Къапэщылъыр нэхъыбэжщ

Налшык къалэм 2-нэ Таман дивизием и цIэр зезыхьэ и уэрамым щаухуэ ТекIуэныгъэм и Паркым лэжьыгъэхэм иджыпсту щоужьэрэкI. Ар ящI «Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ.
Лэжьыгъэхэм я япэ Iыхьэм хыхьэу паркыр щаубзыхуа щIыпIэм иджырей инфраструктурэ къыщызэрагъэпэщауэ щытащ. ЖыпIэнурамэ, псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мин I2-м щIигъум тротуар плиткэхэр иралъхьащ, алееиплIыр – Нэхъыщхьэр, Курытыр, ЛIыхъужьхэм я цIэхэр зезыхьэр, Къыбгъурытыр - зэIузэпэщ щащIащ. 
Иджы, ухуакIуэхэр етIуанэ Iыхьэм яужь ихьащ. ЩIыгулъыр зэтес ящI, удз жылэхэр, жыгыщIэхэр хасэ, иджырей уэздыгъэхэр зыпадзэну пкъоуэ 55-рэ, къэухьхэр щагъэув, плиткэхэр иралъхьэ. Лэжьыгъэхэр мы гъэм бжьыхьэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIынущ. 
«Псоми я зэхуэдэ Iэмал» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Нарткъалэ унагъуэхэмрэ сабийхэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэ ягъэгъуэтынымкIэ и республикэ центрым и ещанэ корпусыр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. Япэм ар сабий саду щытащ икIи мыпхуэдэ лэжьыгъэхэр зэи щрагъэкIуэкIакъым. 
НобэкIэ, лэжьакIуэхэм унэ IуплъапIэр къагъэщIэрэщIэжащ, пэш кIуэцIхэри къращIыкIын щIадзащ: абыхэм языныкъуэхэр зэхагъэхьэж, нэхъ Iэхуитлъэхуит хъун папщIэ. Апхуэдэуи, инженер коммуникацэхэр зэрызэрахъуэкIынум хуагъэхьэзыр.
Лэжьыгъэхэм сом мелуан 84-рэ трагъэкIуэдэнущ икIи ахэр и кIэм нагъэса нэужь, Iэмал щыIэнущ жэщми махуэми сабий 60 абы щаIыгъыну, социальнэ дэIэпыкъуныгъэхэр щратыну, зи Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэ цIыкIухэри яхэту. Центрыр къызэIуахынущ мы гъэм и кIэхэм ирихьэлIэу. 
«ГъащIэ кIыхь икIи купщIафIэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Тэрч щIыналъэм и сымаджэщ нэхъыщхьэр къагъэщIэрэщIэжынущ. Ар щаухуауэ щытар I996 гъэрщ икIи зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэм хуэныкъуэщ.
ПэхуэщIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, унащхьэр, щхьэгъубжэхэр, IуплъапIэр, инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкIынущ. Апхуэдэуи, медицинэ пэшхэр зэIузэпэщ ящIынущ, иджырей медицинэ мардэхэм хуагъэкIуэнущ. 
Сымаджэщым метр зэбгъузэнатIэу 3718-рэ еубыд икIи цIыху 80-м щеIэзэну Iэмал щыIэщ. Медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэм хыхьэу хирургие, терапие, реанимацэ къудамэхэр иIэщ. Лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIынущ икIи лажьэу ирагъэжьэжынущ 2028 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм.
«ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Шэджэм ЕтIуанэм и курыт еджапIэ №2-р къагъэщIэпэщIэж. Лэжьыгъэхэр хуэунэтIащ еджакIуэхэм я тыншыпIэмрэ шынагъуэншагъэмрэ къызэгъэпэщыным. 
  НобэкIэ, ухуакIуэхэм школым и пкъыгъуэжьхэр къыпкърахыжащ, инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкIащ, лъэгухэр зэтес ящIащ. Иджыпсту пэшхэр къращIыкI, IуплъапIэр зыхуей хуагъазэ. Курыт еджапIэр еджакIуэу 540-м хуэщIащ, лэжьыгъэхэри дызыхуэкIуэ гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIынущ.
«Унагъуэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Бахъсэн къалэм щаухуэ сабий садыр цIыкIуи 140-м хуэщIауэ щытынущ, къатитIу зэтетыну ухуэныгъэми метр зэбгъузэнатIэу мини 2-м нэблагъэ иубыдынущ. Ар курыт еджапIэ №12-м пэгъунэгъущ, хьэблэщIэми хыхьэнущ. УхуакIуэхэм иджыпсту етIуанэ къатыр дращIей, лэжьыгъэхэри 2027 гъэм и кIэхэм зэфIагъэкIынущ.
Аруан щIыналъэм и Шэрэдж Ищхъэрэ къуажэми сабий садыщIэ щаухуэ «Унагъуэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. КъатитIу зэтетыну ухуэныгъэм сабийуэ 100 щIэхуэнущ. ЛэжьакIуэхэм иджыпсту езанэ къатыр яIэт, иужькIэ, абы и щхьэр трагъэжыхьынурэ етIуанэ къатыр зэрыдращIеинум хуагъэхьэзырынущ. 
ПэхуэщIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, садым иIэнущ сабийхэм щадэлэжьэну, ахэр щыджэгуну, макъамэмкIэ, физкультурэмкIэ пэшхэр, пщэфIапIэ, медпункт, нэгъуэщIхэри. Ухуэныгъэм къедза щIыпIэри зэIузэпэщ ящIынущ, сабий джэгупIэхэр, спорт утыкухэр хэту. ЖыгыщIэхэри куэду щыхасэнущ. Ар къызэIуахынущ 2027 гъэм.
МЫСОСТ Билал.
Поделиться: