ВыщIэ мыгъасэм гуэбэн иумыгъэщI

 

 ЛIы къулейсыз гуэр и фызым бгъэдэсу:

 - ЕтIанэгъэ жылэм Iэхъуэу танэ пщыкIутIкIэ сахуежьэнщ. Хыр хъууэ, хыр бзыуэ къайIысхынщи, танэбзхэр жэм хъунщ, танэхъухэр вы хъунщ, - щыжиIэм, фызыр къэпсалъэри:

- КхъыIэ, а выщIэхэм си дыщэм саригъэкIуэж! – жиIащ.

- Сыт жыпIэ делагъэр! ВыщIэ мыгъасэм гуэбэн ябгъэщIынуи?! – жиIэри лIыр фызым текIиящ.

 

ЗыкъысщыбгъэпщкIуми, мыбэ зэ укъекIуэлIэжынкъэ?

Хъуэжэ и щIыхуэ зытелъ гуэрым зыкъыщигъэпщкIуауэ щIыхуэр къритыжтэкъым. ЩIыхуэр къыIихыжыну кIэлъыкIуэху, зримыгъэгъуэтурэ Хъуэжэ и щхьэр иригъэужэгъуат. Хъуэжэ кIуэри кхъэм дэтIысхьащ.

 - ЗыкъысщыбгъэпщкIуми, мыбы зэ укъекIуэлIэжынкъэ? – жиIэри.

 

 

ЗыстIэщI-зысхуапэу дунейм щхьэ сытет?

 - Пщыхьэщхьэм зыстIэщIрэ сыгъуэлъыжу, пщэдджыжьым сыкъэтэджрэ зыстхьэщIу, зысхуапэу, сышхэу – апхуэдиз гугъуехь си фэм дэкIыу дунейм щхьэ сытет? – жиIэри щхьэхынэм зиукIыжащ.

 «ЗыстIэщI зысхуапэу дунейм щхьэ сытет» псэлъафэр щхьэхынэм хужаIэ.

 

 

И кIуэцIыр нэщIрэ и щIыбыр щIэращIэу куэдрэ Тхьэм щигъэт!

Къетыкъуэ и къуэ Аслъэмбэчыпщым езыр псэууэ кхъэлэгъунэ иригъэщIат, лIэмэ абы щIалъхьэну.

Кхъэлэгъунэр зыщIахэр зэригъэлэжьам, гугъу зэрыригъэхьам щхьэкIэ, и унэм щIишэри Iэнэ къахуиухуащ, бжьэ къахутригъэуващ. Езыри къэтIысащ.

Ауэ, адыгэ хабзэм ипкъ иткIэ, ефэн ипэкIэ, мыхъуахъуэу хъунутэкъыми, нэхъыжьым жиIэнур имыщIэу щыст. Абы ирихьэлIэу Къэзанокъуэ Жэбагъы къыщIыхьащ. Гупым я нэхъыжьыр гуфIэри, бжьэр Жэбагъым иритащ. Мыдрейм къыIихри щIэупщIащ гупыр щIызэхэсым. Бжьэр къыщIащтар къыщищIэм:

- АтIэ, а кхъэлэгъунэм и кIуэцIыр нэщIрэ и щIыбыр щIэращIэу куэдрэ Тхьэм щигъэт! – жиIэри Жэбагъы ефащ.

Пасэрейм я шатэ шхыкIэ

 Шатэр кхъуэщыным иту дапхъэ лъагэм тетти, ар кърахьэхыу зэрашхыным я акъыл хуэмыкIуэу, пкIэлъей ираупсеяуэ абыкIэ зэрызыххэу дэжеймэ, мэжаджэр хагъапщIэмэ, къежэхыжыурэ яшхырт, жари апхуэдэ таурыхъ щыIэщ.

 Псэлъафэр абы къытекIауэ IуэхущIэкIэ зымыщIэм хужаIэ.

Сэ нэхъыпщ здэщыIэ сывмышэ!

Жанхъуэтыкъуэ Кушыку и уэлиигъуэу шу гуп и гъусэу къикIухьырт. Пщыхьэщхьэм къуажэ гуэрым хьэщIапIэ щыдыхьэм, Кушыку жиIащ:

 - Сэ нэхъыпщ здэщыIэ сывмышэ!

 - Iэу, уэ нэхъыпщ щыIэ? – еупщIащ пщым и гъусэхэр.

- ЩыIэщ. Сабий зиIэ унагъуэ сыфшэмэ, ар сэ нэхърэ нэхъыпщщ. Сэ жысIэр къысхуамыщIэми хъунущ, ауэ сабийм жиIэр хуамыщIэу хъунукъым, - жиIащ пщым.

 

Сэ сыщыIэжкъым...

 Агънокъуэр хьэщIапIэ къикIыжу мэжалIэрти, щышхэн мурад иIэу, гуащэжь гуэрым и деж дыхьащ. Агънокъуэ джэгуакIуэр зэрыарар гуащэжьым имыщIэу шху гуащIэ дыдэрэ мырамысэ щIыIэрэ и нысэм къытрыригъэгъэувэри, езыри къеупщIащ:

- Хэтхэ уащыщ, тIасэ? – жиIэри.

Агънокъуэм зыщыщыр жриIащ.

- А-на, уэ узмыцIыху щхьэкIэ, фи лъэпкъыр фIы дыдэу соцIыху. Зэш дапщэ фыхъурэ, тIасэ? – жери къеупщIащ аргуэру.

 - Зэшищ дыхъурт, ди анэ, ауэ абыхэм сэ сахыумыбжэж, нобэ щыщIэдзауэ сэ сыщыIэжкъым, - жиIащ Агънокъуэм нэщхъей дыдэу.

- Сыт къэхъуар, си щIалэ? – жиIэу гуащэжьыр щыщIэупщIэм:

 - Уэлэхьэ, сэ мы уи шху гуащIэм сыкъемылыну! – щыжиIэм, зэрыджэгуакIуэр къицIыхури, и нысэхэр пщэфIэну гуащэжьым унафэ ищIащ.

        

Си пщыгъэм нэхърэ уи лIыгъэр сиIащэрэт

Зэгуэрым Жанхъуэтыкъуэ Кушыку шу гъусэхэр иIэу гъуэгум здытетым и къуажэм дэсхэм ящыщ лъхукъуэлI гуэр ар здэкIуэмкIэ къикIыжу къыхуэзащ.

 Зэрыхабзэти, пщым щыхуэзэм, игъэкIэрахъуэри, и сэмэгурабгъумкIэ бгъурыувэри дежьащ, дэкIуэтэну.

Пщым «гъэзэж» къыжримыIэурэ кIуэрт. ЛъхукъуэлIми пщым и гъусэу кIуэн ижагъуэт. Пщым зыри жимыIэххэ щыхъум:

 - СлIожь, Жанхъуэтыкъуэ, «гъэзэж» жыпIэркъыми? СыIуэхуншэ уи гугъэ? – жиIэри и шым еуэри, пщым и гъуэгур зэпиупщIу къыпижыхьри къигъэзэжащ.

 Пщы уэлийр лъхукъуэлIым къыкIэлъыплъри, жиIащ:

 - Си пщыгъэм нэхърэ уи лIыгъэр сиIащэрэт!

Си щIалэгъуэми сыщIэгъуакъым

 ЛIыжьыр шым шэсыну и лъапэр лъэрыгъым ирилъхьэу зыщIэрыIа щхьэкIэ, мышэсыфу къыщехуэхыжым:

  - А, си щIалэгъуэ мыгъуэ! – жиIащ.

 Зиплъыхьри, зыри щимылъагъум, - уэлэхьэ, си щIалэгъуэми сымыщIэгъуа! – пидзыжащ.

Зыгъэхьэзырар

Тхьэхущынэ Ланэщ.

Поделиться:

Читать также: