Мэкъумэш хъыбархэр

  Мелуани 7,4-м нэблагъэ

2026 гъэм и щIышылэм – мазаем къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэм джэдыкIэу кърахащ мелуани 7,4-м нэблагъэ икIи нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 7,3-кIэ нэхъыбэщ ар, къитащ Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм, абыхэм я нэхъыбэр инкубаторхэм къыщагъэхъуащ.

 Ди республикэм джэдыкIэм нэхъыбэу щегугъу мэкъумэш IуэхущIапIэхэр здэщыIэр Бахъсэн, Прохладнэ, Май районхэрщ. ЖыпIэнурамэ, а щIыналъэхэм ящыщу джэдыкIэмкIэ хэхъуэ нэхъыбэ зиIэр Бахъсэнырщ – процент 11,4-рэ. Прохладнэм – проценти 3-кIэ, Майм – процент – 0,2-кIэ.

  Къэбгъэлъагъуэмэ, къапщытэж пIалъэм къриубыдэу республикэм и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэмрэ унагъуэхэмрэ зэгъусэу джэдыкIэу кърахащ мелуан 26,7-рэ икIи 2025 гъэм и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 2,8-кIэ нэхъыбэщ.

 

   ЩIы нэхъыбэ къыхашэ

   УФ-м и мэкъумэшыщIэхэм гъавэ зытращIэ щIым и куэдагъым илъэс къэс къыхагъахъуэ зэпытщ. ЖыпIэнурамэ, 2026 гъэм къэралым и мэкъумэшыщIэхэм къалэн зыщащIыжащ гъавэр гектар мелуан 83,1-м тращIэну. Абы нэмыщI, плъапIэхэр щыIэщ 2030 гъэм ирихьэлIэу мэкъумэш къэкIыгъэхэм хухах щIым иджыри гектар мелуан 13,5-рэ къыхашэну.

 Дызэрыт илъэсым гуэдзу, хьэуэ, рапсу, соеу, прунджу, гречкэу, кIэртIофрэ хадэхэкIыу ящIэм и куэдагъым хагъэхъуэнущ. УФ-м и Къэрал Думэм Мэкъумэш IуэхухэмкIэ и комитетым и зэIущIэм ар щыжиIащ Урысей Федерацэм мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Лут Оксанэ.

 2026 гъэм гъавэм хухахыну щIым и куэдагъыр гектар мин 600-кIэ нэхъыбэнущ нэгъабэ щыIа бжыгъэхэм елъытауэ, къыщыхигъэщащ а зэIущIэм Комитетым и тхьэмадэм и къуэдзэ Оглоблинэ Юлие.

 Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэм къыщIагъэкI продукцэм и куэдагъым хагъахъуэ зэпытщ: бжыгъэфIхэр щыIэщ хьэцэпэцэмрэ джэш хъуреймкIэ, сэхуранымкIэ, хадэхэкIхэмрэ кIэртIофымкIэ. Пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэу кърахьэлIэжар тонн мин 1103,7-рэ хъуащ е 2024 гъэм щыIа бжыгъэхэм проценти 107,4-кIэ хуэкIуэу, къыщыдыщIагъужащ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм.

 

ГъэшхэкIым хагъахъуэ

Дызэрыт илъэсым и япэ мазитIым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыщIагъэкIащ гъэшхэкIыу тонн мини 4,6-м щIигъу икIи нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 20,4-кIэ нэхъыбэщ ар, къитащ Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм. Абы хохьэ шэ щIэгъэпщтхьам къыхэщIыкIа шхур, йогуртыр, шатэр, шхур, кефирыр.

   Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу шэ зэфэу ирагъэхъуам и куэдагъми процент I8-кIэ хагъэхъуащ е тонн мини 8,6-рэ хъуащ.

   Республикэм кхъуейрэ кхъуейлъалъэу къыщыщIагъэкIам и куэдагъыр процент 2I-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэ яхузэфIэкIам елъытауэ е бжыгъэхэмкIэ къэдгъэлъагъуэмэ – тонн зы миным нэблагъэ мэхъу псори зэхэту.

  ДОЛЭТ Джэрий.

Поделиться: