Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къызэрымыкIуэ щытыкIэ шынагъуэхэр къэмыгъэхъунымрэ абыхэм я лъэужьхэр гъэзэкIуэжынымкIэ, мафIэс шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ и комиссэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къыдигъэкIа Указ №147-УГ-мкIэ къащтам, зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

а) Советым хэгъэхьэн мы къыкIэлъыкIуэхэр: 

Хьэщхъуэжь Э.Р. - Урысей Федерацэм Граждан зыхъумэжыныгъэм и IуэхухэмкIэ, къызэрымыкIуэ щытыкIэ шынагъуэхэмкIэ, къэхъуа гузэвэгъуэхэм я лъэужьхэр гъэзэкIуэжынымкIэ и министерствэм и Управленэ нэхъыщхьэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэр (Комиссэм и тхьэмадэм и къуэдзэщ, зэрызэгурыIуам тету)
 Къанокъуэ К.Б. - Экологие, технологие, атом кIэлъыплъыныгъэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и Кавказ управленэм кIэлъыплъакIуэ-хабзэ къызэгъэпэщыныгъэмкIэ и щIыналъэ зэхуаку къудамэм и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету)
б) Комиссэм къыхэгъэкIыжын Джанибеков М.И., Надежин М.В. сымэ. 
2. Мы Указым къару егъуэт абы Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ. 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек
Налшык къалэ
2026 гъэм гъатхэпэм и 18-м
№25-УГ

Поделиться: