«Дадэ идэм» …2025 гъэм «Издательско-полиграфический комплекс» Грозненский рабочий» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ усакIуэ, тхакIуэ, журналист, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и редактор ДЖЭРЫДЖЭ Арсен сабийхэм папщIэ итха усэхэр щызэхуихьэса «Дадэ идэм» тхылъыр. ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и Президент Къанокъуэ Арсен къыхилъхьа «Адыгэхэр - 2020. Зыужьыныгъэм и унэтIыныгъэхэр» Iуэхум хэту къыдэкIа тхылъыр абы ит усэ нэжэгужэхэм екIуу игъэщIэрэщIащ Алий Юрэ. «Дадэ идэм» тхылъыр сабиипсэм адыгэ дунейр зыхригъащIэу гъэпсащ. Адэшхуэ-анэшхуэм, адэ-анэм, адэжь щIыналъэм, анэдэлъхубзэм пщIэ хуэщIыным, къуэшыгъэмрэ ныбжьэгъугъэмрэ, лIыгъэмрэ цIыхугъэмрэ, пэжыгъэмрэ гущIэгъумрэ цIыкIухэм гу лъегъэтэным теухуа тхыгъэщ мыбы къыщыхьахэр. Сабийм и гупсысэр усыгъэкIэ къулей пщIын папщIэ усэм гупсысэ хэлъын къудейр егъэлеяуэ мащIэщ. Ар гум ириубыдэфу зэщIэжьыуэу щытын хуейщ. Мыри къыхэзгъэщынут: сабийхэр упщIэрейщ, зы тхыгъэ цIыкIу къеджа е уакъыхуеджа нэужь, абы упщIэ куэд къыкIэлъокIуэ – апхуэдэущ я зэхэщIыкIым зэрызиужьыр. АтIэ а упщIэ къомым тхыгъэм хэт сатырхэмкIэ уапэджэжыфмэ, усэр е хъыбарыр зытхам къехъулIащ. Джэрыджэм и усэ тхылъыр апхуэдэ гъэунэхуныгъэми фIы дыдэу пхыкIащ. Тхылъым ит усэхэм цIыкIухэр щогуфIыкI, щIэщыгъуэ кърагъащIэ, мурад быдэхэр ирагъэщI, тхылъ еджэным трагъэгушхуэ, адэшхуэ-анэшхуэм я IэфIагъыр зыхрагъащIэ, анэдэлъхубзэр нэгъуэщI бзэхэм къыхагъэщхьэхукIын зэрыхуейр къыгурагъаIуэ, псэущхьэхэм гущIэгъу яхуэщIын зэрыхуейри сатырхэм къраджыкI. Куэд къыпыпщэфынущ мы тхылъым и фIагъым… «Нанэ и бзэр», «Дадэ», «Бзу уэрэд», «Сэ собжэр», «ПсыIэрышэ», «Бдзэжьеящэ», «Си гуащэм и гущэр», «ЗэкъуэшитI» - мы фIэщыгъэхэр щапхъэу къызэрытхь къудейми къыбгурегъаIуэ тхылъым ит усэхэр фIымрэ гуапагъэмрэ зэрыхуэгъэпсар. Усэхэм нэмыщI «Дадэ идэм» тхылъым итщ «бзэгъэбзэрабзэ» Iыхьэр. Абдеж Джэрыджэм и макърыджэгухэр къыщыхьащ. Ахэри теухуащ сабийхэр жану, хэлъэт яIэу, псэущхьэхэр фIыуэ ялъагъуу, дыкъэзыухъуреихь дунейм и къекIэрэхъуэкIыкIэр яфIэгъэщIэгъуэну гъэсэным. Тхылъым ит усэхэм ящыщ Iэрамэ дыкъевгъаджэ. ГУГЪУЭТ Заремэ.
ДЖЭРЫДЖЭ Арсен Си дэлъху цIыкIур Си дэлъху цIыкIур зымыцIыху Хьэблэ псом дэмыс зы цIыху.
Унэм щIэсым, ар къуейщIейщ, ПщIантIэм дэкIым, фыщIэрейщ.
Зыпэлъэщхэр ещI ауан, КъыфIощIыжыр хъуа пелуан.
Ауэ нанэ «Уи пэр лъэщI», - ЖиIэм, мэхъур тэмакъкIэщI.
«Сэращ псори зрагъащIэр», - - жиIэу щIедзэ гъыну занщIэу.
Сэ собжэр Сэ собжэр – Къызобжыр Ди бжэныр, Ди бжыхьыр, ЗгъэпщкIуауэ Ди гуэщым Щысхъумэ Баш кIыхьыр. Къызобжыр Ди жэмыр, Ди шкIащIэр, Ди унэр, Ди дадэ ЛэжьакIуэ ЗэрыкIуэ Маршынэр. Къэзбжахэр Собжыжри, Сыбжар сщогъупщэж. СотIысри, Аргуэру Сыбжэн ЩIызодзэж. Зэ мыхъу Зэ дыкIуауэ мэзым, Дыхуэзащ зэ мыхъу. Къыпытчати тшхыну, Пшхы зэ мыхъур мыхъу. Зэр зэ хъуатэм, хъунут Къыпытч дрикъуху. СыкIуэу злэн жызоIэ, Плъыжь-фIыцIафэ хъуху. Сыт Баринэ щIэзгъагъынур? Си шыпхъу цIыкIур щхьэ баринэщ, И пыжьынэхэр мэлыд. Зэзэмызи тIэкIу гъыринэщ, СщIам и жагъуэ – къыщеуд.
Къыщеудри, нэ фIыцIитIым Нэпс къабзабзэ къожэбзэх, Ар ялъагъум дади нани Зэуэ мэхъур гузэвэх.
Сэ къызжаIэр сыщIалэфIу, Сэри, дауи, ар сощIэж. ЩIэзгъагъынур сыт Баринэ – СыщIалэфIу къренэж. Нанэ и нэгъуджэр Мы ди нанэ И нэгъуджэм Къэбгъуэтынкъым ИмыщIэф: Мадэр, мабзэр, Тхылъ йоджэфыр, Шхэгъуэр къэсым, МэпщэфIэф. Ауэ нанэ зыIуихыжым, ЗанщIэу мэхъур Къаплъэнэф. Адыгэбзэ
ЦIыхуу щыIэм яIэжщ я бзэ, ЗэраIэжым хуэдэу я псэ. Сэри сиIэщ апхуэдэбзэ, Хэлъу дади нани я псэ.
Адыгэбзэщ а сэ си бзэр, Пшынэ Iэпэу схуэбзэрабзэу, Нарзаныпсым ещхьыркъабзэщ, КъобыргъукIыр псынэ къабзэу.
Адыгэбзэщ нанэ щабэу Пщэдджыжь къэскIэ зэрылъаIуэр: «Ухожае, тэдж, си тIасэ, БлэбгъэкIынущ насып къакIуэр…»
Адыгэбзэр щыбзэрабзэм Адыгэпсэр щымыжей, ЗымыщIэжым анэм и бзэр ГъащIэм куэдрэ щогужьей.
Си гуащэм и гущэр Си гуащэм и гущэр Ди дадэ хуищIащ, Си гуащэм и щыгъэр Ди нанэ хуиблащ. Сыдэфу сигъасэм Ди мамэ пщэдей, Хуэздынущ си гуащэм Дахащэу бостей. Си хьэ цIыкIур Си хьэм сэрэ дызэгъусэм, Дызэрешри тщогъупщэж, Зэрыхьэблэу къыдэхъуапсэу, Зыр зым сыткIи догъэпэж.
Губзыгъащэщ си хьэ цIыкIур, Сыкъигъанэу дэмыхьэж, Пщэхъур здзамэ, къегъуэтыжри, ЗанщIэу ар къыскIэщIохьэж.
Сэ ар Iэджэм хузогъасэ, Къэбгъуэтынкъым имыщIэф, Ауэ, дауэ сымыщIами, ЕзгъэщIэфыркъым зы хьэрф. Си щхьэнтэр Мы си щхьэнтэм Нэхъ щхьэхынэ Тету пIэрэ Мы дунейм! Зэрытеслъхьэу Абы си щхьэр, СфIыхелъафэр ЗанщIэу жейм. Щэху ЖыфIэт, Хэт зымыщIэр щэху? Щэхур – Нахуэ ямыщI Iуэхущ. Сэ сфIэмыфIми СщIэну Iуэху, КъывэзгъащIэм Ар си Iуэхущ! Бдзэжьеящэ Дадэ щIыгъуу бдзэжьеящэ КIуэну хуейти Инал цIыкIу, Iэджэ щIауэ дадэ йощэ, Дадэ жиIэркъым зыцIыкIу.
Пщэдджыжь гуэрым дадэ жьыуэ Къэтэджауэ дэкIрэ пэт, Къызэхехри и лъэ макъыр, Инал зэуэ къыщолъэт.
Плъэмэ, дадэ и блэгущIэм Къунтхыр щIэлъу куэбжэм докI. Сыт аргуэру дадэ ищIэр? – КIэлъымыжэмэ, IэщIокI.
Поделиться:
Читать также:
09.06.2026 - 14:18 →
«Сэ хамэщIкъым сыкъызыхуалъхуар»
08.06.2026 - 16:37 →
Сабийхэр дихьэхын хуэдэу
05.06.2026 - 14:18 →
Псэ къабзагъэ къызыхэщ усэхэр
05.06.2026 - 12:15 →
Сабийм и бампIэ
02.06.2026 - 18:19 →
ВыщIэ мыгъасэм гуэбэн иумыгъэщI
| ||




