищIыскъым. 1859 гъэм иращIылIа зэгурыIуэныгъэм емыплъу, абазэхэхэр мызэ-мытIэу Урысейм и гъунапкъэхэм къобгъэрыкIуэри, абыхэм жаIэр афIэкIа уи фIэщ пщIы хъужынукъым». Ар зи псалъэр 1863 гъэм кавказыдзэм и штаб нэхъыщхьэм и унафэщIу тета Карцов Александрщ. Абы къыгурыIуар мыращ: «Бгырысхэм я деж къыщыдгъэщхьэпа Iэмалхэр гущIэгъуншэу къыпфIэщIынущ, ауэ ар икIэщIыпIэкIэ къэдгъуэта хэкIыпIэщ. Илъэс щэныкъуэ хъуауэ дгъэунэхум ди фIэщ ищIащ дыгъуэнымрэ хъунщIэнымрэ икIагъэу къэзымылъытэ лъэпкъым мамырыгъэ зэрыдумыщIыфынур». Абы къыхэкIыу, жэпуэгъуэм и 4-м Евдокимовым ткIийуэ къыхелъхьэ адыгэ псори Тыркум игъэIэпхъукIын хуейуэ.
Поделиться:
Читать также:
20.07.2026 - 12:10 →
Мэздэгу быдапIэм и къэунэхукIэ
17.07.2026 - 16:56 →
ЛIыгъэрэ гуащIэрэ
08.07.2026 - 12:26 →
ФIы уигу илъмэ
07.07.2026 - 13:00 →
Адыгэ гуащэхэр дгъэгъуащэ хъунукъым
07.07.2026 - 10:00 →
ХХ лIэщIыгъуэм и 20–30 гъэхэм политикэ залымыгъэм и лей къызытехьа тхакIуэхэр
| ||




