Псэ жыгым деж…

Накъыгъэм и 21-м цIыхухэр Налшык гъущI гъуэгу вокзалым деж къыщежьэри, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым кърикIуащ, бзылъхугъэхэм гъыбзэхэр жаIэу, цIыхухъухэм уэрэ­дыжь­хэр къыхадзэурэ.

Ахэр екIуэлIащ Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я «Псэ жыгым». ИтIанэ гъуо къэджащ… Адыгэ фащэкIэ хуэпауэ, лъэпкъ ны­пыр яIыгъыу, я блэкIар зэралъытэр, я адэжьхэм я фэеплъыр гу лъащIэм зэрыщахъу­мэр зи нэгу къищ цIыхухэм уа­хэплъэныр гуузт, ауэ икIи узы­гъэгушхуэт, илъэсищэм щIигъукIэ зызымыгъэщхъа адыгэм и лIыгъэр зэрымыкIуэдар нэрылъагъути. Лъым и къабзагъэм, къупщхьэм и быдагъым мыхьэнэуэ иIэр къыбгу­рыIуэрт. Гъыбзэмрэ уэрэ­дыжь­хэмрэ уапхыдэIукIрэ, щыгъуэ пэкIум хэтхэм я нэгум уиплъэ-мэ, къибджыкIырт гукъеуэ, Iэмалыншагъэ, гуауэ, тхыдэм и нэпкъыжьэ. ИлъэсищэкIэ зы­зы­мыгъэщхъахэм иджы зы­хуагъэщхъырт ди адэжьхэм…

- Дуней псом текъухьа адыгэм ягу къагъэкIыж ди нэхъыжьыфIхэм зэрахьа лIыхъужьыгъэр, я щхьэр ирахьэх а зауэм хэкIуэдахэм щхьэкIэ, апхуэдэ гууз афIэкIа къэмыхъужыну Тхьэм йолъэIу. Нобэ ди Щыгъуэ махуэщ, - жиIащ пэкIур къыщызэ­Iуи­хым КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. 
Щыгъуэ пэкIум хэтхэм захуигъэзащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
- Ныбжьэгъу лъапIэхэ, ди къуэшхэ, ди шыпхъухэ! Кавказ зауэжьым и фэеплъым деж ноби дыщызэ­хуишэсащ ди блэкIам, ди тхыдэм. Дуней псом адыгэу тетым ягу къагъэкIыж зауэжьым къихьа хэщIыныгъэшхуэр, лъэпкъыу абы хэтахэм гузэвэгъуэрэ нэщIэбжьэу ялъэгъуар. Псом нэхърэ нэхъыбэу а зауэм хэщIыныгъэ щызыгъуэтар адыгэ лъэпкъращ. Илъэсищэм щIигъукIэ къимыкIуэта лъэпкъым и Iыхьэ пщIанэрщ щIыналъэм къинар. Хэт Хэкужьым щыхэкIуэдащ, хэт нэгъуэщI щIыналъэ Iэпхъуэн ­хуей хъуащ. ХамэщIым кIуахэм я нэгу щIэкIари ­гущIыхьэт. Зауэжьым и напэкIуэцIхэм, блэкIам дыщIогупсысыжри, абы и гуауэм ноби ди щIыфэр дотхытх, гуауэр хьэлъэу къытогъуалъхьэ ди псэм. Зэман кIыхькIэ апхуэдиз гуауэ зыгъэва адыгэ лъэпкъым ихъумэфащ бзэр, хабзэр, щэнхабзэр. Дуней псом щикъухьа адыгэхэм щхьэж зыщыпсэу къэралым пщIэ щиIэщ. Политикэм, гъуаз­джэм, спортым, гъащIэм и нэгъуэщI лъэныкъуэ куэдми ехъулIэныгъэ къызэрымыкIуэхэр къыща­гъэлъа­гъуэ ди лъэпкъэгъухэм. Хэкужьым щыпсэу адыгэ­хэм пщIэрэ щIыхьрэ щаIэщ ди къэралым. Адыгэ-урыс зэхущытыкIэ гуапэм и лъабжьэщ лъэпкъым ди бзэмрэ щэнхабзэмрэ тхъумэжыным, едгъэфIэ­кIуэным теухуауэ Урысейм сытым дежи и гупэр къызэрытхуэгъэзар. Кавказ зауэжьым ипэкIи зауэ нэужьми адыгэ-урыс зэхущытыкIэ дахэм и щапхъэхэр хэтщ. Иджыри 1553 гъэм ныбжьэгъугъэр щIагъэбыдат адыгэхэмрэ урысхэмрэ - адыгэм ­ипхъу тхьэIухудыр Грозный Иван гъусэ хуэхъуат. Черкасскэхэр, Сэнджэлейхэр, Бековичхэр, нэ­гъуэщI лIакъуэхэри Урысейм IэнатIэхэм щыпэрытт пщIэрэ щIыхьрэ яIэу. Къэралым къуэуващ адыгэ­хэр Хэку зауэшхуэм и зэманми. Ноби ди щIалэ хахуэхэр щыIэщ дзэ Iуэху хэхам. 2026 гъэр Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу игъэуващ ди къэралым и Президент Путин Владимир. Абы щыгъуэми къыхигъэщащ къэралым лъэпкъ куэд зэрыщыпсэум ар лъэщ зэрищIыр.
Хамэ къэралхэр хэщIапIэ зыхуэхъуа ди лъэп­къэгъухэми лъэпкъым и цIэр фIыкIэ зыгъэIу цIыху щэджащэхэр къахокI. Дэнэ щIыпIэ дыщыпсэуми, адыгэр дызэкъуэтщ, дызэрощIэ. Дунейм щикъу­хьами, адыгэу щыIэм я плъапIэщ Хэкужьыр. Дэ зэи тщыгъупщэ хъунукъым зауэжьым и дерсыр, зэи тщыгъупщэ хъунукъым ди щIыналъэм щхьэкIэ зыкъэзыIэта, зи псэр зыта ди лъэпкъэгъухэм я фэеплъыр. Ди тхыдэ фэеплъым и саулыкъукIэ «Псэ жыгым» деж къекIуэлIахэм фIыщIэ фхузощI. Лъэпкъ тхыдэм къыхэщыж гуауэшхуэр тщызыгъэгъупщэн зэи Тхьэм димыгъэлъагъукIэ! - жиIащ ­Сэхъурокъуэм.
Зауэжьым зи псэр хэзылъхьахэм папщIэ къы­зэхуэсахэм дыуэ яригъэщIащ КъБР-м ис муслъы­мэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и къалэныр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIэрэф Жамболэт. 
Дыуэ ящIа нэужь, дэнэ щIыпIэ щыпсэу адыгэхэри дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ Кавказ зауэм хэкIуэда ди лъэпкъэгъухэм. Абыхэм я фэеплъ Псэ жыгым удз гъэгъахэр тралъхьащ.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: