Тхум щыщу зыр дыщэу![]() Урысей Федерацэм цIыхухъухэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я чемпионат Суздаль къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ. Апхуэдэуи, ар и фэеплъу щытащ УФ-м и ЛIыхъужь генерал-лейтенант Кутузов Роман. Зэхьэзэхуэм щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 49-м я спортсмену 250-м нэблагъэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэхэм медалитху чемпионатым къыщахьащ, абыхэм ящыщу зыр дыщэу. Ар зыIэригъэхьащ килограмм 63-рэ зи хьэлъагъхэм я деж щыбанэ Локьяев Жамболэт икIи, абы и фIыгъэкIэ, Iэмал игъуэтащ мы гъэм Къэзахъстаным щекIуэкIыну дунейпсо зэхьэзэхуэм и зэфIэкIхэр щигъэлъэгъуэну.
Поделиться:
Читать также:
23.08.2026 - 14:40 →
Зэдэхьыгъуейщ кубокри зэпеуэри
05.07.2026 - 13:26 →
УафэхъуэпскIыу зэщIэлындащ Инал
17.05.2026 - 12:36 →
Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр
26.04.2026 - 12:26 →
Къэзан екIуу зыкъыщагъэлъагъуэ
25.03.2026 - 14:55 →
Шэчэрыщхьэ къыдохутэ
| ||





