Лъэпкъ Iей щыIэкъым, щыIэр цIыху икIэщ

Евдокимов Николай хуэдэу адыгэ лъэпкъгъэкIуэдым зи цIэр IейкIэ къыхэщ куэд узэрыримыхьэлIэр тхыдэмкIэ щIэныгъэ гуэр зыбгъэдэлъым ещIэ нобэ. Апхуэдэ еплъыкIэ зиIэр адыгэхэм е Кавказым щыщхэм я закъуэкъым. И лъэпкъэгъухэми ягу зыщигъэкIащ а лейзехьэм.  

 Ауэ Ставрополь крайм хыхьэ Радугэ жылагъуэм тхыдэмрэ обществознаниемрэ щезыгъаджэ Казаковэ Наталье зэрыжиIэмкIэ, Евдокимовыр дзэлI щэджащэщ. «Кавказ зауэр и кIэм нэзыгъэса цIыху» зыфIища и лэжьыгъэм егъэджакIуэр щытопсэлъыхь  КъухьэпIэ Кавказым лъапсэрыхыр къыхуэзыгъэкIуам зэрихьа лейм. Ауэ ар, дауи, къызэригъэлъагъуэр лIыгъэ хуэдэущ.

  «А лъэхъэнэм КъуэкIыпIэ Кавказыр ягъэбэяуакIэт, ауэ КъухьэпIэ Кавказым Iуэхур щIэх щызэфIэкIыныфэтэкъым, - етх Казаковэм. – 1860 гъэм Барятинский Александр Iуэхум нэхъ тегушхуауэ бгъэдыхьэн зэрыхуейр къыгурыIуэри, абдежым щыIа дзэ псоми я унафэщIу Евдокимов Николай игъэуващ. ШыщхьэуIум и кIэм Барятинскэм Владикавказ зэIущIэ щригъэкIуэкIри, унафиплI къащтащ: 1) КъухьэпIэ Кавказыр къэзэун. 2) Чыристаныгъэм зегъэубгъун. 3) Къэзакъыдзэр щIэрыщIэу зэгъэпэщыжын. 4) Кавказ линиер тIу ищIыкIын. Унафэр къэзыщтар цIыхуищщ: генерал Филипсон Григорий, Барятинский Александр, Евдокимов Николай. Иужьрейм къыхилъхьа унафэмкIэ, Лабэрэ Щхьэгуащэрэ деж Iус абазэхэхэр, шапсыгъхэр, убыххэр хы ФIыцIэ Iуфэм ирахулIэу, е Ставрополь губернием, е Тыркум Iэпхъуэну паубыдын хуейт.  Арати, узыншагъэ IуэхукIэ унафэр зыщхьэщаха Барятинскэм Кавказым щимыгъэзэжым, а къалэныр Евдокимовым и пщэм къыдэхуащ».

 Девгъэплъыт егъэджакIуэм адыгэхэр зэтеукIэн е я Хэкум ихун зэрыхуейр зэригъэзахуэ «гупсысэ пэжхэм»: «Мы политикэ программэр къыбгурыIуэнущ,  Евдокимовым и пщэм къыдэхуа къалэныр зыхуэдэр зэхэбгъэкIмэ. КъухьэпIэ Европэм Кавказым мурад щхьэхуэхэр къыхуиIэт, къебгъэхъулIэ мыхъуну.  Кавказыр абыхэм жыIэщIэ яхуэхъуу Урысейм къемыбгъэрыкIуэжыфын хуэдэу ищIыну хуейт Евдокимовым.   Аращ абы щIыналъэр къызэраубыдым нэмыщI, абдежым урысхэр ирагъэтIысхьэныр фIэкIыпIэншэу щIигъэувар. Гъуэгухэр яухуэу, мэзхэр ираупщIыкIыу, бгырысхэр тафэм е Тыркум ягъэIэпхъуэу, абыхэм хуит ящIа щIыпIэ дыдэм занщIэу урысхэр ирагъэтIысхьэу  –  а Iэмалыр мыбдежым ехъулIэныгъэкIэ къыщагъэщхьэпащ».

АдэкIэ къокIуэ Евдокимовым зэрихьа лIыгъэм и щапхъэхэр:

«1860 гъэм и кIэм шапсыгъхэр ди дзэм гуащIэу къапэуват, ауэ щыхъукIэ натыхъуейхэр ди зауэлIхэм гуапэу къаIущIэрт,  абазэхэхэм зэгурыIуэныгъэ къращIылIэну  хэтт. Гъэм и кIэм Евдокимовым шапсыгъхэр къурш щIыбым щхьэприхури, хы Iуфэм Iуихуащ.  1861 гъэм Лабэ Iуфэм Iута гъунапкъэр Фарс псыежэхым деж яхьакIэт. Лъэпкъ цIыкIу гуп абдежым щысахэр (кIэмыргуейхэр, беслъэнейхэр, къинэмыщIхэр) зэтраукIащ,  е езыхэр Тыркум щтапIэ щихьэжащ. Урысхэм я текIуэныгъэхэм игъэгужьея абазэхэхэм зэгурыIуэныгъэр къыхахащ. Ауэ Евдокимовым ар яхуидакъым. Абы лIыкIуэхэм яжриIащ гъунэгъу Iэсэ къызэримылъыхъуэжыр: зэрыщыту затри, къыхуагъэлъагъуэ щIыпIэхэм мэIэпхъуэ. ПIалъэу мазэ ярет. Арати, Фарс и Iуфэм ирикIуэу плъырыпIэ игъэуври, 1862 гъэм и мазаем Щхьэгуащэрэ Лабэрэ я зэхуакур игъэкъэбзащ».

 «Игъэкъэбзащ» псалъэм къикIыр псоми къыдгуроIуэ. «Абдежым щыса лъэпкъ цIыкIу гупыр» щыжиIэкIэ, ахэр гулъытэ зэтын хуей гуэру къызэримылъытэр нэрылъагъущ.   

 Уи гуныкъуэгъуэ зыхэзымыщIэм  и нэкIэ ущызэплъыжкIэ нэхъ наIуэ мэхъу теплъащIэ зэпыту фIэкIа узытемыпсэлъыхьыф тхыдэм и Iыхьэхэр. Урыс къэхутакIуэхэм, тхакIуэхэм, философхэм нэгъунэ ялъагъу хъуркъым Евдокимовыр, апхуэдизкIэ абы адыгэхэм ярищIар  яфIэгущIэгъуншагъэщи.  Ауэ Казаковэ Наталье къызэрыфIэщIымкIэ, Евдокимовым нэмыщIамэ, Кавказ зауэр зэи иухынутэкъым, «бийр» зыгъэувыIари  абы и унафэ щхьэпэхэрщ.

 НэгъуэщIущ Евдокимовым зэрытепсэлъыхьыр урыс щIэныгъэлIхэмрэ екIуэкIа Iуэхур зи нэгу щIэкIа тхакIуэхэмрэ. Мы генералыр къэпцIыхун папщIэ, адрей псом нэхърэ нэхъ къосэбэп Геленджик щыщ урыс публицист Тихомиров Лев и «ГукъэкIыжхэр»: «Евдокимовым адыгэхэм зэрызебгъэзэгъын е уазэрыгурыIуэн Iэмал мы дунейм темыту, ахэр псэууэ къагъанэмэ,  Урысейр бэлыхь хэмыкIын хуэдэу иукъуэдият, апхуэдэу ямыщIэмэ, ахэр Тыркумрэ къухьэпIэ къэралхэмрэ жыIэщIэ яхуэхъун шынагъуэм щигъащтэу. Арати, Урысейм и Iуэху дэкIын папщIэ, адыгэхэр зэтрамыукIэу мыхъуну жиIэри къэуващ.  Дауэ? Зэрынэхъ тыншым хуэдэу: Тыркум ибохури, абыхэм хуит ящIа щIыхэм урыс цIыхубэр ибогъэтIысхьэ.  Зы лъэпкъым адрей лъэпкъыр зэтриукIэныр и гущIэгъуншагъкIэ игъащIэм къэмыхъуа щапхъэт, ар зигу къэкIыфынури Евдокимовым хуэдэ цIыхут. МэкъумэшыщIэ щылъхур дзэм хыхьэу офицер зыщIар и хэлъэтратэкъым, зэрызыщымысхьыжырт. ГущIэгъум хуэхей мыжьыкъылът Евдокимовым и лъынтхуэм ирижэр, езым и Iуэху щыдигъэкIкIэ, щысхь жыхуаIэр зыхимыщIэжу. Гу зимыIэ, тхэкIэ-еджэкIэ зэрищIэ къудейм укъыфIэкIмэ, щIэныгъэ зыбгъэдэмылъ абы урысхэмрэ адыгэхэмрэ зэпилъытри, «гъэбэяуныр»  «зэтеукIэн» IэмалымкIэ зэфIигъэкIыну иужь ихьащ».

 «1863 гъэм Евдокимовым къиубыда щIыхэм къэзакъ унагъуэ мини 4 иригъэтIысхьащ, станицэ 24-м игуэшауэ, - етх Казаковэм. – Абы хуэмурэ хы ФIыцIэ Iуфэр IуигъэкъэбзыкIырт. Хамэ къэралхэм я  кхъухьу къекIуалIэхэм емылIалIэу псым щIрагъэлъэфэныр и унафэт, Iэщэ зыIыгъыу къаубыда псори щхьэпылъэ ящIырт.  1864 гъэм и кIэм Псыжьрэ хы ФIыцIэмрэ я зэхуакум къэзакъ станици 111-рэ щаухуащ, я унагъуэхэр я гъусэу ягъэIэпхъуа къэзакъхэм я бжыгъэр цIыху 142333-м нэсырт».      

«КъэIэпхъуэхэм куэд хуащIэрт, - етх Тихомировым. – Дзэм хэтхэм папщIэ унэхэмрэ гуэнхэмрэ яухуэрт, уеблэмэ члисэхэр зэращIын ахъшэ хухагъэкIырт, кIэзонэ мылъкум щыщу илъэсищ-тхукIэ зыхэпсэукIын иратырт. Ауэ шынагъуэр нэгъуэщIт. Императорым адыгэхэм къащыщIар и гум ежалIэу, ахэр Хэкум ихун Iуэхур къигъэувыIэнкIи хъунут. Арати, напэ къахуэмынэжауэ, иIэпхъукIа адыгэхэм я бжыгъэр ягъэмэщIэн щIадзащ. Иджыпсту къысхуэщIэжынукъым, ауэ бжыгъэхэр тхукIэ, пщIыкIэ ягъэмэщIаурэт тхылъымпIэхэм зэрыратхэр. Ахэр зы дакъикъэ закъуэкIэ фIэкIа я фIэщ хъунутэкъым зыми, ауэ бытырбыху офицерхэмрэ императорымрэ къэбгъэпцIэн папщIэ, зыхуейри а дакъикъэ закъуэрт. ХьэкIэкхъуэкIагъэ зыхэлъ мы цIыху зэтеукIэкIэр – нэгъуэщI псалъэ къысхуэгъуэтыркъым – илъэсиплIкIэ екIуэкIащ, 1863 гъэр и гуащIэгъуэу. Адыгэхэм яшэчар псалъэм пхуигъэзэгъэнукъым».

Апхуэдэущ адыгэхэми Евдокимовыр къызэрытщыхъур, нэгъуэщI еплъыкIэ зиIэхэр щыIэу щытми. Ауэ лъэпкъ щхьэхуэр бийуэ е ныбжьэгъуу зэрыщымытым и щыхьэтщ Казаковэмрэ Тихомировымрэ я Iуэху еплъыкIэр зэрызэтемыхуэр.                                    

        

ЧЭРИМ Марианнэ.

 

 

 

Поделиться: