Нарт Сосрыкъуэ къуентхъыр зэригуэшар

(Нарт тхыдэжь)

Нартхэ зекIуэ ежьэрти, Сосрыкъуэ гъусэ ящIакъым:

– Къыддэгуэшэнщи, къэтхьым я нэхъ щIагъуэм дыхигъэкIыжынщ, – жаIэри.

И анэр къегиящ Сосрыкъуэ:

– Нартхэ зекIуэ ежьащ, фIыгъуэ къахьрэ къэкIуэжмэ, Iыхьэншэ уащIынщ, – жери.

– Ар Iуэху, – жиIащ Сосрыкъуэ. – Сыгъашхэ закъуэ.

Сэтэней Iэнэ къигъэуващ, пIастэ бзыгъэ диярэ лы Iыхьэ диярэ къытрилъхьэри. Сосрыкъуэ пIастэ бзыгъэр ихузри, псыр къыщIихуащ, лы Iыхьэм мылыр кIэригъэщэщщ, шхэри тэджыжащ:

– Нэхъ IэфI сшхауэ сщIэжыркъым, – жиIэри.

Шэсри нартхэ ялъежьащ. ЗекIуэ къикIыжауэ ирихьэлIащ нартхэ. ЗэхэтIысхьэжауэ, къахьар ягуэшырт щарихьэлIам. Сосрыкъуэ къыщалъагъум, нартхэр зэрыгъэIущащ: «ФIэхъусыж!» жиIэмэ, «Упсэу!» жефIэ, «Къэтхьам хэдэ жывмыIэ», – жаIэри.

ЗекIуэ гупым яхыхьэри:

– ФIэхъусыж! – жиIащ Сосрыкъуэ.

– Упсэу апщий! – къыжраIащ нартхэм. «Къэтхьам хэдэ» къыжраIакъым.

КъыщыжрамыIэм, Сосрыкъуэ губжьри уае зрищIэкIащ. ЩIыIэм ис щыхъум:

– МафIэ къытхуэзыхьыр Iыхьэгъу тщIынщ, – жаIащ нартхэм.

– Армэ, хъункъэ, – жиIэри, Сосрыкъуэ ежьащ, нартхэр къызэхинэри.

КIуэм-лъейм, кIуэм-лъейурэ, зы чэщанэ ирихулIащ. Чэщанэм дыхьэмэ – пхъэ дакъэжь мафIэм иныжь нэ закъуэ бгъэдэлъщ, жеяуэ.

Зы пхъэдзакIэ къищтэри, чэщанэм къыдэкIыжащ Сосрыкъуэ. Махуэ гъуэгу къикIуауэ, иныжь нэ закъуэр къызэщыуащ, мафIэм хэплъэри, зы пхъэдзакIэ къызэрытым гу лъитащ.

– Хэт и хьэ сиудыгъу! – жиIэри, иныжь нэ закъуэ къэIэбащ, Сосрыкъуэ иубыдри чэщанэм дилъэфащ.

– Хэт ущыщ? – къеупщIащ иныжьыр.

– Нартым сащыщщ, – жиIащ Сосрыкъуэ.

– Сосрыкъуэ жыхуаIэр уэра?

– Сэракъым, – зиумысакъым Сосрыкъуэм. – СутIыпщыж.

– УзутIыпщыжынщ, – къыжриIащ иныжьым, – Сосрыкъуэ и лIыгъэ къызжепIэмэ. Сыт и лIыгъэ, сыт и джэгукIэ Сосрыкъуэ?

– Сосрыкъуэ и лIыгъэ ущIэупщIэмэ, Сосрыкъуэ и лIыгъэ бжесIэнщ.

– КъызжеIэ.

– Нартхэ бгыщхьэм йохьэри, абрэмывэ кърагъэжэх, Сосрыкъуэ натIэкIэ йоуэри, абрэмывэр бгыщхьэм дрехуеиж.

– Дегъэплъ, – жиIэри, иныжьыр бгы лъапэм теуващ, Сосрыкъуэ бгыщхьэм ихьэри, абрэмывэ къригъэжэхащ.

НатIэкIэ еуэри, иныжьым абрэмывэр бгым дихужащ.

– ДжэгукIэ щIагъуэщ, си натIэр игъэшхащ. НэгъуэщI сыт шцIэрэ? – къыжриIащ иныжь нэ закъуэм.

Сосрыкъуэ, хэплъэ зищIри, жиIащ:

– Вабдзэ ягъэплъри, Сосрыкъуэ жьэдадзэ. Сосрыкъуэ вабдзэр и кIуэцIым щегъэупщIыIури къызыжьэдедзыж.

– Деплъынкъэ абыи, – жиIащ иныжьым.

Сосрыкъуэ вабдзэ игъэплъащ. Иныжьым вабдзэ плъар зыжьэдидзащ, и кIуэцIым щызэригъажэщ, игъэупщIыIури къызыжьэдидзыжащ:

– Ари джэгукIэ щIагъуэщ, си кIэтIийр зэригъэшхащ. НэгъуэщIи пщIэмэ, къызжеIэ, – жери.

– НэгъуэщIи сощIэ. Банэ гуибл жьэгум дакIутэ, Сосрыкъуэ жьэгум догъуалъхьэри, банэ гуиблыр блыпкъкIэ ехьэж.

Банэ гуиблри жьэгум щихьэжащ иныжь нэ закъуэм.

– Си щIыфэр игъэшхащ, – жиIащ иныжьым. – Сосрыкъуэ сыт и джэгукIэ нэгъуэщIи?

Зы джэгукIэ игу къэкIыжащ Сосрыкъуэ:

– Сосрыкъуэ хым хоувэри, нартхэ щIыIэ иращIэкI, хым хагъащтхьэри жэщибл-махуиблкIэ хэтщ, жэщибл-махуибл дэкIа нэужь къоIэ, мылыр къекъутэри хым къыхокIыж.

– Нэхъ щIагъуэжыр къызжепIащ! – гуфIащ иныжьыр.

Хым кIуэри хэуващ.

– ЩIыIэ къызэщIэкIи, хым сыхэгъащтхьэ, – жиIащ иныжьым.

ЩIыIэ ирищIэкIри, Сосрыкъуэ иныжьыр хым хигъэщтхьащ. Хыр жэщибл-махуиблкIэ зэпцIа нэужь, Сосрыкъуэ иныжьым еджащ:

– КъеIэ! – жери.

Иныжьыр къеIащ, къеIа щхьэкIэ мылыр хуэкъутакъым.

– Хъуащ иджы, – жери Сосрыкъуэ иныжьым щхьэщыхьащ, и джатэр кърихри.

– Сыт пщIэнур? – къеплъащ иныжьыр.

– Уи щхьэр фIэсхынущ, – жиIащ Сосрыкъуэ.

– Ай, тхьэгъэпцI цIыкIу, – жиIащ иныжьым, – сэ сымыделэтэмэ, уи лъэнкIапIэ IушэмкIэ укъэсщIэн хуеящ узэры-Сосрыкъуэр. Уи насып къыстекIуащ, ауэ уи джатэм си щхьэр фIихынукъым. Си джатэр блыным фIэдзащи, къэхь: си джатэм фIэкIа си щхьэр фIэзыхын щыIэкъым.

Иныжьым и джатэр къихьыну щежьэм, Сосрыкъуэ и шыр къеупщIащ:

– Дэнэ дыкIуэрэ? – жери.

– Иныжьым и джатэр къэтхьынущ, – жиIащ Сосрыкъуэ.

– Иныжьым и джатэр Iэ пцIанэкIэ къапщтэ хъунукъым, – къыжриIащ Тхъуэжьейм. – Лъэпщ и Iэдэр къэтхьынщи, IэдэмкIэ бубыдынщ.

Лъэпщ и Iэдэр къахьри, иныжьым и джатэр блыным къыфIихащ Сосрыкъуэ. Сосрыкъуэ джатэр IэдэкIэ иубыдауэ къыщилъагъум, иныжь нэ закъуэ къэхыщIащ: «Абдежми къызэбзэджэкIащ», – жиIэри.

– Уи насып къыщыстекIуакIэ си зы фIыгъэ уэзгъэкIынщ, – жиIащ иныжьым. – Си щхьэр фIэпхмэ, си тхыныхур къыхэлъэфи, уи бгым щIэпхэ: си тхыныхур уи бгым щIэппхэмэ, къыппэлъэщын урихьэлIэнукъым.

Джатэр мылым тригъэлъадэри, Сосрыкъуэ иныжьым и щхьэр фIихащ, и тхыныхур къыщыхилъэфым, Тхъуэжьейм къыжриIащ:

– Жыгым еупцIэкIи, еплъ, – жери.

Иныжьым и тхыныхум жыгыр чымпэ хуэдэ зэпигъэлъэтащ.

Сосрыкъуэ чэщанэм дыхьэри, зы пхъэдзакIэ къищтащ, пхъэдзакIэр къихьри нартхэ къахыхьэжащ. Нартхэ зэщIэдияуэ зэхэст. Сосрыкъуэ къахыхьэжри, нартхэ къахэплъащ.

– Сыт фи унафэ? – жиIащ Сосрыкъуэ, нартхэ къахэплъэри.

– МафIэ тхуэщI. МафIэ тхуэпщIмэ, зы Iыхьэ лейуэ плъыдгъэсынщ, – жаIащ нартхэм.

Сосрыкъуэ мафIэ ищIри:

– Зым и лъэгуажьэ, зым и тхыцIэ евгъэу, – къажриIащ нартхэм. – Фигу къихьэжыху, къэфхьар сэ фхуэзгуэшынщ, – жиIэри, зекIуэм къахьар игуэшурэ фэ Iэнэжьыр, щIопщ пагуэжьыр, псырыкIуэ вакъэжьыр къыхэкIащ. – Мыбы сыт хувигугъэ?

– Нэхъыжьым и хыхьэщ, – жаIащ нартхэм.

– Хэт нэхъыжь? – жиIэри, щIэупщIащ Сорыкъуэ.

– Мор нэхъыжьщ, мыр нэхъыжьщ, – жаIащ нартхэм, – зыр илъэс щибл мэхъу, зыр илъэс щий мэхъу.

– Илъэс щий ипэкIэ шырэ Iэщэрэ сыпылъащ, – жиIэри, Сосрыкъуэ зекIуэм къахьам я нэхъ щIагъуэр ихьри ежьэжащ.

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар

ТАБЫЩ Муратщ.

Поделиться:

Читать также:

07.07.2026 - 12:26 Гуэрэныгу Iуащхьэм...
06.07.2026 - 11:43 Псалъэр я Iэщэу
06.07.2026 - 11:39 Гюлибик