Узыр псантхуэм къыхокI жаIэ. Пэжу, цIыхур гугъу ехьмэ, бампIэмэ, кIуэцIкIэ зишхыхьыжрэ и фэм икIыр ишыIэмэ, зыгуэрымкIэ мыарэзыуэ и гъащIэр ихьмэ, Iэмал имыIэу ар узыфэ гуэркIэ пкърыкIыжынущ. Узыр зэрытIысхьа Iэпкълъэпкъым теухуауи, дохутырым къыхуэщIэнущ сыт хуэдэ гурыгъузым ар къыхэкIами. Ауэ, Iэпкълъэпкъым илъщ псантхуэ Iэрамэ, хущхъуэгъуэ лъэпкъ хэмыту, цIыхум узу къефыкIыр игъэхъужу.
Абы зэреджэр парасимпатическэ псантхуэщ. Ар цIыхум и псантхуэ системэм щыщщ, ауэ дэ тцIыху нервыр гугъу ехьыху узыфэщIэ къигъэщIмэ, мыбыхэм ар ягъэкIуэдыж. Абы и закъуэкъым, зи гугъу тщIы псантхуэ лIэужьыгъуэм къару зэхуахьэс, цIыхум ишхыр вэгъзэгъыу гъэткIуным йолэжь, уи къарур щIэкIамэ, зэгуэр игъэтIылъа гуащIэм щыщ къеутIыпщ.
ГъэщIэгъуэныракъэ, парасимпатическэ псантхуэхэр зыгъэлажьэри «зыгъэгупсысэри» щхьэ куцIыракъым, атIэ ганглие жыхуаIэу, вагъуэбэм хуэдэу зэхуэхуса псантхуэ Iэрамэхэрщ. Псалъэм папщIэ, щхьэм хэлъ парасимпатическэ псантхуэхэр щхьэ куцIым и налъэ Iэпхъуэхэм, лъатэм хэлъыр - лъатэ налъэхэм къыхэщIыкIащ.
АтIэ, дызытепсэлъыхь псантхуэ Iэрамэхэр зэщIэжьыуэу лэжьэн щIадзэмэ, зы хущхъуэгъуи къыхэмыхьэу узыр ягъэхъуж! Махуищым къриубыдэу кIэтIийм зегъэкъабзэри, и лэжьэкIэр зэтреублэж, тхьэмщIыгъум сэкъат иIэмэ – мэкIыж, иммунитетым и налъэхэр егъэбэгъуэж, зыщIыпIэ деж е екIуамэ – егъэхъуж. КIэщIу жыпIэмэ, Iэпкълъэпкъым езым зигъэкъэбзэжынымрэ зигъэхъужынымрэ хэлъу къигъэщIащ, ар зи къалэныр дызытепсэлъыхь псантхуэ лIэужьыгъуэрщ, ауэ а зэфIэкIыр «гъэункIыфIащ».
Сыт ар зымыгъэлажьэр?
НобэкIэ цIыхум и гурыгъуз нэхъыщхьэр – зыхэпсэукI зэман хьэлъэм псэууэ къыщызэтенэнырщ, и быным иригъэшхын къэулъэпхъэщынырщ, лэжьапIэр фIэмыкIуэдынырщ. Абы къыхэгъэхьэж дунейм къыщекIуэкI зауэ-банэр, зэгурымыIуэныгъэр, бампIэр, гузавэр. А псори зи гум имыхуу илъ цIыхум кортизол жыхуаIэу, стрессыр къызыхэкI гормоныр куэду къыпкърокI. ЗыщIэгупсысыкIыну Iэмал зимыIэм и Iэпкълъэпкъым зигъэхъужыну зытриухуэфыркъым. Сыту жыпIэмэ, парасимпатическэ псантхуэхэм лэжьэн щыщIадзэр цIыхур щысабырым, зыми емыгупсысу, иримыгузавэу, иримынэщхъейуэ и гуи и щхьи щыбзыгъэм дежщ.
Абы папщIэ массажи, зыгъэпсэхугъуи хуэныкъуэкъым сымаджэр. Зыхуэныкъуэр зы закъуэщ – медитацэ зыщIхэм я гупсысэр зэрагъэункIыфIым хуэдэу «зыгъэкъэбзэнырщ». Ар, дауи, емысам дежкIэ гугъущ, ауэ, апхуэдэ щытыкIэм кортизолыр ирегъэхри, парасимпатическэ псантхуэм лэжьэн щIедзэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, цIыхухэм я процент 80-м я гупсысэр яхузэтеубыдэркъым.
Хуэгъэфащэ защIэрэ псалъэ къудей мыхъун папщIэ, Гарвард университетым щрагъэкIуэкIащ къэхутэныгъэ. ЦIыху 26-рэ къыхахри, тхьэмахуи 8-м къриубыдэу ягъэунэхуащ. Ахэр ирагъэсащ зыми емыгупсысу загъэсабыру. КърикIуари гъэщIэгъуэныщэщ: ген гупышхуэ къызэщIэушащ уIэгъэр псынщIэу зыгъэкIыжхэр, узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыгъэхъужхэр.
Мыбдеж къыхэгъэщыпхъэщ медитацэмрэ дызытепсэлъыхь щытыкIэмрэ зэрымызыр. Медитацэр псэм нэхъ теухуащ. Мыр – гузавэр, бампIэр гъэункIыфIауэ, Iэпкълъэпкъыр езыр-езыру зыщIэгъэгупсысыкIыным, къефыкIыр къыгурыIуэжыным нэхъ етащ. Шынагъуэ зыри зэрыщымыIэр Iэпкълъэпкъым къыгурыIуэмэ, эволюцэм къыхилъхьа хущхъуэгъуэри къызэщIоушэ.
Щхьэ куцIым и къалэн нэхъыщхьэр дыкъэзыхъуреихь дунейм къыщекIуэкIыр зэщIиджыкIрэ, сэкъатыншэу къызэрызэтенэн Iэмалхэр къигупсысынырщ. ТелевизорымкIэ къат хъыбарыщIэхэм къыщыщIэдзауэ уэрамыщхьэм къыщекIуэкI зэгурымыIуэныгъэм деж щиухыжу стрессщ. А псоми утегупсысыкIыну, гу лъумытэу зебгъэсэну, дауи, гугъущ.
Зыри фхузэфIэмыкIыжу фыкъэгубжьамэ, фыгузавэмэ, куууэ жьы жьэдэфшэ. ТIукIэ нэхъ хуэмыжу къыжьэдэвгъэкIыж. Апхуэдэу зы дакъикъэкIэ фыбауэ. Зыми фызэремыгупсысыным яужь фит. Абы гу щIэпхъуар къегъэувыIэжри, гупсысэхэр зэтрегъэувэж. А тIэкIумкIэ пхущIэгъэнэнущ парасимпатическэ псантхуэм и лэжьыгъэр. Вгъэунэху.