Къэбэрдей-Балъкъэрыр фи гъусэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Луганск лъэпкъ республикэм хыхьэ Старобельскэ районым къыщыхъуа гу­зэ­вэгъуэр зылъысахэм яхуэгузэващ. 

- Нэщхъеягъуэшхуэ къыщыхъуащ Луганск лъэпкъ республикэм и Старобельскэ районым, - щетх Iэтащхьэм и Макс-напэкIуцIым. - ЦIыху зэрымыс, бийм и езырылъатэхэр ЕгъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр университетым и еджапIэ корпусымрэ общежитиемрэ теуащ, абы студентхэр щIэсу. ЗэкIэ къата хъыбархэм япкъ иткIэ, цIыхуи 4 хэкIуэдащ, еджакIуэ 40 уIэгъэ хъуащ. Фэбжь зылъысауэ къыщIэкIынкIи хъунухэр иджыри къалъыхъуэ.  
Дунейм теткъым киев унафэщIхэр зытегушхуа а щIэпхъаджагъэ гущIэгъуншэр сабийхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ езы­щIылIахэр зыгъэзэхуэн! 
Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыуи, си щхьэкIи са­хуогузавэ ЛНР-м и УнафэщI Пасечник Леонид, хэкIуэдахэмрэ уIэгъэ хъуахэмрэ зыщыщ унагъуэхэм, лей зытехьахэм. ­Фэбжь зыгъуэтахэр Тхьэм псынщIэу къызэфIигъэувэж! Къэбэрдей-Балъкъэрыр фи гъусэщ!

Поделиться: