Нало Заур и дуней еплъыкIэу щытарАдыгэ тхакIуэ, гупсысакIуэ, политикэ лэжьакIуэ, щIэныгъэлI Нало Заур и гъащIэм, и лэжьыгъэ купщIафIэхэм, сабийхэмрэ балигъхэмрэ папщIэ итхахэм теухуауэ профессор БАКЪ Зерэ и тхыгъэ къытыдодзэ. ГЪУЭТ Синэ. Нало Заур тхакIуэт, усакIуэт, этнографт, щIэныгъэлIт, зэдзэкIакIуэт, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я тхьэмадэт. «Лъэпкъым ди пщэдейр зэрыхъунур елъытащ ди анэдэлъхубзэм, ди тхыдэм, ди хабзэм. Ар тхуэIыгъыу щытмэ, къытхузэгъэпэщрэ тхуэгъэлажьэу щытмэ, ди пщэдейм ущыгугъ хъунущ Iей мыхъуну», – жиIат Заур. Нало Заур Мыхьэмэт и къуэр, архив документхэм къызэрагъэлагъуэмкIэ, 1928 гъэм бадзэуэгъуэм (июлым) и 15-м Хьэтуей къуажэм щыщ уэркъ унагъуэм къыщалъхуащ. Къэбэрдей пединститутыр къиухащ (1952) диплом плъыжькIэ, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ цIэр иIэу. ЕгъэджакIуэу пединститутым къагъанэри, и лэжьыгъэми игу хыхьауэ, иригъаджэхэми фIыуэ къалъагъуу, семестрищ хуэдизкIэ екIуэкIащ. ИтIанэ, ищхьэмкIэ къикIа унафэм тету, Щ1эныгъэ-къэхутак1уэ институтым (иджы – КъБР-м гуманитар къэхутэныгъэхэмкӀэ и институт), щIэныгъэлIу ягъэкIуат (1954). ЛэжьыгъэфI куэди дунейм къытригъэхьащ щIэныгъэ тхыгъэу, IуэрыIуатэу тхылъ щхьэхуэу, н. Ахэр псори пхузэгъэу1ужмэ, библиотекэфI хъунут. 2008 гъэм, Налом къэрал IэнатIэр къигъанэри, адэкIэ лэжьыгъэм и унэм щыпищащ. И дунейр ихъуэжыхукIи къэмыувыIэу тхащ, литературэм и жанр зэмылIэужьыгъуэхэм екIуу хэIэбэу. Мыбдеж псори мыхъуми, Налом и тхылъхэм щыщ гуэрхэр къэдгъэлъэгъуэнщ. Ахэр: «ДжэгуакIуэмрэ усакIуэмрэ», «Лъабжьэмрэ щхьэкIэмрэ», «Адаб Баксанского культурного движения», «КIуащ БетIал. Тхыгъэхэр», «Из истории культуры адыгов», «Институт джэгуакIуэ», «АдыгэцIэхэр», «Нало Жансэхъу и литературэ щIэинхэр», «Адыгэ псалъэгъэпсахэр», «Къылышбий Исмэхьил. МафIэм имыса усэхэр», «Мазэм фIэкIа зыми имылъэгъуар», «Къру закъуэ», «Ипэрей адыгэбзэ литературэм и антологие», «Этюды по истории культуры адыгов», «Елбэд Хьэсэн. Гукъинэж», «Усэхэр», «Дыгъэеджэ», «Сабий щэнгъасэ», нэгъуэщ1хэри. Тхылъхэм ауэ я цIэ къисIуауэ аркъудейщ, ищхьэмкIэ къызэрыхэзгъэщащи, Заур и IэдакъэщIэкIхэр зэгъусэу къапщтэмэ, библиотекэ псо хъунут, и фIагъыр зихуэдэ щымыIэу. Адыгэбзэ зыIурылъ лъэпкъ псом, Налом и закъуэщ апхуэдиз лэжьыгъэфI, лэжьыгъэ щхьэпэ зыхузэфIэкIар. Заур компьютер щыгъэтауэ, зэрытрадзэ машинкэкIэ лажьэртэкъым, атIэ псори къалэмкIэ итхырт – дахащэу, захуэу, тыншу укъеджэфын хуэдэу. «Сэ сфIэхьэлэмэту стхар джэгуакIуэхэм ятеухуа монографиеращ. ДжэгуакIуэхэм щхьэкIэ зыми зеи яхужымыIа щыжысIа тхылъщ ар», – жиIат тхакIуэм. Лъэпкъым и купщIэу, и лъапсэу щытахэр зырызыххэу къиугъуеижри, мы тхылъым щызэхуихьэсыжащ щIэныгъэлIым. IуэрыIуатэм и лIэужьыгъуэ нэхъ цIэрыIуэхэм – псысэхэм, таурыхъхэм, псалъэжьхэм, псалъэ шэрыуэхэм, къуажэхьхэм, хъыбархэм, хъуэхъухэм – Заур зэмылэжьа яхэткъым. Ауэ тетхыхьу зэфIимыгъэкIыу, ахэр зэридзэкIащ, пщалъэм иригъэувэжащ – я къежьапIэ хъуар, зэрызаужьар къигъэнаIуащ. Мы зи гугъу сщIыр Iуэху цIыкIукъым. Дыщэм йофIэкI Налом адыгэ сабийхэм яхуигъэхьэзырахэр. Тобэ ирехъуи, мыпхуэдэ сабий тхылъ Iэрамэ – бзэ дахащэкIэ тхарэ гъэщIэгъуэн защIэу зэхэгъэувэжауэ, зыбгъэдалъхьа лъэпкъ куэд щыIэнкъым. Езы тхакIуэми зэрыжиIащи: «ИкъукIэ гугъущ, хэдэгъуейщ прозэмрэ поэзиемрэ, наукэмрэ публицистикэмрэ. Сэ мыбы сыхэдэмэ къыхэсхынур къызэрыхэсхынур зы щхьэусыгъуэщ: адыгэр лъэпкъыу къызэтенэн щхьэкIэ, адыгэм я бзэр ямыгъэкIуэдыжын щхьэкIэ, адыгэм я хабзэмрэ я тхыдэмрэ ямыгъэкIуэдыжын щхьэкIэ сэбэп хъууэ си гугъэу стхахэр псом япэ изогъэщ. А псом ухэплъэжа нэужькIэ адыгэбзэр хъумэнымкIэ, адыгэр къызэтегъэнэнымкIэ нэхъ сэбэп хъууэ сэ къысщыхъур сабийхэм яхуэстхаращ». Ахэр сыт хуэдэ жыпIэмэ: «Жэщ минрэ зы жэщрэ» жыхуиIэ тхылъышхуэм къыхэхауэ сюжет 12 ищIащ. «КъуиижьцIыкIу и таурихъищэ» жиIэу игъэхьэзыращ. «Къру къабзий» – дунейпсом лъэпкъыу тетым я таурыхъхэм хэщыпыхьри, таурыхъищэ къыхихри, ари зы тхылъ екIу хъуащ. «Айболитыр», езым фIыуэ зэрилъагъум къыхэкIыу, сабийхэм папщIэ зэридзэкIащ. Ауэ тхылъитI къахэсхынщи, феплъыт ахэр зэрызэхэлъми, езыхэр зищIысми. «ПсысэфI дыдэхэр» (1994). Мы тхылъым щызэхуэхьэсащ Европэм псысэрытх нэхъ Iэзэу исахэм я псысэ нэхъыфI дыдэхэр (28-рэ псысэу). Ахэр мы дуней псом щыцIэрыIуэщ. 18-нэ лIэщIыгъуэм къыщыщIэдзауэ иджырей къэс щIэблэ куэд ягъэтхъэжащ абыхэм – аристократхэм, беижьхэм, лэжьакIуэхэм я бынунэ. Аращ мы тхылъым «ПсысэфI дыдэхэр» жиIэу щIыфIищар. Къызыхихари Шарль Перро, Гримм зэшхэм, Хауф Вильгельм, Ханс Кристиан Андерсен, Антуан де Сент-Экзюпери, Аксаков Сергей, Толстой Лев, Бажов Павел сымэ я творчествэрщ. Мы тхак1уэхэм я гъащ1эми кIэщIу щыгъуазэ уещI. Налом мы тхылъыр хьэлэмэту зэхигъэувэри и адыгэбзэ къулеймкIи екIуу къиIуэтэжащ. ЩIэблэр зыгъасэхэм, езыгъаджэхэм папщIэ «Сабий щэнгъасэ» (1998) жери, тхыгъэ гъуэзэджэ куэд щызэхуэхьэсауэ Налом тхылъ хьэлэмэт зэхигъэуващ. Абы ихуащ адыгэ IуэрыIуатэм къыхищыпыкIа джэгукIэхэр, къуэжэхьхэр, псынщIэрыпсалъэхэр, усэ-уэрэдхэр, псысэхэр; адрей лъэпкъхэм я IуэрыIуатэм къыхиха псысэхэри усэхэри; европей тхакIуэхэм я псысэ зэридзэкIахэри, урысей тхакIуэхэм я тхыгъэхэри мыбы къыщыхьащ. Адыгэпсэр къэгъэушыжыным телажьэ куэд итщ мыбы – хабзэмрэ нэмысымрэ, адыгэбзэмрэ адыгэ дуней еплъыкIэмрэ, адыгэ лIыгъэмрэ адыгэ цIыхугъэмрэ нэхъыбэу зыхэлъ тхыгъэхэр, усыгъэхэр. Псом япэу IуэрыIуатэр. ИтIанэ, Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм ехьэлIа псалъалъэ цIыкIухэр, диным теухуа тхыгъэ кIэщIхэр, н. Тхылъыр икъукIэ сэбэп яхуэхъуащ, иджыри яхуэхъунущ сабий гъэсапIэхэм, сабий зиIэ дэтхэнэ адыгэ унагъуэми. «Сабий щэнгъасэм» и 2-нэ тхылъри игъэхьэзырат, ауэ къыдэкIауэ слъэгъуакъым. Мыхэри: «Инэ мыкъуэ (сабий IурыIуатэм щыщ), «Аслъэныкъуэ» (псысэ-усэ), «ЗэшыпхъуитIым я псысэхэр» (таурыхъ усэхэр), «Усэрыбжэ», «Джэгузэхэшэ», «Хъуромэ» (сабий IуэрыIуатэм щыщ), н. "Ди тхыдэр сабийм яджын хуейщ, – жиIэрт Заур, – ди тхыдэм иригушхуэу щытыпхъэщ. Бзэ щымыIэм лъэпкъ щыIэкъым. Адыгэбзэр джын, гъэлэжьэн хуейщ».Лъэпкъ куэд дунейм тетыхук1э, мы дунейр нэхъ дахэ хъунущ". Литературэм, литературэхутэ щIэныгъэм, тхыдэм, IуэрыIуатэм, этнографием теухуа тхыгъэ, тхылъ куэд къытхуигъэнащ Заур. Уасэ зимыIэхэр и сабий щэнгъасэхэрщ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыри ди щIэныгъэм щэнхабзэ хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуэхъуам фIокIыжри, ди лъэпкъым зезгъэужьа, зезгъэIэта, ипэк1э лъэбакъуэфI езгъэча Iуэхугъуэ мэхъу. Налом и лэжьыгъэхэм жыуагъэ1э ар лъэпкъым и узэщIакIуэу. Согугъэ Нало Заур хуэдэ цIыху щэджащэ къэзыгъэщIыф лъэпкъым къэкIуэн иIэу.
Поделиться:
Читать также:
08.07.2026 - 12:00 →
Хабзэм куэд къызэщIеубыдэ
07.07.2026 - 18:39 →
Псэущхьэ гъэщIэгъуэнщ
07.07.2026 - 12:26 →
Гуэрэныгу Iуащхьэм...
06.07.2026 - 11:43 →
Псалъэр я Iэщэу
06.07.2026 - 11:39 →
Гюлибик
| ||




