ЩIы хъурейм тет муслъымэну хъуам мы махуэхэм ягъэлъэпIащ ислъам диным нэхъ хэIэтыкIауэ къыщалъытэ Къурмэн Хьидыр. Хьиджрэ махуэгъэпсымкIэ гъэм и иужьрей мазэщ зулхьиджджэр, Къурмэныр абы и махуэ 10-нэщ. Къэнэжа махуэ 20-р дэкIмэ, илъэсыщIэм дытехьэнущ. КъыкIэлъыкIуэ мухьэррэм мазэм и 10-р IэшрыIщ.
Мухьэмэд Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам ипхъу ФатIимэ и цIэкIэ къурмэн щиукIым, мыр жиIауэ къаIуэтэж: «КъэувыIи, уи къурмэным еплъ. Пэжращи, абы и япэ лъы ткIуэпсыр къызэрижу, зы гуэныхь къыптемынэу птекIыжынущ. УмыщIэу ара мы псэущхьэм илри илъри 70-кIэ нэхъ хьэлъэ хъуауэ Къемэт Махуэм къигъэзэжу, уи тэрэзэм зэрытралъхьэнур?»
«Ар зэхъулIэнур Мухьэмэд и унагъуэм и закъуэ? - щIэупщIащ абдежым щыт Iэл Хьудри Iэбу Сэхьид. – Арамэ, фэ ар къэвлэжьащ! Хьэмэ Мухьэмэд и унагъуэм и гъусэу, адрейхэми ялъысыну а фIыгъуэр?»
«Мухьэмэд и унагъуэми адрейхэми», - къритащ жэуап щэлатымрэ сэламымрэ зэхам.
Диным епха дауэдапщэхэм я нэхъ лъапIэщ Къурмэн Хьидым хуэзэу хьэж зэращIри Iэщ зэраукIри. Ахэр хабзэ хъуныр Ибрэхьим-бегъымбарымрэ абы и къуэ Исмэхьил- бегъымбарымрэ я гъащIэм зэрепхам къыхэкIыу, гъэ къэс дэ дигу къыдогъэкIыж фIэщхъуныгъэр гум щызыгъэбыдэ зэадэзэкъуэм ятеухуа хъыбархэр. Алыхьталэм Ибрэхьим лъапIэм и фIэщхъуныгъэр игъэунэхун папщIэ, Исмэхьил къурмэн ищIыну унафэ къызэрыхуищIар абыхэм нэхъ къахэщу щытми, дэ тфIэфIу щыгъуазэ зыдощI а тIум Чэбэр зэраухуа щIыкIэми, иужькIэ хьэжым и Iыхьэ хъужа, Исмэхьил и анэ Хьэджэр и сабийр къригъэлын папщIэ, Сэфуэрэ Мэруэрэ я зэхуакум къызэрыщижыхьари. И къуэр зэрылIэм емыплъын щхьэкIэт ар и пIэм щIимызагъэр. И анэм шэ игъуэтыжын хуэдэу, Зэм-Зэм лъапIэр къызыхущIиуда, иджы илъэс 13-м нэса а сабий дыдэрат къурмэн ящIын хуейр.
Алыхьталэм и арэзыныгъэр къэзылъыхъуэ цIыхур зэи гугъуехьыншэ хъуркъым. Ауэ и Тхьэм фIэщ быдэкIэ бгъэдэтым фIыкIэ зэриIуэтэжынум шэч закъуи хэлъкъым. Арагъэнщ къурмэн дауэдапщэхэм нэхъыбэу дызрагъэгупсысыр.
Мыбдежым Исмэхьил и цIэр нэхъ къыщыхэдгъэщми, езы Ибрэхьими и ныбжьыщIэгъухэм мафIэм хадзауэ щытащ, Алыхьыр зэригъэзакъуэр хуамыдэу. Ар зыщIа цIыхухэр апхуэдизкIэ зэакъылэгъути, уеблэмэ сабий зыщIэмыхъуэ бзылъхугъэхэм Ибрэхьим зыхадза мафIэм пхъэ пэралъхьэмэ, щIэблэ ягъуэтыну гугъэрт. Ибрэхьим имысыну мафIэм унафэ хуэзыщIа Алыхь дыдэрщ сэ жаным Исмэхьил и пщэр пимыупщIыну жезыIари.
ФIэщхъуныгъэр пхъумэныр зэрымызэштегъэур хьэкъ пщещI Къурмэн Хьидым и тхыдэм. КъурIэн лъапIэм и псалъэкIэ жыпIэмэ, «гугъуехьым тыншыгъуэ къызэрыдэкIуэнур» уигу илъу упсэунми утрегъэгушхуэ.