«Си нанэ»«Си нанэ» уэрэдыр зэхэзыхауэ, ар фIыуэ зымылъэгъуа, зи гум дэмыхьа щыIэ къыщIэкIынкъым. ГукъэкIыж дахэм ухэзышэ уэрэдщ ар. «Дунейм нэхъ лъапIэ дыдэу тетыр анэращ. УсакIуэ, тхакIуэ куэд тетхыхьащ нанэм, анэм хуаIэ лъагъуныгъэм. Абыхэм ящыщщ зи къалэмыпэм усэ куэд къыщIэкIа Джэдгъэф Бориси, - жеIэ «Зы уэрэдым и хъыбар» нэтыныр езыгъэкIуэкI КIунтIыщ - ХьэпцIэ Аннэ. - ЦIыхубэм я гум дыхьа, дзапэ уэрэду къахуэна куэд иIэщ Борис. Абыхэм ящыщ зыщ «Си нанэ» уэрэдыр. Мы уэрэдыр ягъэзэщIащ Уэтэрхэ Анатолэрэ МуIэедрэ, Мэремыкъуэ Хъусен, Хъупсырджэн Албэч, Нэхущ Чэрим сымэ. Уэрэдым макъамэ щIэзылъхьар Тхьэбысым Умарщ. Илъэс щэ ныкъуэ хъуауэ ар утыкум щагъэзащIэми, нобэми щIэщыгъуэщ. Си фIэщ мэхъу ар иджыри уэрэджыIакIуэ куэдым зэIэпахыу зэрагъэзэщIэнур».
*** Си нанэу, си псэм хуэзгъадэу, Дуней насып къызэзыт. Уи гъащIэ гъуэгур уэрэду Мы щIылъэм сэ щызоIэт.
Ежьу: Си нанэу си дыщэ пшэплъ, Дахагъэу щыIэр зыхэлъ. СфIощI анэ псом уралей, Уэрщ зыгъэнэхур дунейр. Уойра, уойрэ, уо-рира, Уойра, уойрэ, уо-рира, Си нанэ дахэ, Си нанэ, си нанэ, Си нанэ дахэ, Си нанэ дыщэ.
МазэщIэ бзыгъэм дыщафэу Къищу солъагъу уи сурэт. Нуру уогъаблэ си уафэр, СщIыгъуу гъуэгуанэ утетщ.
Ежьу.
Сыпсэумэ, пэIэщIэу унэм, Силъ уи лъэпагъым къысфIощI. Уи жьыгъэ дахэм, си нанэ, IэплIэ гумащIэу хузощI.
Ежьу.
Уэ гуапэу Iэ къыздэплъамэ, Нэхъ фIыгъуи сэ сыхуэмей. Си гъащIэм и дыщэ дамэ, Куэдрэ схуэпсэу, си дуней.
Ежьу. Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться:
Читать также:
15.07.2026 - 11:26 →
Адыгэ тхыдэм и гъуджэ
14.07.2026 - 15:40 →
ЕтIанэгъи къыпащэну я мурадщ
14.07.2026 - 14:39 →
Унэ-музейр зэрагъэпэщыж
14.07.2026 - 10:01 →
Май жыг хадэ
13.07.2026 - 19:17 →
Бай Галинэ и лэжьыгъэхэр
| ||




