ГъэщIэгъуэн ядыболъагъуГъудэ-бадзэхэм яхэтщ гъэщIэгъуэн куэд зыдэплъагъухэр. Абы къыщымынэу, абыхэм ятеухуа щIэныгъэм зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми зыщыбгъэгъуазэмэ, куэдым гу лъыптэнущ. Щхьэхуэу дытепсэлъыхьынщ бжьэхэмрэ хъумпIэцIэджхэмрэ. ТIури егъэлеяуэ лэжьакIуэшхуэхэщ, яхуумыгъэфэщэн къару яхэлъуи къыщIокI. Телъыджэхэщ Бжьэхэм телъыджэ куэд ядыболъагъу. Я зыщIыкIэм, я теплъэм теухуауэ гъэщIэгъуэныщэщ ахэр: Бжьэм нитху иIэщ: ину тIу, нэхъ цIыкIуу щы. И нэхэм пшагъуэу фIэкIа ямылъагъуми, ахэр куэду зэриIэр сэбэп къыхуохъуж, зыхуейр къыхалъагъукIыф. Бжьэм и нэхэм плъыжь ялъагъуркъым, атIэ ар фIыцIэу къыщохъу. Абы фIэфIщ удзыфэр, щIыхур, гъуэжьыр. А плъыфэхэр зиIэ удз гъэгъахэмкIэ нэхъ ерыщщ. Шынагъуэ къэблагъэр зыхэщIэнымкIэ псэущхьэхэм ящыщу хьэр Iэзэу къалъытэ. Бжьэр абыи токIуэж. Хьэм нэгъуэщIкIи йофIэкI бжьэр. Мэ къыщIезыгъэхьэ рецептору хьэм 300 хуэдиз иIэщ. Бжьэр нэхъ лъэщыжщ. Абы километр бжыгъэкIэ зыпэIэщIэ гъэгъам и мэр къыщIехьэф. БжьаIуэ щхьэхуэм фо къадыгъуну ящымыщ бжьэ къакIуэмэ, хамэр занщIэу къацIыхури, зыхагъэхьэркъым. Къаухъуреихьри, фэбжь ирадз: и дамэхэр яуIэ, и лъакъуэхэр щIауд. Бжьэ шэрэзым и пэпцIапIэр къэгъэша щIыкIэщ. Бжьэр цIыхум еуа нэужь, зэуам и шэрэзыр къыхухэмычыжурэ, и къарур мэкIуэщIри, абы йолIыкIыж. Фо килограмм зэхуихьэсын папщIэ, бжьэр тотIысхьэ гъэгъа мелуани 10 хуэдизым. Фо куэду къызыпыкIын гъэгъа губгъуэ зэрырихьэлIэу, бжьэм бжьаIуэм къегъэзэжри, адрейхэми хъыбар ярегъащIэ. КъафэбзэкIэ ягурегъаIуэ ар: бжьэ матэм щхьэщолъатэри, и ныбэр игъэхъейуэрэ, нашэкъашэ зищIурэ къофэ. УкIэлъыплъыIуэмэ, бжьэм и къафэм къыхэплъэгъукIыфынущ 8 бжыгъэр. КъыщыфэкIэ ищI къэгъэшыкIэхэмкIэ бжьэ-хъыбарегъащIэм къегъэлъагъуэ здаунэтIыну лъэныкъуэр. Бжьэм фо зэрищIым къыщынэмыщIауэ, ар икIи сэбэпщ гъэгъахэр ушэсынымкIэ. Бжьэм теухуауэ щIэныгъэ щхьэхуэ щыIэщ. Абы «апиологиекIэ» йоджэ.
ЦIыкIу щхьэкIэ, къарууфIэщ Дунейм тет псэущхьэхэм, хьэпщхупщхэм, хьэкIэкхъуэкIэхэм гъэщIэгъуэн куэд ядыболъагъу. Щхьэж иIэжщ и зэхэлъыкIэ, и сэбэпынагърэ зэраныгъэрэ, и хьэл. Псалъэм папщIэ, хъумпIэцIэдж фIэкIа инагъ зимыIэми мыхьэнэ иIэщ. ХъумпIэцIэджхэм псэупIэ ящI щIыр, мывэ лъабжьэхэр, пхъэ зэхуакухэр. Зы хъумпIэцIэджыгъуэм хъумпIэцIэдж мелуан хуэдиз щыпсэункIэ хъунущ. Абыхэм яхэтщ зэи гъуэр зымыбгынэ хъумпIэцIэдж гуащэ. ХъумпIэцIэдж гуащэр илъэс 30 хуэдизкIэ псэуфынущ, мыдрейхэм я пIалъэр илъэсищщ. ЦIыкIу щхьэкIэ, хъумпIэцIэджхэр егъэлеяуэ къарууфIэхэщ - езыхэм нэхърэ хуэдитхукIэ нэхъ хьэлъэ къаIэтыф, гъуэм яхьыф. ЛэжьакIуэшхуэхэщ, щхьэх ящIэркъым. ГъэщIэгъуэнщ: хъумпIэцIэджхэми IэщIагъэ яIэщ – зэхуэгуэшауэ щхьэж и къалэн егъэзащIэ. Хэт зигу къыдэмыжым йоIэзэ, хэт ухуакIуэщ, хэт шхын кърехьэлIэ, хэт псэупIэр ехъумэ. Зы хъумпIэцIэджыгъуэм щыпсэухэм езым я мэ яIэжщ – загъэгъуащэркъым, хъумпIэцIэдж хами зыхагъэхьэркъым. Жыжьэ IукIами, тыншу къыщIагъэзэжыфыр аращ. ХъумпIэцIэджхэр тэрмэшкIэ зэрощIэ: я пащIэр е я Iэ-я лъэр зэжьэхагъауэ. ХъумпIэцIэджыр бгъэпIейтея нэужь, и щIыбагъ лъакъуэхэмкIэ мэуври, и ныбэр кърегъэпщ – абы зэрыгузавэр къокI. Дунейм хъумпIэцIэдж лIэужьыгъуэу мин 13 хуэдиз тетщ. Абыхэм ящыщу лIэужьыгъуэ 300-м Урысейм ущрохьэлIэ. ЗэфIэкI телъыджэхэр яIэщ хъумпIэцIэджхэм. Нэхъ губзыгъэхэм хабжэ: я щхьэ куцIыр клеткэ 250000-у зэхэтщ. Махуэ бжыгъэкIэ псы щIагъым щыпсэуфынущ, псэууи къыхэкIыжынущ. ХъумпIэцIэджхэр икIи сэбэпщ: щIыр ягъэпшэр. ХъумпIэцIэдж щыкуэд щIыпIэм гъавэр бэв щохъу. НАФIЭДЗ Данэ.
Поделиться:
Читать также:
20.07.2026 - 17:18 →
Телъыджэщ жыгхэр
16.07.2026 - 12:26 →
Зэманымрэ ныбжьыщIэхэмрэ
15.07.2026 - 11:30 →
Дунейм адыгэу тетыр зэрепх
30.06.2026 - 09:00 →
Псым теухуауэ
28.06.2026 - 11:00 →
Алинэ иратхэ Гиннесс и тхылъым
| ||




