Хэкупсэу ягъасэ щIэблэр

Урысейм и махуэм и пэ къихуэу, Бахъсэн щIыналъэм и библиотекэхэм щрагъэкIуэкIащ ныб­жьы­щIэхэр хэкупсэу гъэсэным, къэралым и тхы­дэмрэ дамыгъэхэмрэ ятеухуауэ ящIэм хэгъэхъуэ­ным ехьэлIа Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэр.

 Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Ислъэмей къуа­жэ дэт модель библиотекэм къыщызэрагъэпэщащ «Урысейр си Хэкущ» щIэныгъэ-нэгузыужь программэр. Абы къыщызэхуэсахэм махуэшхуэм и тхыдэм зыщагъэгъуэзащ, къэрал дамыгъэхэм - гербым, ныпым, гимным - я мыхьэнэр, ахэр къызэрагупсысам теухуа хъыбар купщIафIэхэр къащIащ. 
«Урысейм и дамыгъэхэр» Iыхьэ куэду зэхэт джэгукIэм сабийхэм Iэмал щагъуэтащ я щIэныгъэр къапщытэн дэнэ къэна, къэралым и дамыгъэ нэхъыщ­хьэхэри мыдрей цIыхубэм ящIэхэри ягу къагъэ­кIыжыну. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, щIалэхэм­рэ пщащэхэмрэ зэпеуэжу кърабжэкIащ Уры­сейр уи нэгу къыщIэзыгъэхьэ Iуэхугъуэхэр - мы­щэр, матрешкэр, Ут плъыжьыр, нэгъуэщI куэди.
Кыщпэк жылэм дэт модель библиотекэм зэ­хуишэсащ «Сэ уэ фIыуэ узолъагъу, Урысей» литературэ-усэ зэIущIэм хэтыну гупыж зыщIахэр. Прог­раммэм хэтщ Есенин Сергей, Твардовский Александр, иджырей тхакIуэ-усакIуэхэм я Iэдакъэ­щIэкIхэр, Хэку лъагъуныгъэм теухуа уэрэдхэр. Хьэ­щIэхэр теп­сэлъыхьащ къэрал дамыгъэхэм я мы­хьэнэм, уэрэдхэр зэгъусэу жаIащ, Хэкум хуэгъэпса хъуэхъухэр зытет, тхылъымпIэм къыхэщIыкIа кхъухьлъатэхэр яутIыпщыну ягъэхьэзыращ.
Район библиотекэ нэхъыщхьэм къыщызэрагъэпэщащ «Урысейр къэрал щхьэхуитщ» зэпсэлъэныгъэр. Абы щызэхуэсахэм къэрал щхьэхуитыныгъэм теухуа Декларацэр къызэращтам и тхыдэм, Конституцэм и Iыхьэ нэхъыщхьэхэм, къэралым и хабзэхэм я гугъу ящIащ. Апхуэдэ зэIущIэхэр сэбэп мэхъу Урысей къэралыгъуэм и хабзэхэмрэ тхыдэмрэ къы­дэкIуэтей щIэблэм нэхъ куууэ ягурыгъэIуэнымкIэ.
Зэхыхьэхэр ягъэбей «РоссиЯ в книгах и судьбах» тхылъ гъэлъэгъуэныгъэхэм.

Къэбарт Мирэ.
Поделиться:

Читать также: