Гурэ псэкIэ IэщIагъэм пэрытхэрУрысейм и махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым дыгъуасэ щагъэлъэпIащ республикэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехъулIэныгъэ къыщызыгъэлъагъуэ цIыху 40-м щIигъу. ЗэIущIэм ирагъэблэгъахэм захуигъэзащ республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и УнафэщI Егоровэ Татьянэ: «Псом япэу Урысейм и махуэмкIэ сынывэхъуэхъуну сыхуейщ. Мы махуэшхуэм къигъэлъагъуэу къысщохъу лъэпкъ куэду зэхэт ди къэралым щыпсэухэм я хэкупсагъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ. Хабзэ зэрытхуэ-хъуауэ, абы ирихьэлIэу ди лэжьакIуэ пажэхэр догъэлъапIэ, ноби аращ дыщIызэхыхьар. Дэтхэнэ зыми и гуащIэдэкIыр зэрыиныр долъагъу, нэхъыщхьэращи, фи IэщIагъэмрэ лэжьыгъэмрэ фыхуэпэжщ, гурэ псэкIэ фыбгъэдэтщ. ЕхъулIэныгъэр ауэ къыпIэрыхьэ гуэркъым, ар Iэзагърэ ерыщагъым къыпокIуэ. Республикэм и иджырей тхыдэр фоухуэ, щIыналъэм и экономикэр ивогъэфIакIуэ, цIыхухэм я узыншагъэр фохъумэ, щIэблэм я гъэсэныгъэм фогугъу, щэнхабзэм зывогъэужь, нэгъуэщIу жыпIэмэ - гъащIэр нэхъыфI хъуным фытолажьэ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр ирогушхуэ фэ фхуэдэ цIыхухэм. КъБР-м и Парламентым и дамыгъэр пщIэмрэ щIыхьымрэ и нэщэнэщ. Сыхуейт мы Iуэхугъуэм къаруущIэ къыфхилъхьэу, дяпэкIи фи мурадхэм фылъэIэсыну. Узыншагъэ быдэ фиIэну, республикэм зэгурыIуэрэ мамырыгъэрэ илъыну сынывохъуэхъу», - жиIащ Егоровэм.
Поделиться:
Читать также:
20.07.2026 - 14:47 →
КъызэрыгуэкI ухуэныгъэкъым
20.07.2026 - 12:09 →
ЦӀыхум и тыншыгъуэр къызэзыгъэпэщ
20.07.2026 - 12:07 →
Сыт апхуэдиз уэшх къыщIешхыр?
20.07.2026 - 12:06 →
Хыр ягъэкъэбзэжынут…
20.07.2026 - 12:04 →
НОБЭ
| ||




