Ухуэныгъэхэр

Къалэдэсхэм я тыншыпIэхэр

«Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Бахъсэн къалэм цIыхухэр куэду щызэхуэс и щIыпIитI мы махуэхэм зэIузэпэщ щащI. Абыхэм зэхэту метр зэбгъузэнатIэу метр мини 4-м нэблагъэ яубыд.

 Лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамымрэ, ТекIуэныгъэм и уэрамым деж къыщыщIэдзауэ унэ №103-м деж нэсыху, «Строительнэ» жыг хадэ цIыкIумрэ.

Къыхэдгъэщынщи, 2018 гъэм щегъэжьауэ Бахъсэн къалэм цIыхухэр куэду щызэхуэс и щIыпIэу 11 зыхуей щыхуагъэзащ. Абыхэм яхэтщ ЩэнхабзэмкIэ и унэм къедза щIыпIэр, къалэ утыкур, «ЩIыхьым и мафIэ мыужьых» фэеплъ комплексым къыбгъурыт жыг хадэ цIыкIур, нэгъуэщIхэри.

 

  Школыр зыхуей хуагъазэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэ IэнатIэм зыщегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ Налшык къалэм и курыт еджапIэ №28-р къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм.

 НобэкIэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм хиубыдэу школым и пэш кIуэцIхэр къращIыкIауэ инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкI: псы къабзэ, хуабэ зэрыкIуэ бжьамийхэр, къагъэсэбэпар зэрыIуаш бжьамийхэр, ток кIапсэхэр яукъуэдий, унэ IуплъапIэр зыхуей хуагъазэ. ИужькIэ, унэ щIыбым керамикэ плиткэхэр кIэралъхьэнущ, лъэгухэр керамограниткIэ къращIыкIынущ.

Лэжьыгъэхэр дызыхуэкIуэ гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIын мурад щыIэщ.

Лэжьыгъэр и кIэм нагъэсащ

 Къэбэрдей-Балъкъэрым Прохладнэрэ Елъхъуэтрэ зэпызыщIэ и автомобиль гъуэгум, тэрчыпсым хуэзэу телъ лъэмыжыр къэгъэщIэрэщIэжыным ехьэлIауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэшхуэр и кIэм нэблэгъащ.

Ар зэхаублащ «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. Гъуэгум зэпещIэ Май, Тэрч районхэр, езы лъэмыжым метри 182-рэ и кIыхьагъщ икIи къэрал мыхьэнэ иIэщ. Махуэм къриубыдэу машинэ куэд а щIыпIэм щызэблокI икIи абы къедза жылэхэм я экономикэм зиужьыным и сэбэп йокI.

КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм зэрыщыжаIамкIэ, ухуакIуэхэм лэжьыгъэ нэхъыщхьэхэр зэфIагъэкIащ икIи абыхэм къадэкIуэу, цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщу, лъэс лъагъуэхэр къагъэщIэрэщIэжащ, асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ тIуащIэу тралъхьэжащ.

 Иджыпсту лэжьакIуэхэм къэухьхэр ягъэув, псы жапIэхэр хуащI.  Гъэмахуэм ипэхэм ирихьэлIэу лэжьыгъэхэр къанэ щымыIэу зэфIагъэкIынущ.

 

ЕджапIэ Iэхуитлъэхуит

Къэбэрдей-Балъкъэрым егъэджэныгъэмкIэ и инфраструктурэр къэгъэщIэрэщIэжыным хуэунэтIауэ щIыналъэм щекIуэкI лэжьыгъэхэм хыхьэу, «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ, Прохладнэ щIыналъэм и Прималкинскэ жылэм и курыт еджапIэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж.

 Прималкинскэ къуажэм дэт школыр щIыналъэм щынэхъ инхэм яхохьэ икIи ар унитIу зэхэтщ: япэр щаухуар 1962 гъэрщ, сабий 420-рэ щIэхуэу, етIуанэр I986 гъэрщ, еджакIуэ 220-м хуэщIауэ.

Зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэу иджыпсту абы щрагъэкIуэкIым и нэхъыбэр нобэкIэ зэфIагъэкIащ. Бжэ-щхьэгъубжэхэр къыхахыжащ, лъэгухэр къратхъыжащ, блынджабэхэр къагъэкъэбзащ.

Лэжьыгъэхэр мы гъэм бжьыхьэм ирихьэлIэу и кIэм нагъэсынущ.

БЭБЭЧ Билал.

Поделиться: