Жылэ Iумахуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и ЦИК-м 1924 гъэм и фокIадэм и 10-м къищта унафэм ипкъ иткIэ, Щхьэлыкъуэ къуажэм хэIэпхъукIри, ТIуащIэкIэ зэджэ щIыпIэм 1926 гъэм и гъатхэпэм унагъуи 146-рэ жылэ щхьэхуэу щытIысащ. А жылэм фIащащ пэмыжыжьэу къыщыт Джэрмэншык Iуащхьэм и цIэр. 
Совет властыр щагъэувым, къулейхэм къытраха щIыр щIыпIэхэм трагуашэрти, Щэрданхэрэ Алътэдыкъуэхэрэ яйуэ щытар Щхьэлыкъуэм лъысат. Ауэ ар къуажэм километр 30-м нэблагъэкIэ пэжыжьэти - щIым елэжьыну кIуэхэм гъуэгум зэман куэд трагъэкIуадэрт. Аращ къыщежьар къуажэ щхьэхуэр ягъэтIысыным унафэ тещIыхьыным и Iуэхур. Апхуэдэ унафэр и лъабжьэу а зэманым жылагъуэ зыбжанэ къызэрагъэпэщауэ щытащ. 
1925 гъэм и бжьыхьэм Къбэрдей-Балъкъэрым щIымкIэ и къулыкъущIапIэм и инженер Попов Николай, Iэпхъуэхэм ящыщу Дзагуэ Хьэжпагуэ, КIыщокъуэ МамытIэ, Куэшмэн Ибрэхьим, Молэ Алий, Щоджэн Лъостэнбэч сымэ жылэр здэтIысынур яубзыхури, уэрамитIу зэпачащ. 
КъыкIэлъыкIуэ гъэм и гъатхэм къуажэр къэтIысащ. Ахэр унагъуи 154-рэ, цIыхуу 743-рэ, лъэпкъыу 54-рэ хъурт. КъыщыIэпхъуа гъэм къуажэдэсхэм мылъкуу, былыму яIар мащIэ дыдэщ. Псори зэхэту шыуэ 66-рэ, выуэ 73-рэ, жэми 139-рэ, мэлрэ бжэну 98-рэ, шыщIэу 21-рэ, шкIэуэ 114-рэ, выгуу 36-рэ, шыгуу 40 ябгъэдэлъауэ аращ. Жылэр здэтIысар шэдылъэт, баналъэт, къуацэ-чыцэти, абыхэм я гъэкъэбзэным къаруушхуэ текIуэдащ. 
ЗэIыхьлыхэр, зэгъунэгъуу щытахэр зэгъусэу тIысахэщ, зыдэс хьэблэм езыхэм я цIэхэр фIащыжурэ (Щэрдан хьэблэ, Къуныжьей, Лукэцей, Даутыкъуей). Мы зэманым жылэр унагъуэ 861-рэ мэхъу, цIыху 4441-рэ щопсэу. Ауэрэ къуажэ колхозыр район зэпеуэхэм къыщыхэжаныкIыу хуежьащ. 1934 гъэм мэкъумэшыщIэхэм ирагъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм бжьыпэр щиубыдри, Бэракъ Плъыжь зэIэпахыр ахъшэ саугъэт щIыгъуу къыхуагъэфэщащ Джэрмэншыкым. Колхозым къуажэм и псэукIри дефIакIуэрт. 1937 гъэм езым и электростанц иригъэжьати, унагъуэ псоми токыр яIэрыхьэрт, радиор щылажьэрт. Илъэсым чырбышу минищэ, кхъуэщыну мин 28-рэ къыщыщIагъэкI завод, щIакхъуэ гъэжьапIэ, бохэмрэ чэтхэмрэ колхоз правленэмрэ къуажэ Советымрэ я унэхэр, сабий гъэсапIэ, еджапIэ, тыкуэн, нэгъуэщIхэри яухуат. 
Куэд дэмыкIыу къуажэдэс щIалэгъуалэм егъэджакIуэхэр къахэкIащ. Апхуэдэт Ажийхэ Сэлмэнрэ Мыхъутаррэ, Къашыргъэ ХьэпащIэ, ЛIуп Хьэзешэ, Шыджынэ Къазджэрий сымэ, нэхъ иужьыIуэкIэ Тау Борис, КIыщокъуэ Iэдэм, ПщыхьэщIэ Къубатий, ХъутIэ Хьэжмусэ, Мудрэн Назир, Семэн Билал, Хъутат КIэуэс, Къашыргъэхэ Кулизаррэ Кашифрэ. Ахэр махуэм школым щылажьэрт, пщыхьэщхьэкIэрэ колхозхэтхэм еджэкIэ, тхэкIэ ирагъащIэрт. 
1926 гъэм сабийхэр щеджар Нэгъуей Хьисэ и унагъуэрщ, къыкIэлъыкIуэ илъэсым КIыщокъуэ Исуф и гуэщ пэшырщ. Япэ егъэджакIуэу щытар Борисов Федорщ. Куэд дэмыкIыу къуажэдэсхэм я къарукIэ школ яухуэри, абы ягъэIэпхъуэжащ. 1936 - 1937 гъэ еджэгъуэм абы и унафэщIу лэжьар Совет Союзым и ЛIыхъужь хъуа Къардэн Къубатийщ. А зэманым пэщIэдзэ школыр классиблу щытащ, 1954 гъэм илъэсипщI еджапIэ ящIащ. 
1935 гъэм и гъатхэпэм мэкъумэшыщIэхэм я зэхуэс Налшык къалэ щекIуэкIам колхозхэтхэм я уставыр къыщащтащ. Абы хэтащ Джэрмэншыкым и лIыкIуэхэу Ажий Линэ, Жэрыщты Хьэмид, Апажэ Тат, Балъкъыз ХьэкIуринэ, Дзагуэ Блинэ, Лий Гуагуэ, нэгъуэщIхэри.
Къуажэм и ныбжьыр илъэс 15 зэрырикъур ягъэлъэпIэну зыщыхуагъэхьэзыр дыдэм Хэку зауэшхуэм мамыр гъащIэр къызэтрикъутащ. Къэралыр псэзэпылъхьэпIэ бзаджэм щихуэм, жылэм щыщу щIали 176-м Iэщэ къащтащ. Абы щыгъуэ къуажэр зэрыхъур унагъуэ щитIт. Япэ махуэхэм фронтым кIуахэм ящыщщ къуажэ Советым и тхьэмадэ Ажий Мурадин, колхозым и парт организацэм и секретарь Хьэщыкъуей Зырамыку, комсомол секретарь Жэрыщты Адэлбий, колхозым и бухгалтер нэхъыщхьэм и къуэдзэ Соблыр Хьэжмурат, колхозхэт пашэхэу Къардэнхэ Мухьэбрэ Тамбийрэ, Соблыр зэкъуэшхэу Чэлимэт, ТIитIэ, Мусэ, Шыджынэ зэшхэу Бий, Залым, Шагъир, Хъэлилэ, КIужхэ я къуэхэу Хьэзешэ, ХьэмтIутI, Хьэжсет, Мэзхэ Хьисэрэ Хьидрэ, Хъутатхэ Нанурэ Жэбагъырэ, Щоджэнхэ Исуф, Мухьэмэтмырзэ, ФIыцIэ, Хьэжсет сымэ. Куэд дэмыкIыу зауэм Iухьащ Совет властыр гъэувыным жыджэру хэтахэу МыгъуэлI Жамырзэрэ ЛIуп Данилрэ. МыгъуэлI Жамырзэ фIэкIа къэмынэу, адрей зи цIэр къитIуахэр хэкIуэдащ. Фронтым кIуа щIали 176-м ящыщу 95-р къелакъым, зауэм и мафIэ лыгъэм хисхьащ. ЦIыхубз 58-рэ фызабэу, сабии 127-рэ зеиншэу къэнащ. 
1942 гъэм жэпуэгъуэм и 27-м нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр къуажэм къыдыхьащ. Ахэр зэрыдэса мазитIым къриубыдэу уней мылъкууи колхозым ейуи куэд ягъэкIуэщIащ, жылэм и ГЭС-ри, гъавэ хъумапIэхэри, бригадэ унэхэри, Iэщ псэуалъэхэри зэхакъутащ. ИужькIэ къэрал къэпщытакIуэхэм къызэрабжамкIэ, фашистхэм къуажэм хэщIыныгъэу къратам сом мелуани 5-рэ мин 281-рэ 354-рэ хуэзэрт. Абы щыщу мелуани 3-рэ мин 981-рэ 354-рэ колхозым и мылъкут. 
1953 гъэм колхозым и тхьэмадэу хахащ Хэку зауэшхуэм лIыхъужьу хэта, партым и Налшык райкомым и секретарь ХъутIэ Хьэжмусэ. Ар къыщалъхуа жылэм илъэс пщыкIузкIэ хьэлэлу хуэлэжьащ. 
А лъэхъэнэрщ колхозым нэхъ зыкъиужьыжу щыхуежьар, къуажэдэсхэм псэупIэ унэу 200-м нэблагъэ щаухуар. Илъэс 20-м щIигъукIэ хозяйствэм и унафэщIу лэжьа МыгъуэлI Къарэкъан и къулыкъум щыпэрыхьа 1964 гъэм щегъэжьауэ Джэрмэншыкым нэрылъагъуу зиужьу, цIыхум я псэукIэр ефIакIуэу хуежьащ. Колхозым и мылъкукIэ жылэм дащIыхьащ тIысыпIэ 400 зиIэ ЩэнхабзэмкIэ унэ екIу, сабий гъэсапIэ, хьэмэм, гъавэ хъумапIэ, жэм 800-м хуэщIа бо, джэдкъаз, Iэбгъэ, жэмыщIэ, шкIэ, шы фермэхэр, правленэмрэ къуажэ Советымрэ я унэ зэтетыр, узыншагъэм щыкIэлъыплъ IуэхущIапIэр, нэгъуэщIхэри яухуащ. ЦIыхухэм газыр хуашащ, унагъуэ 200-м щIигъум телефон хуагъэуващ. 1972 гъэм колхозым къыфIащащ «ЩIымрэ Iэщымрэ фIагъ лъагэ иIэу зезыхьэ хозяйствэ» цIэ лъапIэр. 
Гъавэ щIэнымкIэ, къэралым ещэнымкIэ илъэситхум (1971 - 1975 гъ.гъ.) къыпэщыта къалэныр и пIалъэр къэмысу зэригъэзэщIам къыхэкIыу, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УнафэкIэ 1976 гъэм мазаем и 19-м «ГуащIэдэкIым и Бэракъ Плъыжь» орденыр «Джэрмэншык» колхозым къыхуагъэфэщащ. Абы иращIэкIа гуфIэгъуэ пшыхьым хэтат КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и секретарь Кульбаев Мухьэжыр, республикэм и Министрхэм я Советым и тхьэмадэ Къущхьэ КIыщыкъуэ, партым и Аруан райкомым и япэ секретарь КIуэкIуэ Валерэ, районым и гъэзэщIакIуэ комитетым и унафэщI Къандэхъу Мухьэрбий щIыналъэ мэкъумэш IэнатIэм и Iэтащхьэ Жэмбей Хъусен, къуажэхэм, предприятэхэмрэ организацэхэмрэ я лIыкIуэхэр. Я ехъулIэныгъэхэм папщIэ а зэманым колхозхэт 14-м орденхэмрэ медалхэмрэ къратащ. Колхозым и тхьэмадэ МыгъуэлI Къарэкъанрэ жэмыш пашэ Мэз Уэлийрэ Лениным и орденыр къыхуагъэфэщащ. 
1986 гъэм Балъкъыз Замир хозяйствэм и унафэщIу хахри, илъэси 8-кIэ а IэнатIэр ирихьэкIащ. А зэманым къриубыдэу гъавэмкIи, гъэшымкIи, лымкIи колхозым къыпэщыта къалэнхэр хъарзынэу игъэзэщIащ. Гулъытэ хуащIырти, цIыхухэр зэхьэзэхуэу лажьэрт, жылэми пщIэ игъуэтырт. 
КъыкIэлъыкIуэу а къулыкъум тетащ ХъутIэ Валерэ, Къущхьэ Анатолэ, Балъкъыз Башир, ХъутIэ СулътIан сымэ. Ауэ хозяйствэм ехъулIэныгъэ гуэри иIэжакъм. Къэрал дамыгъэ лъапIэр зезыхьэ колхозыр лъэлъэжащ. 1954 - 1990 гъэхэм къриубыдэу, ди цIыхухэм я лэжьыгъэфIым папщIэ, диплом, щIыхь тхылъ зэмылIэужьыгъуэу 100-м щIигъу, Бэракъ Плъыжь зэIэпахыр - пщIэнейрэ, Лениныр къызэралъхурэ илъэси 110-рэ зэрырикъум и къэрал тхылъыр (Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу мы зы колхозырщ ар зыхуагъэфэщар) хозяйствэм къратащ.

 

Къэбарт Мирэ.
Поделиться: