Уджыр къыбогъажьэ- Гухэлъ уэрэдхэм ди гъащIэм увыпIэшхуэ щаубыд. Нобэ дызытепсэлъыхьыну уэрэдыр зэраусрэ илъэс 60-м нэблэгъащ, - «Уджыр къыбогъажьэ» уэрэдым и къежьапIэм дыщегъэгъуазэ КIунтIыщ - ХьэпцIэ Аннэ. - Тхылъым зэритымкIэ, абы и псалъэхэр зейр Бещтокъуэ Хьэбасщ, макъамэр - Дыгъужь Хъусенщ (къуажэдэсхэр зэреджэр ФIыцIэщ). А уэрэдым и хъыбар зэхуэсхьэсыну яужь сыщихьэм, сэ зыхуэзгъэзащ композитор ХьэIупэ ДжэбрэIил. «60 гъэхэм зэхэсхат «ФатIимэт» цIэр къыхэщу зы уэрэд. УзыIэпишэу уедаIуэрт, ауэ, и кIэм нэсу мытхауэ къысщыхъуащ, - жиIащ ХьэIупэм. - Уэрэдыр зейр наIуэтэкъым. Еуэри, а макъамэм сыхэлэжьыхьыжри, нэгъэса хъуауэ къыщыслъытэм Бещтокъуэ Хьэбас, а зэманым дзэм къулыкъу щищIэу щыIэти, письмо хузотх: «Хьэбас, мы макъамэ ныпхуэзгъэхьым къезэгъыу псалъэ щIэплъхьамэ хъунт», - жызоIэри. Куэд дэмыкIыуи Хьэбас и жэуап къысIэрыхьэжащ. «ФатIимэ» цIэри хэмытыжу, псалъэхэри зэхъуэкIауэ. Сэ а зэманым сцIыхуртэкъым Дыгъужь Хъусен, и хъыбари зэи зэхэсхатэкъым, псэумэ, Тхьэм куэдрэ игъэузыншэ, уэрэдыр сысейщ жысIэркъым, сызэрыхэлэжьыхьыжар къыхэзгъэщ къудейуэ аращ». * * * Уджыр къыбогъажьэ, Пшынэ Iэпэр лъалъэу, Хышхуэ лъагъуныгъэр Уджыр уогъэкIащхъэ,
Поделиться:
Читать также:
06.10.2026 - 11:51 →
Адэшхуэм хуэфащэ къуэрылъху
05.10.2026 - 15:39 →
Щэнхабзэ зэхыхьэ нэхъыщхьэхэм яз
02.10.2026 - 16:09 →
Зи хабзэ зыхъумэж лъэпкъыр зэманым токIуэ
02.10.2026 - 14:05 →
Тхылъым пщIэ хуэпщIмэ
01.10.2026 - 14:00 →
Пэжыр пхущIэхъумэнукъым
| ||




