КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ хэтащ Минеральные Воды къалэм щекIуэкIа, пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ мэракIуэхэкIхэмрэ гъэкIыным, ахэр хъумэнымрэ щэнымрэ хуэгъэпса щIэныпхъэхэр утыку къыщрахьа VIII дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэм. Абы щыIащ республикэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэмрэ жыггъэкI IуэхущIапIэ пажэхэмрэ я лIыкIуэхэри. Республикэм и унафэщIыр зэхуэсыр зэрекIуэкIам щытепсэлъыхьыжащ Максым щиIэ напэкIуэцIым:
«КъБР-м а IэнатIэм пэрыт и IуэхущIапIэхэм я зэфIэкIыр щагъэлъагъуэ абы - жыгыщIэ хасэхэм деж щегъэжьауэ а Iуэхум зегъэужьыным пыщIауэ къагъэсэбэп Iэмэпсымэхэм, Iэмалхэм нэсу.
«PROяблоко 2026» гъэлъэгъуэныгъэм хыхьэ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщт а IэнатIэм зегъэужьыным хуэгъэзауэ щыта урысейпсо зэIущIэр. «Урысейм и хадэхэр 2026» зыфIаща а Iуэхум къыщагъэнэIуащ Урысей Федерацэм ЕрыскъыпхъэмкIэ и шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным и доктринэм хыхьэ къалэнхэр – пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэхэкIхэмкIэ зыкъызэгъэпэщыжыным хуэунэтIауэ Урысейм и Президентым къигъэувахэр.
ЗэIущIэр ирагъэкIуэкIащ Урысей Федерацэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и нэIэ щIэту. УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Лут Оксанэ зэхуэсым хэтхэм къахуигъэхьащ абыхэм зэрызакъыхуигъазэ тхыгъэ.
Абдежым Iуэху гуапи щекIуэкIащ – «Пасэу къызыпыкIэ жыг хадэхэр гъэкIыным и мардэр» къэрал зэпеуэм щытекIуахэр ягъэлъэпIащ.
Ди республикэм къэралым бжьыпэр щиIыгъщ пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэхэкIхэмрэ къехьэлIэнымкIэ. Илъэс кIуам апхуэдэ ерыскъыпхъэу тонн мелуан 1,104-рэ Iуахыжащ, ар Урысейм зэрыщыту къащехъулIам и процент 23-рэ мэхъу. Къэралым и IэнатIэ зэгъэуIуар зэрыщыту къапщтэмэ, КъБР-м абы хуищI хэлъхьэныгъэр нэхъыбэжщ – процент 36-м нос.
Апхуэдэуи ди щIыналъэр къэралым щынэхъыфIитхум ящыщщ илъэс куэдкIэ къызыпыкIэ пхъэщхьэмыщхьэ-мэракIуэхэкIхэм ирагъэубыд щIыхэм къызэрыхагъахъуэмкIи. Иужьрей илъэситхум къриубыдэу абыхэм хухахащ гектар мини 6,5-рэ, 2025 гъэм и закъуэ хасащ пасэу къызыпыкIэхэм хуэдэу гектар мин 1,8-рэ.
А IэнатIэм фIыуэ хащIыкIыу питомник 17 мэлажьэ, илъэс кIуам абыхэм щагъэкIащ жыгыщIэ цIыкIуу мелуани 4,2-рэ.
ИкъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ иджырей хъумапIэхэр зэрытхузэгъэпэщами. Мы зэманым абыхэм зэуэ щIохуэ пхъэщхьэмыщхьэ тонн мин 362,7-рэ.
Республикэм жыг хадэхэр гъэкIыным зыщегъэужьыным къэрал дэIэпыкъуныгъэу 2025 гъэм къыIэрыхьащ сом мелард 1,4-рэ. Мы гъэм ар сом мелард 1,5-рэ хъуну дыщогугъ.
ИкъукIэ фIыщIэшхуэ худощI Оксанэ Николай ипхъуми Урысейм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэми, Къэбэр- дей-Балъкъэрым и АПК-м зэпымыууэ щIэгъэкъуэнышхуэ къызэрыхуэхъухэм папщIэ.
Жыг хадэ гъэкIыным и унэтIыныгъэ псомкIи лэжьыгъэхэр щыщIэдгъэхуэбжьэнущ икIи ехъулIэныгъэщIэхэм дыхущIэкъунущ.
Ди мурадщ пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэхэкIыу къетхьэлIэр 2030 гъэм ирихьэлIэу тонн мелуан 1,2-м нэдгъэсыну икIи тонн мин 700-м зэуэ щIэхуэным ди хъумапIэхэри хузэтеухуэным», - итхащ КIуэкIуэ Казбек.