ЩIэблэ зыгъасэр цIыху и уасэщ

И сабиигъуэм музыкантышхуэ къыхэкIыну траIуауэ щытами, Терекскэ къуажэм къыщалъхуа Семэн Астемыр актёр IэщIагъэр Iэпэгъу хуэхъуащ.

«Къэзан пшынэжь унагъуэм диIэти, ар къасщтэурэ зыгуэрхэм сеуэну сыхэт зэпытт. АрщхьэкIэ ар къызэрысщтэу, унэм сыкъыщIахурт. УкъыщIахунтэкъэ, ущемыуэфкIэ! - игу къегъэкIыж щIалэм. -  Си анэм и анэм деж къыщегъэжьауэ фIыуэ тлъагъурт пшынэр. Апхуэдэу музыкэ школым сыкIуэн хуей хъуащ. Ауэ абы дэкIуэу, а зэманым театрми сыщIэхъуэпсырт. Ди адыгэ театрым нэхъ ипэкIэ игъэлъагъуэу щыта спектаклыжьхэр телевизоркIэ щIэх-щIэхыурэ къатыжти, сыщыцIыкIум абыхэм сеплъу щытащ. Пшынэ еуэнымрэ театрымрэ къищынэмыщIа, сурэт щIынри зыхэслъхьэ щыIэтэкъым. Театрым сыхуеджэну унагъуэм щIэсхэр хуеищакъым, абы къыпэкIуэнIакъым жыхуаIэу. Ауэ сэ зэи абы сегупсысакъым, сыти и мыхьэнэж ахъшэм, уи лэжьыгъэр пфIэмыIэфIынумэ?! Си анэм пшынэм сеуэмэ нэхъ къищтэми, къыспэрыуакъым. Мысостышхуэ Пщызэбий, Мысост Вадим, Хьэщэ Къанщобий, Быдэ Хьэсэн, ЖьакIэмыхъу КIунэ, Хьэмыку Жаннэ, Тхьэщыгъуей Жаннэ сымэ джэгуу утыку иту щыплъагъукIэ, абыхэм я IэщIагъэр фIыуэ умылъагъункIэ Iэмал иIэтэкъым Апхуэдэу нэхъыфI дыдэу слъагъу IэщIагъэр къыхэсхащ».

Семэным къиухащ Щукиным и цIэр зезыхьэ театр еджапIэр (Москва къалэ). Мы зэманым ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щолажьэ, илъэсищ хъуауэ ныбжьыщIэхэр театрым щыхуигъасэ «Dell Arte» школ-студиер егъэлажьэ. Апхуэдэуи сабийхэр адыгэбзэкIэ шэрыуэу псэлъэфу егъэсэным тригъащIэу, «Си бзэ» еджапIэр къызэIуихащ. Семэным и гъэсэнхэм ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрагъэхьэ - республикэ, урысейпсо, лъэпкъыбэ зэхьэзэхуэхэмрэ зэхыхьэхэмрэ саугъэт нэхъыщхьэрэ япэ увыпIэу 70-м щIигъу къыщахьащ. 

Астемыр хунэсащ киноми и къару щеплъыжыну. Ар хэтащ Езанэ каналымкIэ екIуэкI «Казанова» сериалым, ЕмкIуж Анзор и «Невиновен 2», Битокъу Владимир и «Мама, я дома!» фильмхэм я пычыгъуэхэм.

- ЕджапIэ нэхъыщхьэм дыщыщIэсым, си насып къихьри, Перро Шарль «Кот в сапогах» и псысэм къытращIыкIа спектаклым (илъэс 25-кIэ ар емыкIуэкIауэ) сыхагъэхьауэ щытащ. Ар зыгъэувар режиссёр Иванов Владимирт. ЛIыхъужь нэхъыщхьэм и зы къуэшымрэ зы лIыжь гуэрым ейрэ згъэзэщIэну сыкъыхихат. Япэу утыкушхуэ сызэрихьар а псысэрауэ жыпIэ хъунущ, - къыхегъэщ Семэным.

Пьесэ кIэщI тхынми зэдзэкIынми щIалэм мызэ-мытIэу зрипщытащ. ЗыщIэхъуэпсхэм ящыщщ ди лъэпкъ театрым Ахъмэт МуIэед «Прогнавшие Богов или Амазонки» и тхылъыр зи лъабжьэ спектакль ягъэувыныр. Къэбэрдей театрым Астемыр къехъулIэу щигъэзэщIахэм ящыщщ «Пащтыхьымрэ пащтыхь гуащэмрэ» драмэм Скуратов Малютэ (Грозный Иван нэхъыфI дыдэу илъагъуу щыта и хъумакIуэт, дэIэпыкъуэгъут), осетин режиссёр Валиев Гиви Шекспир Уильям «Iэлыр зэрагъэIэсэр» и тхыгъэм къытрищIыкIа комедием хэт Гортензио (Быдэ Хьэсэнрэ абырэ ягъэзащIэ) сымэ я ролхэр. Къыхэгъэщыпхъэщ, иужьрейм зэрыхэтамкIэ, Театрым и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу, УФ-м и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм «етӏуанэ планым и цӏыхухъу роль нэхъыфӏ» цIэр къызэрыхуигъэфэщар.

- Сэ укъызэплъамэ, сабыру, щэхуу сыболъагъу. Абы къыхэкIыуи еджапIэм дыщыщIэсым ди унафэщIым апхуэдэ лIыхъужьхэрт къысхуигъэфащэр, - дыщегъэгъуазэ адэкIэ абы. - Чехов Антон и «Полинька» рассказыр дгъэуву, си лIыхъужьыр жану, жыджэру, гъащIэр «къикъуэлъыкIыу» жыхуаIэм хуэдэу къэзгъэлъэгъуэн хуей хъури, абы иужькIэ комедиехэр нэхъыфI дыдэу зыгъэувхэм ящыщ Малиновский Михаил сыдэлэжьэнуи си насып къихьащ, Чичиков и ролри сагъэгъэзэщIащ. Экзамен диIа нэужь, «Астемыр апхуэдэ лIыхъужь къехъулIэну тщIакъым», жаIат. АбыкIэ жысIэнуращи, теплъэкIэ сыщэхуми, хьэл гъэщIэгъуэн зыдэплъагъу цIыхухэм я роль згъэзэщIэну сфIэфIщ. Апхуэдэу къысIэрыхьащ «Акоп» и ролри («Ханума» спектаклыр). Ар куэд зэзыгъэкIуэкI, зыхуейр зыIэрызыгъэхьэ лIыхъужьщ. Нобэр къыздэсым нэхъыфI дыдэу слъагъу ролыр аращ. Ди художественнэ унафэщIу щыта Ворошиловэ Людмилэрэ (ар куэдрэ къыпщытхъущэртэкъым) режиссёр Урсуляк Сергейрэ ар къызэрызэхъулIар къызжаIауэ зэрыщытар гуапэу си гум къинащ. 

Сабийхэм папщIэ театр школ къызэрызэIуихам, цIыкIухэр театрым зэрыдригъэхьэхым теухуауэ абы къыджеIэ: «Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ колледжым иджыри сыщIэсу щIалэгъуалэ театр къызэзгъэпэщыну си хъуэпсапIэу щытащ. Училищэр къэзуха нэужь, зы илъэскIэ «Кидзания» IуэхущIапIэм сыщыщылажьэми фокус Iуэхухэм сыщыхэтами зэпымыууэ сабийхэм сапыщIауэ сыкъекIуэкIащ. Зигури зи псэри къабзэ сабийхэр дауэ фIыуэ умылъагъунрэ?! А IуэхугъуитIыр зэппхыжмэ, си зэфIэкIыр къэзгъэщхьэпэмэ сфIэфIу, аращ а Iуэхум иужь сыщIихьар. Иджыпсту Налшык къалэм ГъуазджэхэмкIэ сабий школми сыщолажьэ. Театр студие къызэIусхын хуей хъури, сабий пьесэ зэрымащIэм гу лъыстащ. Къэнэжыр апхуэдэ уи Iэдакъэ къыщIэкIынрати, япэ дыдэу «Волшебная книга» лэжьыгъэр стхащ, абы «Партизанхэр» пьесэр къыкIэлъыкIуащ. Иужьрейр теухуащ 1942 гъэм сабийрэ лIыжь-фызыжьу 600-м нэблагъэ Налшык къалэм деж зэрыпхъуакIуэхэм зэрыщаIэщIэкIуэдам. УФ-м Театрым и лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм илъэс къэс иригъэкIуэкI зэхьэзэхуэм а лэжьыгъэр езгъэхьри, ахъшэ саугъэти къыпэкIуащ (спектаклыр зэрыдгъэувыным тещIыхьауэ).  Абы щыщ пычыгъуэ нэгъабэ «Урысей школ гъатхэ» Iуэхум и щIыналъэ Iыхьэм щыдгъэлъэгъуащ, абы дыщытекIуэри, Ставрополь къалэм щекIуэкIа зэхыхьэшхуэм, а Iуэхум и кIэухыу щытам, дыхэтащ. Пьесэр Iыхьищу зэхэтщи, зы спектаклышхуэу накъыгъэм и 9-м, ТекIуэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу, иджыблагъэ дгъэлъэгъуэжащ».

Щэнхабзэр, театрыр, гъуазджэр сабийм и зыужьыныгъэм теухуауэ щхьэпэу жаIэ. Абы ехьэлIауи и гупсысэкIэ къыддэгуэшащ актёр щIалэр: «Гурыхуагъ, гулъытэ, гупсысэ - театрым мы щым зрегъэужь, сабийм и акъылыр егъэлажьэ. Сабийр еджэфын щхьэкIэ иIэн хуей лъабжьэр абы игъэтIылъу жыпIэ хъунущ. Театрым екIуалIэ ныбжьыщIэр Iэмал имыIэу иужькIэ актёр хъуауэ утыку къихьэн хуейуэ аракъым, нэхъыщхьэр цIыху хэтыкIэм, хуиту и Iуэху еплъыкIэ жиIэфу абы зэригъасэрщ. Сабий псори зэхуэдэкъым, зэрыжысIауэ, тегушхуэу, мышынэу утыку иту егъэсэнращ сэ къалэну зыхуэзгъэувыжыр. «Си бзэ» еджапIэр къыщызэIусхми, бзэм и хабзэхэр укъуэдияуэ егъэщIэнракъым мураду зыхуэзгъэувыжар, атIэ сабийр и анэдэлъхубзэкIэ еджэфу, зэджар къыгурыIуэрэ ар жиIэжыфу егъэсэнырщ. Гупу къакIуэм нэмыщI, щхьэхуэу зыкъысхуэзыгъазэхэми садолажьэ. Псалъэм аппщIэ, Къуныжь Елизаветэ и адэшхуэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист Къуныжь Хьэждал, и уэрэд игъэзэщIэну щIэхъуэпсырти, сыдэIэпыкъуащ. УэрэджыIакIуэ, «Земля талантов» (Ставрополь) щIыналъэ фестивалым щытекIуа, УФ-м и Президентым и IуэхухэмкIэ управленэм «Снегири» и зыгъэпсэхупIэм ягъэкIуауэ щыта Къуэныкъуей Ланэ Лосэн Тимуррэ Лий Аслъэнрэ ятха уэрэдыр «Поле чудес» нэтыным щигъэзэщIэну щыкIуэм, абыи тхьэмахуэм и кIуэцIкIэ сыдэлэжьащ, иджыпстуи дерсхэм пыдощэ. КъБР-м и Жылагъуэ палатэм иригъэкIуэкIа зэпеуэм япэ увыпIэ къыщихьащ абы хуэзгъэхьэзыра Джэдгъавэ Къантемыр. Псоми я цIэ къыпхуиIуэнукъым, ауэ, къэбгъэлъагъуэмэ, илъэс къэс ирагъэкIуэкI «Сабий тхылъым и тхьэмахуэ» Iуэхур щызэхуащIыж пшыхьым си гъэсэну блы мы гъэм щагъэлъэпIащ».

Семэным дяпэкIи сабийм ядэлэжьэныр тегъэщIапIэ ищIу, «Си бзэ» еджапIэм и къудамэ Тэрч къалэм къызэрыщызэIуихынум мы зэманым иужь итщи, и IуэхуфIхэр къехъулIэну ди гуапэщ.

БАГЪЭТЫР Луизэ. 

Поделиться: