«Зэманым и гъуджэ»

КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ ТхакIуэхэм зэгухьэныгъэмрэ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм 2022 гъэм бзищкIэ - адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ - зэхэгъэувауэ къыщыдагъэкIащ «Время слова» тхылъыр. Абы тхэн щIэзыдзагъащIэхэм я усэхэр, рассказхэр, гъуэгуанэ тхыгъэхэр щызэхуэхьэсащ.

 «Зэманым и гъджэ» тхылъыр цIыхухэм щIаджыкIащ, гурыхь ящыхъуахэр къыхагъэщащ, тхыгъэхэми я гугъу ящIащ. Тхэн щIэзыдзагъащIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр зэрыт тхылъым теухуауэ ди тхакIуэхэм жаIауэ щытахэм ящыщхэр къэдгъэлъэгъуэну дыхуейщ.

- Тхылъыр зэхэзыгъэувахэм я цIэр къисIуэну сыхуейщ: зэхэзыгъэувахэм я цIэри къисIуэну сыхуейт: НафIэдз Мухьэмэд, Бейтуганов Исмаил, Толгуров ТIэхьир, Щомахуэ Дарье сымэщ ахэр. Мы зэманым тхэр куэдыщэ хъуащ. Ауэ тэмэму тхэ мащIэр абыхэм къахэпщыпыкIыу тхылъым щызэбгъэуIуныр тыншкъым. Тхылъым я тхыгъэ итщ ныбжь зиIэ, ауэ я тхыгъэ ягъэлъэгъуэну къызыхуимыхуахэр. Сэ абыхэм лейуэ пщIэ яхузощI: гу къылъатэху, я тхыгъэхэр къащтэу еджэху ерыщу къалэмыр яIыгъащ, зрагъэтIылъэкIыжакъым, - жиIащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Беппаев МутIалип, тхылъым теухуауэ.

КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унапфэщIым и къуэдзэ Мэремкъул Ларисэ тхылъым мыхьэнэшхуэ зэриIэр къыхигъэщащ ар къыщыдэкIам щыгъуэ:

- Мы тхылъыр нэхъ щIэщыгъуэ дыдэу ди республикэм къыщыхъуа Iуэхугъуэхэм ящыщщ литературэ и лъэныкъуэкIэ. Илъэс куэд дэкIащ иужьу тхакIуэ ныбжьыщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэса тхылъ къызэрыдэкIрэ. Хьэх Сэфарбий и нэIэ щIэту къыдэкIауэ щыта «Шыхулъагъуэм и вагъуэхэр» тхылъырщ зи гугъу сщIыр. Абы и ужькIэ тхэн Iуэхум къыхыхьэхэр кърацIыхуну зы тхылъи къыдэкIакъым. Хъарзынэщ бзищымкIэ зэхэту мыр дунейм къызэрытехьар. Мыбы щызэхуэхьэсащ литературэм и макъыщIэхэр. Ауэ абы къикIыркъым, мыбы итхэр псори ныбжькIэ щIалэу. Ныбжь зиIэ, ауэ япэ дыдэу зи макъ зыгъэIуахэри яхэтщ мыбыхэм. Сэ тхылъыр здыщIэзджыкIым срихьэлIащ зи тхыгъэхэр сцIыху икIи си гум дыхьэ тхакIуэ-усакIуэ ныбжьыщIэхэми, щIэуэ къэсцIыхуащ и тхыгъэкIэ си нэIуасэу щымытахэми. СощIэ, псалъэм папщIэ, тхылъым и адыгэбзэ Iыхьэр зэхэзыгъэува НафIэдз Мухьэмэд абы игъэкIуэну тхыгъэхэр къыхэхыным, ахэр зэхэгъэувэным жэуап пылъу зэрыбгъэдыхьар, абы тегузэвыхьу, литературэм хэт нэхъыжьыIуэхэми ечэнджэщу зэрелэжьар.

НэхъапэIуэкIэ зэи и цIэ зэхэзмыхауэ, и тхыгъи сымыцIыхуу тхылъым сыщрихьэлIащ Бабыгуей Сосрыкъуэ и тхыгъэхэм. Мыр зи тхыгъэ ищыпэу утыку къизыхьахэм ящыщщ. Шэч сщIащ ар зыкъом щIауэ тхэуэ, и тхыгъэхэр хъарзынэу гъэпсащ, и пасэрей адыгэбзэжьыр щIэщыгъуэщ. Урысыбзэ Iыхьэм къыщысцIыхуащ нэхъапэIуэкIэ сызримыхьэлIа, хъэтI щIэщыгъуэкIэ зи усэхэр гъэпса ныбжьыщIэхэр. ИкIэщIыращи, тхылъыр ди литературэм и хэлъхьэныгъэщ. Тхыгъэм и фIэщыгъэри хуокIуэ абы и мыхьэнэм. «Зэманым и гъуджэ»! Псалъэм и пщIэм, литературэм и мыхьэнэм зыщIиIэтыжын щхьэусыгъуэ ирехъу ар! – жиIащ Мэремкъул Ларисэ.

Тхылъым балъкъэрыбзэкIэ тхауэ ихуахэр зэхэзагъэувар КъБР-м и ТхакIуэхэмя зэгухьэныгъэм и унафэщI Бейтуганов Исмаилщ.  

 - Тхылъым зи цIэ идгъэувэнухэр ныбжькIэ зэщхьэщытхауэ щытамэ, купщIэ иIэу ар тхуэмыгъэнщIынкIи хъунт. Ди жагъуэ зэрыхъущи, ныбжькIэ щIалэу литературэм къыхыхьахэм я бжыгъэр апхуэдэуи куэд хъуркъым. Нэхъыбэу къэтлъытар тхыгъэхэм я купщIэрщ. Зи тхыгъэ зэи утыку къизымыхьа нэхъыжьыIуэхэми Iэмал еттащ я псалъэ жаIэну, я макъ ягъэIуну, гъуэгу теувэну, -жиIащ абы.

          

ГУГЪУЭТ Заремэ,

 

Поделиться:

Читать также:

07.07.2026 - 12:26 Гуэрэныгу Iуащхьэм...
06.07.2026 - 11:43 Псалъэр я Iэщэу
06.07.2026 - 11:39 Гюлибик