Псори зэкъуэзыгъэувэр зы мурадт

Совет цIыхубэм Хэку зауэшхуэм щызэрахьа лIыгъэ уахътыншэм теухуауэ «Дэ дощIэж» щэнхабзэ-хэкупсэ Iуэху къыщызэрагъэпэщат КъБКъУ-м. Зэхыхьэм увыпIэ щхьэхуэ щаубыдащ Тыркуменистаным щыщ студентхэм я къэпсэлъэныгъэхэм. Абыхэм псоми я зэхуэдэ ТекIуэныгъэм уасэ зимыIэ хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа я адэшхуэхэм я гугъу ящIащ. Мыр щыхьэт тохъуэ Хэку зауэшхуэр щIэблэм зэIэпах, «псэ зыIут» фэеплъу зэрыщытым.

КъБКъУ-м и студент Аслановэ Назакят тепсэлъыхьащ фашист Германиер зэхэкъутэным и мызакъуэу, ЕтIуанэ дунейпсо зауэм хэта, Япон зауэми лIыгъэ щызезыхьа и адэшхуэ Гусейнов Гейдар Гусейн и къуэм. И хахуагъэм папщIэ абы къыхуагъэфэщауэ щытащ дамыгъэ куэд.

«Зауэр иуха нэужь, си адэшхуэр Тыркуменистаным, унэм къэкIуэжри, шоферу лэжьащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, сэ ар псэууэ слъэгъуакъым. Сыкъалъхуным куэд иIэу дунейм ехыжащ. Ауэ сэ абы срогушхуэ. Ар гугъуехь куэдым пхыкIащ и щIэблэр мамыру псэун, заужьын папщIэ», - гуапэу и адэшхуэм тепсэлъыхьащ Аслановэр.  

Назаровэ Ширин и адэшхуэр Белоруссиемрэ Украинэмрэ хуит къэщIыжыным хэтащ, уIэгъэ хьэлъэ хъуауэ къигъэзэжащ, дамыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIи ягъэлъэпIащ. ТекIуэныгъэ нэужьым ар щIэблэм щIэныгъэ егъэгъуэтын IэнатIэм пэрытащ, егъэджакIуэу зэман кIыхькIэ лэжьащ.

Шаймарданкуловэ Асилахон тепсэлъыхьащ зауэм и илъэсхэм Белоруссием, Гомель къалэм къулыкъу щызыщIа, илъэс I8 фIэкIа мыхъуу фронтым Iухьа и адэшхуэм. Ар тIасхъэщIэххэм я сержант нэхъыжьт икIи къалэр хуит къэщIыжыным щIэзэурт. I943 гъэм уIэгъэ хьэлъэм унэм къигъэзэжыну ирихулIащ. Псэуху, и Iэпкълъэпкъым къыхэна къутахуэхэм емылъытауэ, лэжьащ, бынибл къыщIэхъуащ. Абы ипхъу нэхъыщIэр, Шаймарданкуловэ Асилахон и анэшхуэр, куэдрэ къахутопсэлъыхь и адэм зауэм щигъэлъэгъуа лIыгъэм.

- Дадэ зэрысцIыхур хъыбархэмкIэщ, сыкъыщалъхуам ар щыIэжакъым, ауэ абы хуабжьу срогушхуэри сыхуейщ адэшхуэ хахуэ сызэриIар цIыхухэм ящIэну», – къыддэгуэшащ Асилахон.

КъБКъУ-м Дунейпсо егъэджэныгъэмкIэ и еджапIэ нэхъыщхьэм и унафэщI Журт Iэсият къызэрыхигъэщамкIэ, хамэ къэралхэм щыщ студентхэм Хэку зауэшхуэм и фэеплъыр куууэ ягъэлъапIэ, я нэхъыжьхэм къаIуэтэжахэм, тхыдэр зэраджым я фIыгъэкIэ. СНГ-м хыхьэ къэралу СССР-м хиубыдэу щытахэм я дежкIэ накъыгъэм и 9-р фронтовикхэм я фэеплъ, фIыщIэ щыхуащI махуэ лъапIэщ.

«А ТекIуэныгъэр псоми я зэхуэдэ псэемыблэж лIыгъэкIэ къазэуащ.  Совет Союзым иса лъэпкъ псори, я гъащIэм щымысхьу, лIыхъужьыгъэ яхэлъу Хэкум щIэзэуащ. Псоми зэгъусэу къэралыр емынэм къыIэщIагъэкIыжащ, бийр зэтракъутэри. Ди къалэнщ абыхэм зэрахьа лIыгъэмрэ я фэеплъымрэ дгъэлъэпIэныр, я лъэужьым дыхуэфащэу тхыдэм дыкъыхэнэныр», - захуигъэзащ щIалэгъуалэм Журт Iэсият.

Зэхуэсым хамэ къэрал студентхэм щрагъэлъэгъуащ 1942 гъэм и гъэмахуэм къыщыщIэдзауэ 1943 гъэм и бжьыхьэм нэсыху къэралым и ипщэ гъунапкъэхэм зыщызыубгъуа зауэм теухуа «Битва за Кавказ» документальнэ фильмыр. Абы къыхощыж лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ, ныбжь зэхуэмыдэхэм ит сэлэтхэр. Псоми я мурадыр зыт - Хэкур хъумэнырщ.

«Дэ дощIэж» щэнхабзэ-хэкупсэ зэхыхьэм хэтахэм КъБКъУ-м и лэжьакIуэу, студенту Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ. Абы къигъэлъагъуэрт мамырыгъэр зыхуахъума щIэблэм лIыхъужьхэм я мыкIуэдыжын фэеплъым пщIэ зэрыхуащIыр.

Iэрыс Iэсият.

 

Поделиться:

Читать также: