Дахагъэм гъунэгъу зэхуищIу

Зэгуэр тхакIуэ цIэрыIуэ Достоевский Фёдор дунейр дахагъэм зэрихъумэнур жиIэгъат, ар щыIэныгъэм и мардэу, псэуныгъэм и гуащIэу, зэпэщыныгъэм и кIуэрабгъуу зэрыщытыр къигъэлъагъуэу. Дахагъэр зытеухуар нэр Iэпызых цIыху теплъэм и закъуэкъым, ар ехьэлIащ и гупсысэр къызэщIэзыгъэушэ, щIэщыгъуэ гуэрхэм хуэзыгъэпабгъэ, щыIэныгъэм и купщIэм къозыгъэлъыхъуэ и IэщIагъэхэми. КъищынэмыщIауэ, дахагъэм малъхъэдис къару хэлъщ, абы къыпкъригъэхьа гузэхэщIэмкIэ дунейр ем щыпхъумэну ухуейуэ укъызэщIиIэтэу, абы цIыхухэр къызыхуриджэ щыIэкIэ дахэр зыIэригъэхьэну лъыхъуакIуэ иригъажьэу.

КIыхьым и кIэщIращи, дахагъэм хиш лъагъуэм псэ зыIуту дунейм тетыр ирикIуэну къыхуреджэ. Апхуэдэ джэ макът игъэIур иджыблагъэ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щекIуэкIа, «Шемякин и гъатхэ» фIэщыгъэр зрата XVI зэхьэзэхуэм.

Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым ирихьэлIэу къызэрагъэпэща Iуэхугъуэм зы утыкум щызэхуишэсащ гъуазджэм, архитектурэм, щIэныгъэм гу хуэзыщIауэ абыхэм зи гъащIэр езыпхыну хущIэкъу ныбжьыщIэхэр. Къыхэгъэщын хуейщ зэхьэзэхуэ Iыхьэхэр зыхэта Iуэхугъуэ хьэлэмэтым КъБКъУ-м архитектурэмкIэ, ухуэныгъэмрэ дизайн хуэIухуэщIэхэмкIэ и институтым и лэжьакIуэхэмрэ студентхэмрэ лъэныкъуэ куэдкIэ абы зэрызыкъыщагъэлъэгъуар.

КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Къардэн-Шемякин Михаил и цIэр зыфIаща зэхьэзэхуэм и къалэн нэхъыщхьэу щытар унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэу зэхэухуэнарэ Iуэхугъуэбэу зэхэт и щIэиныр цIыху нэхъыбэм зэлъегъэщIысынырщ, абы къыхэIукI гупсысэхэмрэ къахэщыж философие дуней лъагъукIэмрэ ахэр нэIуасэ хуэщIынырщ. Зэпеуэм хэтащ уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ, хореограф, сурэтыщI, усакIуэ, журналист щIалэгъуалэр. Мы гъэм япэ дыдэу зэхьэзэхуэм къыхыхьащ щIэнIуатэ гъэпсыкIэ зиIэ Iэнэ хъурейри.

Апхуэдэу «Шемякин и гъатхэ» щIэнIуатэм къриубыдэу екIуэкIа «ЩIагъэм и гъунэхэр» Iэнэ хъурейм псалъэмакъ купщIафIэ щекIуэкIащ, сурэтыщI цIэрыIуэм и Iэдакъэ къыщIэкIа сурэтхэм я зэхэлъыкIэм, гъэпсыкIэм, ящIэлъ гупсысэхэм ятеухуауэ. А псалъэмакъым хэтащ ди щIыналъэм курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт и IуэхущIапIэхэм я 9 -11-нэ классхэм щеджэхэр, колледжхэмрэ университетхэмрэ я студентхэр, егъэджакIуэхэр. НэхъапэкIэ къэмыхъуауэ, зэпеуэм япэ дыдэу къыхыхьащ Осетие Ищхъэрэ – Аланием, Дагъыстэным, Къалмыкъым, Ставрополь икIи Волгоград щIыналъэхэм я лIыкIуэхэр.

Iуэхугъуэм кърахьэлIа лэжьыгъэхэр лъэныкъуэ куэдкIэ къэпщытакIуэхэм зэпкъраплъыхьащ. Зи IэдакъэщIэкIыр нэхъыфI дыдэхэм халъыта Щоджэн Залинэ КъБКъУ-м архитектурэмрэ дизайн хуэIухуэщIэхэмкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжьщ, Пащты Герман и цIэр зезыхьэ лъэщапIэм и унафэщIщ. Абы зэрыжиIэмкIэ, «Шемякин и гъатхэ» зэпеуэм хуэдэ Iуэхугъуэхэр цIыхур псэкIэ зыузэщI, акъылкIэ зезыгъэужь жэрдэмщ, лъэужь дахэ къызэрагъанэми шэч хэлъкъым.

– Къардэн-Шемякин Михаил и гъащIэ гъуэгуанэр дунейм щынэхъ лъэрызехьэ университетхэмрэ институтхэмрэ джын зэрыщIадзэрэ зыбжанэ хъуащ. СурэтыщIыр ди лъэхъэнэгъу къудейкъым, ар икIи ди лъэпкъэгъущи, дэ къалэнышхуэ ди пщэ къыдохуэ абы дунейпсо гъуазджэм хуищIа хэлъхьэныгъэр къэтхутэну, адыгэ дуней лъагъукIэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ я жьауэ и лэжьыгъэхэм зэрытридза щIыкIэхэр къыхэдгъэщыну, арыххэуи адыгэ гъуазджэм и хъэтIымрэ дунейпсо гъуазджэм и хъэтIымрэ зэрызэхэзагъэр дджыну. Лъэпкъ къэс мы гъащIэм щиубыд увыпIэр къелъыхъуэ, утыкушхуэм иришэу дунейпсо гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ зэрыхихьэнум и Iэмалхэр къелъыхъуэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, лъэмыж еухуэ. Дэ ар диIэххэщи, къытхуэнэр ди щIэныгъэрэ акъылрэ етхьэлIэу езэгърабгъуу цIыхубэм зэралъэдгъэIэсынырщ. Си щхьэкIэ къапщтэмэ, Къардэным и щIэиным сыщыхэплъэкIэ, психологие и лъэныкъуэкIэ къиIэт Iуэхугъуэхэр гъэщIэгъуэн сщохъу, ахэр зылъагъухэм къазэрыщыхъумрэ сурэтыщIым и гуращэхэр зэрызыхащIэмрэ хьэлэмэт дыдэу къэслъытэу сыкIэлъоплъ. ПсалъэкIэ къаIуатэр нэхъ псынщIэу зыхыбощIэ, ауэ зыми емыщхь хъэтIкIэ чэтэным тращIыхьа сурэтым жиIэр къыбгурыIуэн щхьэкIэ сурэтыщIымрэ уэрэ я нэхъ мащIэу зы бзэкIэ упсэлъэн хуей мэхъу. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, дэ а сурэтхэр щIызыхэтщIэр зы адыгэ дунейм дыкъызэрыхэхъукIар ди еплъыкIэхэм къыхощри аращ, – жиIащ Щоджэн Залинэ.

КъБКъУ-м Къардэн-Шемякин Михаил и художественнэ щIэиным теухуауэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ программэ псо иIэщ. Абы къигъэув Iуэхугъуэхэр зэрагъэзащIэмрэ абы ехьэлIауэ къыхалъхьэ пэхуэщIэхэмрэ теухуауэ къэпсэлъащ архитектор IэщIагъэм хуеджэу 2-нэ курсым щIэс Вэрокъуэ Дианэ. «Метафизикэ шыбзэм щIэгъэкIа пкIэлъей» – апхуэдэ фIэщыгъэ хьэлэмэтщ абы и къэпсэлъэныгъэм хуищIар. Абы гулъытэ хэха хуищIащ Къардэным и сурэтхэм загъуэрэ уащрихьэлIэ пкIэлъейм ящIилъхьэ щIагъыбзэм, ахэр сурэтыщIым зэрипсыхь философием. КъэпщытакIуэхэм а къэхутэныгъэр фIы дыдэхэм халъытащ, I нагъыщэ зиIэ фIыщIэгуапэ тхылъри къыхуагъэфэщащ. ЗымащIэкIи нэхъыкIэтэкъым абы и курсэгъу пщащэм, Камалмаз Альмэ и лэжьыгъэри. «Къардэн-Шемякин Михаил и IэдакъэщIэкIхэм къыщагъэлъэгъуа ныбжьым и метафизикэ щIагъыбзэр» зи фIэщыгъэ къэхутэныгъэм Гран-прир къыхуагъэфэщащ. Зи щIэныгъэр екIуу зэзыгъэуIуа хъыджэбзхэр зэригъэхьэзырам, щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ зэриунэтIам къыхэкIыу, зэпеуэм и фIыщIэгуапэ тхылъыр къыхуагъэфэщащ абыхэм я унафэщI Щоджэн Залини.

Утыку ихьа адыгэ хъыджэбзхэм я гуащIэдэкIым щыгуфIыкIыр ахэр щылажьэ икIи щеджэ институтым и закъуэкъым, абыхэм я зэфIэкIым щогуфIыкI адыгэ гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ заужьыным, лъэпкъ щIэныгъэр ефIэкIуэным хуэпабгъэ дэтхэнэри. Къардэн-Шемякин Михаил и сурэт щIэиныр зэрыдунейуэ лъэпкъыбэ хъугъуэфIыгъуэу къалъытэ хъуащ. Ар гурыфIыгъуэшхуэщ, апхуэдэу щыт пэтми, сурэтыщIыр къызыхэкIар адыгэ лъэпкъращ, езыми апхуэдэу зызэрилъытэжури, и IэдакъэщIэкIхэм я уасэри адыгэхэм я гъуазджэ икIи щэнхабзэ шыбзэм щIэгъэкIын хуейщ. Къэрал куэдым щекIуэкI лэжьыгъэм КъБКъУ-р зэрыхыхьам ущымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым, абдеж щагъэлъэгъуа зэфIэкIым хагъахъуэ зэпыту ди хъыджэбзхэри IэнатIэм пэрытыну ди гуапэщ.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться: