ЩIэныгъэлIыр зэрагъэукIытар

 Ислъамым и тхыдэм зи цIэр къыхэлыдыкI цIыхушхуэхэм ятетхыхьа Аттар Алауддин и «Хъыбархэм» Басри Хьэсэн щIэныгъэлIым теухуауэ хъыбар гъэщIэгъуэн куэд ущрохьэлIэ. 
 Хьэсэн апхуэдизкIэ шыIэныгъэшхуэ хэлъти, адрей цIыхухэм нэхърэ нэхъ мыхьэнэншэу зыкъилъытэжырт. Зэгуэрым Даджлы псыежэхым и Iуфэм абы щIалэ гуэррэ цIыхубзрэ Iусу къилъэгъуащ, я пащхьэм шагъыр птулъкIэ иту. «Еууей, мыгъуэ! - егупсысащ Хьэсэн. – КIуэдащ мы щIалэр! Сэ схуэдами, сыт хъунт!»
 Асыхьэтым псыежэхым и щIыIум кхъуафэжьей тету къалъэгъуащ. Гу лъыптэу, ар псым щIэтIысыкIырт, исхэр зэритхьэлэнум шэч хэмылъу. Псы Iуфэм Iуса щIалэр къыщылъэтщ, псым зыхидзэри, кхъуафэжьейм иса цIыхуиблым щыщу хыр къригъэлащ. ИтIанэ Хьэсэн дежкIэ зыкъигъазэри жиIащ: «Сэ нэхърэ ущынэхъ лъагэкIэ, еуэ, ебланэр къыхэхыж. Абы щыгъуэми, сэ хыр къезгъэлащ, уэ къебгъэлынур зы цIыху закъуэщ». Хьэсэн ари хузэфIэкIынутэкъым. 
 Тэлай дэкIа нэужь, щIалэм Хьэсэн зыкъыхуегъазэ аргуэру: «Зиусхьэн! Мы цIыхубз къызбгъэдэсыр си анэрщ. Мы птулъкIэм итыр псыщ. Мы теплъэгъуэр уэ уагъэунэхун папщIэ къагъэхъуауэ аращ». Абдежым Хьэсэн лъэгуажьэмыщхьэу зридзыхри, щIалэм елъэIуащ: «ЦIыхуихыр къебгъэлакIэщ! КхъыIэ, иджы сэ пагагъымрэ сыкъызыфIэщIыжынымрэ сыкъегъэл!» «Алыхьым къыпхуищIэ уи лъэIур!» - къыжриIащ щIалэм. Хьэсэн тхьэлъэIу зэрыIахар зыхищIащ. Абдеж щыщIэдзауэ, ар апхуэдизкIэ зэпIэзэрыт хъуати, хьэ хьэулей къилъагъумэ, мыхэр жиIэрт: «Алыхьу си Тхьэ! КхъыIэ, мы хьэ угъурлым и хьэтыркIэ Уи пщылIу сыкъэлъытэ!»

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: