БлэкIам елъэпауэм къэкIуэнур къолъэпэуэж
Абы къыхэкIыу Бзиикъуэ зауэр и мыхьэнэкIэ епщыкIуиянэ лIыщIыгъуэм и демократие революцэу жыпIэ хъунущ. Франджы революцэм иужькIэ ар Евроазиат хэгъэгум щыетIуанэщ икIи абы къыкIэлъыкIуа демократие зэхъуэкIыныгъэхэм адыгэхэм я деж мыхьэнэ щиIащ 1917 гъэм и Октябрь революцэр къэхъуху. ЕпщыкIуиянэ лIыщIыгъуэр пщы-пщылI бэнэныгъэмкIэ гъэнщIауэ щытащ. Псом хуэмыдэу, ар щыгуэщIащ адыгэхэм я деж. Хуит нэхъ къэхъуа лIакъуэхэм къахэтIысхьэрт пщы-уэркъ лIакъуэхэм зэхэзехуэн ящI мэкъумэшыщIэхэр. Абы и фIыщIэкIэ зи гугъу тщIа лIакъуэхэри я цIыху бжыгъэкIэ фIыуэ хэхъуат. Адыгэ щIыналъэм абыхэм щаIэ пщIэри лъагэт. Бзиикъуэ зауэр цIыхубэм илъэс куэдкIэ игъэхьэзыра революцэт, дэтхэнэ лъэныкъуэми зауэлI минипщI бжыгъэхэр къигъэувауэ. Апщыгъуэм зауэ губгъуэм яукIауэ къинат цIыху минихым щIигъум я хьэдэхэр. 1792 гъэм Шапсыгъым зыкъыщаIэтат пщылIыпIэр зымыдэхэм. Абыхэм я Iуэхур даIыгъащ абазэххэмрэ натыхъуейхэмрэ. Аращ Бзиикъуэ зауэм щхьэусыгъуэ хуэхъуари. МэкъумэшыщIэхэм пщIэ хуащIыну зэрыхуэмейм, егъэлея пагагъ зэрахэлъым къыхэкIыу, пщыхэмрэ цIыхубэмрэ яку зэпыщIэныгъэ дэлъыжтэкъым. Пщыхэм къащыхъурт упщIи чэнджэщи щымыIэу, бэм унафэ яхуэпщI хъуну. ЗыкъэзыIэтахэм япэщIыкIэ зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэм - шапсыгъхэм пщыхэр зэрызыхахуам - игъэгужьеят адрей адыгэ лIакъуэхэм я пщы-уэркъхэр икIи ахэр къакъуэуващ езыхэм яхуэдэхэм. Бжьэдыгъупщхэрат шапсыгъыпщхэр зэзышэлIари, япэрейхэр я пашэу къару лъэщ зэкъуэуват зыкъэзыIэтахэм япэщIэтыну. Уеблэмэ я къарур яфIэмащIэу, дэIэпыкъуэгъу щIэлъэIуу абыхэм зыхуагъэзат Екатеринэ ЕтIуанэм. 1793 гъэм Бытырбыху ягъэкIуат Хьэжымикъуэ Бэтджэрий (мы цIэ-унагъуэцIэр къызохьыж Шэрджэс Алий зэритхыу щытам хуэдэу) зи пашэ шапсыгъ, бжьэдыгъу пщыхэм я лIыкIуэхэр. Урыс пащтыхьым «зэрыхуэпэж гурыщIэхэр хуаIуатэри», зыкъэзыIэта мэкъумэшыщIэхэм зэрапэщIэтыну къарукIэ къыдэIэпыкъуну елъэIуащ. Екатеринэ ЕтIуанэр хьэтыркIэ къыпыкъуэкIащ апхуэдэ лъэIум икIи унафэ ищIащ а щIыпIэм къэзакъыдзэ игъэкIуэну. Апщыгъуэми зыми Iуэхум къыхилъытакъым псыжьадрыщI адыгэхэр Урысейм и къэрал хэгъэгум зэрыщымыщыр. Шапсыгъыпщ къызыхахуахэр ЩэрэлIокъуэ лъэпкъыр я пашэу, зэпымычу къатеуэрт шапсыгъ мэкъумэшыщIэхэм. Мыдрейхэми ар яхуэмышэчыжу дзэшхуэ зэхашащ. Абыхэм къагухьащ абазэх, натыхъуей мэкъумэшыщIэхэр, яхэтащ убыххэм ящыщхэри. Пщыхэми дзэшхуэ къагъэуват, ар мэкъумэшыщIэхэм яйм нэхърэ хуэдитIкIэ нэхъ мащIэт, ауэ зауэм зэрыхуэхьэзырымкIи я IэщэфащэкIи куэдкIэ нэхъ зэгъэпэщат. Адыпсэ, Шэбж псыIуфитIым яку дэлъ Бзиикъуэ аузымрэ Лейгъэтх мэзымрэ я деж, цIыхубэр а щIыпIэм зэреджэр «Нэджыт хуейщ», щекIуэкIащ сыхьэтиплIкIэ мыужьыха зэхэуэ гуащIэр. ЯпэщIыкIэ мэкъумэшыщIэхэм бжьыпэр яубыдами, щIэпхъуэжа хуэдэу зызыщIа пщыхэмрэ уэркъхэмрэ къагъэпцIа хъури, ахэр тафэм къытехьащ, бгы-мэз быдапIэхэр къагъанэри. ЗыгъэпщкIупIэм къащыпэтIыса къэзакъхэри арат зыпэплъэри, шэр ирагъэлъэлъу щIадзащ. Шапсыгъми нэгъуэщIми, мэкъумэшыщIэ куэд хэкIуэдащ. Ауэ лъыр уасэншэ хъуатэкъым - езыхэми яукIат бжьэдыгъухэм я пщы Хьэжымикъуэ Бэтджэрий. Мы зэхэуэм хэкIуэдащ мэкъумэшыщIэ миниплIрэ пщы-уэркъ лъэныкъуэм и нэрыбгэ минитIрэ. Хьэдибгъу-пщIы зыхуашэжа шапсыгъ унагъуэхэр щыIащ. Бастук къуажэ закъуэм хьэди 135-рэ къыдашэжат. Зауэ IуэхукIэ убгъэдыхьэмэ, урыс топхэмрэ къэзакъхэмрэ я дэIэпыкъуэгъуу пщы-уэркъхэр текIуат, ауэ мы зэхэуэм кIэ яритащ пщы залымыгъэм, пщыхэр цIыхубэм зэрапыкъуэкI унафэ бзаджэхэм. Зауэм къела пщы-уэркъ куэд я цIыхубэм яхыхьэжат. Сэ сызоупщIыжри, абы къыщемыжьауэ пIэрэ адыгэ унагъуэцIэ куэдыр? Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, Пщыгъэжей, ПщыхуэфI, ПщыхьэщIэ, Пщыкъуэ, Пщымахуэ, ЩхьэщэмыщI унагъуэцIэхэр, абыхэм япэджэж нэгъуэщIхэр.... Ауэ а лъэхъэнэ жыжьэм мэкъумэшыщIэхэм къахыхьэжа пщыхэмрэ уэркъэмрэ пщIэ къызэралъэщыфынур я щапхъэрэ лIыгъэкIэрэт. Абазэххэм, шапсыгъхэм, натыхъуейхэм я зэхэтыкIэм зэхъуэкIыныгъэ игъуэтри, хуитыныгъэр нэхъыбэ хъуат. Убыххэм я деж мы Iуэху дыдэр нэхъ мамыру щекIуэкIащ. Дауи, жыпIэ хъунукъым пщы-пщылI Iуэхугъуэр мы зауэм зэрыщыту дэкIуэдауэ. А Бзиикъуэ зауэм зэрипсыхьамрэ абы къахуихьа щхьэхуитыныгъэмрэ 1917 гъэм щыIа революцэм пщIондэ кIуэдакъым. АбыкIэ ар къащхьэщыкIырт зэрыукIыж гуащIэм пхыкIыу зыри къызыпэмыкIуа, уеблэмэ пщылIыпIэр нэхъри щIэзыгъэбыда нэгъуэщI цIыхубэ зэщIэхъееныгъэхэм. Аращ Бзиикъуэ зауэр революцэ Iуэхуу къыщIэлъытапхъэр, ар лIакъуэхэм яку къыдэхуа зауэу ягъэувыну тхыдэтх гуэрхэр иджыри къыздэсым яужь итами. ИкIэм щIызгъужынут… Зэкъуэшхэм, зэлъэпкъэгъухэм я зауэр зым и текIуэныгъэкIи иухатэкъым. Ар хьэкъыпIэкIэ адыгэхэм я граждан зауэт, икIи Екатеринэ ЕтIуанэм мы Iуэхум къэзакъыдзэхэр къызэрыхигъэхьар Кавказ зауэм пэщIэдзэ хуэхъуауэ къалъытэ куэдым. Дауи, а гупсысэм мыхьэнэ хэлъу къыщIэкIынщ… ИужькIэ къэхъея Кавказ зауэм и зэран нэхъыбэу зэкIар Бзиикъуэ зауэр зэхэзышауэ щыта кIахэ адыгэхэращ. Шэрджэс Алий куэдрэ жиIэу щыта псалъэхэмкIэ сухынщи, блэкIам елъэпауэм къэкIуэнур къолъэпэуэж. Бзиикъуэ зауэр адыгэхэм дерс къызыхахын хуея, ауэ къызыхамыха тхыдэ къэхъугъэу къэнащ.
Поделиться:
Читать также:
12.08.2026 - 17:40 →
«Уи лъэпкъ хуэпщIэфынур хуэпщIа?»
12.08.2026 - 14:30 →
ЛъэужьыфIэ
12.08.2026 - 13:27 →
Лъэхъэнэ куэдым я лIыхъужь
12.08.2026 - 12:05 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
12.08.2026 - 12:00 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
| ||





Мы гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм илъэс 230-рэ ирокъу адыгэ лъэпкъым и тхыдэм зи лъэужь къыхэна Бзиикъуэ зауэр зэрекIуэкIрэ. ИпэжыпIэкIэ, Бзиикъуэ зауэр пщылIхэмрэ пщыхэмрэ яку къыдэхуэу щыта зэпэщIэуэныгъэхэм къащхьэщыкIырт адыгэ лIакъуищым - шапсыгъхэм, абазэххэм, натыхъуейхэм - абыхэм ящIыгъуу убыххэми къахуихьа щхьэхуитыныгъэмкIэ.