Министерствэм щрагъэблагъэФигу къэдгъэкIыжынщи, зэхьэзэхуэм и хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупым япэ увыпIэр къыщихьащ ГъущIапщэ Альберт. Абы нэмыщI, техникэ нэхъыфI зиIэ боксеру ар абы къыщалъытащ. Мыдрейуэ, Быф Дамир етIуанэ, Пщынокъуэ Ислъам ещанэ увыпIэхэр къахьащ. ЩIалэхэм я тренерхэр Куэшмэн Аслъэнрэ Къумыкъу Мухьэмэдрэщ. Иджы ди боксерхэм Iэмал ягъуэтащ УФ-м и командэ къыхэхам хэту я зэфIэкIхэр европей, дунейпсо зэхуэсхэм щагъэлъэгъуэну. Апхуэдэуи, зэIущIэм щагъэлъэпIащ икIи УФ-м спортымкIэ и мастерым и дамыгъэхэр щратыжащ Соттаев Альбертрэ Шевердинов Аслъэнрэ. АдэкIэ, зэхуэсым и кIэм спортсменхэр журналистхэм ядэгуэшащ зыхэта зэхьэзэхуэм зэрыщехъулIахэмкIэ, зэпеуэхэм зэрызыхуагъэхьэзыр щIыкIэхэмкIэ, къапэщылъ къалэнхэмрэ плъапIэхэмкIэ, нэгъуэщIхэмкIи. ИужькIэ, КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам спортсменхэмрэ абыхэм я тренерхэмрэ тыгъэ лъапIэхэмкIэ яхуэупсащ, фэеплъ сурэти зэгъусэу зэтрагъэхащ.
Алътуддэсхэр зэкIэ етIуанэщ Урысейм и Кубокыр футбол цIыкIумкIэ (8х8) къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Новороссийск къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 27-м я командэу 48-рэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ зэхьэзэхуэм хэтащ Бахъсэн къалэм и «Автозапчасть», Прохладнэ щIыналъэм и «Искра-Алътуд», Налшык и «Панда» топджэгу гупхэр. Абыхэм ящыщу Урысейм и Кубокым къыщыхэжаныкIар алътуддэсхэрщ. ЯпэщIыкIэ, абыхэм хагъэщIащ Краснодар щIыналъэм и «Монте» командэр, зэIущIэм и бжыгъэр 8:0-у. ИужькIэ, «Искра-Алътудыр» IущIащ Тулэ къалэм и «Экспресс офис» клубым икIи зэпеуэр зэрытемыгъэкIуауэ, 2:2-уэ иухащ. Апхуэдэ щIыкIэкIи, ди командэм япэ увыпIэр зыхэта гупым къыщихьащ. Финалым и Iыхьэ 16-нэм ди щIалэхэр ятекIуащ Рязань къалэм и «Гермес»-м, Iыхьэ 8-нэм – Белгород къалэм и «ОЭМК»-м, Iыхьэ плIанэм – Санкт-Петербург къалэм и «Юниор» командэм. Финалым и Iыхьэ ныкъуэм ди республикэм и лIыкIуэхэр ятекIуащ Мэзкуу къалэм и «Восток-Сервис» топджэгу гупым, зэIущIэм и бжыгъэр 2:0-у. АдэкIэ, «Искра-Алътуд»-р финалым щыдэддэгуащ Санкт-Петербург къалэм и «Эксклюзив» командэм. Мыбдежым, зэIущIэм хухаха зэманым ахэр зэрытегъэкIуакъым, абы и бжыгъэр 1:1-уэ и кIэм нагъэсащ. ИужькIэ, Iуэхур пенальтим хуэкIуэри, ди жагъуэ зэрыхъущи, ди клубыр къыхагъэщIащ, бжыгъэр 2:3-уэ икIи урысейпсо зэхьэзэхуэм и дыжьын медалхэр яIыгъыу ди щIалэхэм я унэ къагъэзэжащ. КЪУЭЖЕЙ Iэмин.
Поделиться:
Читать также:
25.10.2026 - 13:20 →
Узыгъэгупсысэ тхыгъэхэр
26.09.2026 - 09:00 →
ИрагъэкIуэкIащ къызыхуэтыншэрэ шынагъуэншэу
25.09.2026 - 12:26 →
Дохутырхэр КъБР-м щызэхуэсащ
16.09.2026 - 14:16 →
Дзэлыкъуэ районым щыпсэухэм яIущIащ
12.09.2026 - 12:46 →
Хабзэхэр зэрагъэзащIэм кIэлъоплъ
| ||




