Мэкъумэш хъыбархэр
Тэрчыр лымкIэ япэщ Районым апхуэдэ бжыгъэхэр къезытар джэдкъазылырщ – тонн мин 332-м нэблагъэ (псэууэ шэчауэ). Апхуэдэуи, ди республикэм лымкIэ хэхъуэ къыщагъэлъэгъуащ Аруан (процент 15,4-рэ), Прохладнэ (процент 13,3-рэ), Бахъсэн (процент 12,4-рэ) щIыналъэхэм.
Гъатхасэр щIагъэхуабжьэ Къэбэрдей-Балъкъэрым гъатхасэм щоужьэрэкI. Республикэм и щIыналъэ администрацэхэм АПК-мкIэ я управленэхэм къызэратамкIэ, нобэкIэ жылэхэр хагъэзэгъащ гектар мин 50-м нэблагъэм, абы щыщу гектар мин 22-м нартыхур, гектари 6-м сэхураныр, зы гектарым щIигъум соер. КъищынэмыщIауэ, губгъуэхэм нобэ жыджэру щыхащIэ джэш хъуреймрэ кIэртIофымрэ. Хьэр (гектар мини I0-м нэблагъэ хухахащ), дагъэ къызыщIаху къэкIыгъэхэр, зэнтхъыр, джэшыр хасакIэщ. ЗэкIэ зэрытраухуамкIэ, гъатхасэм гектар мин 214-м щIигъу ди республикэм щыхухахынущ мы гъэм. Зэрыхасэм къыдэкIуэу, мэкъумэш къэкIыгъэхэм, жыг хадэхэм йолэжь, хущхъуэхэр тракIэ, ягъэкъабзэ, хьэпIацIэхэм ахэр щахъумэ.
Губгъуэ лэжьыгъэхэм хуэхьэзырщ Дзэлыкъуэ щIыналъэм и мэкъумэшыщIэхэм гъатхасэм мы гъэм хухаха гектар 22 207 щыщу нобэкIэ гектар 5990-м жылэхэр трасащ икIи, къэбгъэлъагъуэмэ, нэгъабэ и апхуэдэ лъэхъэнэм яхузэфIэкIам нэхърэ хуэди 2,7-кIэ нэхъыбэщ. Ар псори зи фIыгъэр дунейм и щытыкIэмрэ мэкъумэшыщIэхэр губгъуэ лэжьыгъэхэм хуэхьэзыру гъэм зэрытехьамрэщ. НобэкIэ гектар 2925-м нартыху жылапхъэр, гектар 1373-м сэхураныр, гектар 1019-м хьэр тращIащ. Апхуэдэуи, тритикалер гектар 393-м, гуэдзыр гектари 100-м, Iэщым ирагъэшхыну къэкIыгъэ щхъуантIэр гектар 50-м, кIэртIофыр гектар 30-м щыхасащ. ЩIы нэхъ мащIэ зэкIэ зыхухахар зэнтхъырщ – гектари 10. Гъатхасэ лэжьыгъэхэр ныкъусаныгъэншэу ирагъэкIуэкIын хуэдэу районым и мэкъумэшыщIэхэр жылапхъэхэмкIи, гъэсыныпхъэхэмкIи, нэгъуэщI зыхуей-зыхуэфIхэмкIи нэсу къызэгъэпэщащ икIи зыхуагъэувыжа пIалъэм тету ахэр зэфIагъэкIын гугъэхэр щыIэщ. ЩЭУЕЙ Болэ.
Поделиться:
Читать также:
12.08.2026 - 17:40 →
«Уи лъэпкъ хуэпщIэфынур хуэпщIа?»
12.08.2026 - 14:30 →
ЛъэужьыфIэ
12.08.2026 - 13:27 →
Лъэхъэнэ куэдым я лIыхъужь
12.08.2026 - 12:05 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
12.08.2026 - 12:00 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
| ||




