Хэкум сыхуолажьэ![]() «Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондымрэ «ЩIэныгъэ» урысей зэгухьэныгъэмрэ ирагъэжьащ «Хэкум сыхуолажьэ» урысейпсо акцэр. Ар езыгъэкIуэкIыр дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэмрэ зэуапIэ губгъуэм щыIэ сэлэтхэмрэщ. Акцэм къриубыдэу ирагъэкIуэкI Iуэхугъуэ псори «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ къызэрагъэпэщ. Абы и мурад нэхъыщхьэр дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэр щIалэгъуалэм ирагъэцIыхунырщ, пщIэ хуащIынырщ, езы лIыхъужьхэри ущииныгъэ, гъэсэныгъэ лэжьыгъэм хэшэнырщ. - «ЩIэныгъэ» урысей зэгухьэныгъэм и гъусэу мы гъэм илъэс ещанэ хъуауэ къызыдогъэпэщ ветеранхэмрэ ди къэралым щIалэгъуалэу исымрэ зэзышалIэ, зэпызыщIэ проектыр. «Хэкум сыхуолажьэ» Iуэхум Iэмал къет лIыхъужьым къикIуа гъуэгуанэр, абы и Iуэху еплъыкIэр, и гупсысэкIэр къыдэкIуэтей щIэблэм я деж нихьэсыну, гъуэгу пэжым тригъэувэну. Апхуэдэ зэIущIэхэр щIэх-щIэхыурэ екIуэкIмэ, шэч хэлъкъым жылагъуэм и зэкъуэтыныгъэм и лъабжьэр нэхъри зэригъэбыдэнум, уасэ зимыIэ лъапIэныгъэхэр къытщIэхъуэ щIэблэм зэрабгъэдэтлъхьэфынум. ЛIыхъужьхэм къаIуэтэж хъыбархэр гурэ псэкIэ щIалэгъуалэм зэрызыхащIэр ди нэгу щIокI. А зэIущIэхэр Урысей псом и еджакIуэхэмрэ студентхэмрэ ягу зэрынэсыр, зэрыхуэпабгъэр, я упщIэ куэдым жэуап зэрыщагъуэтыр, зэпсэлъэныгъэ зэIухам щIэупщIэ зэриIэр долъагъу, - жиIащ УФ-м зыхъумэжыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ - статс-секретарь, «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым и унафэщI Цивилевэ Аннэ.
Поделиться:
Читать также:
26.09.2026 - 09:30 →
IэщIагъэлIхэм я нэIэм щIэту
20.09.2026 - 12:00 →
Дахащэ къудей мыхъуу, бэшэчрэ къарууфIэу
19.09.2026 - 10:17 →
Урысейм и къарур - цIыхухэм я хуитыныгъэрщ
19.09.2026 - 10:00 →
Хэхыныгъэм щIидзащ
13.09.2026 - 12:27 →
Псыгуэнсудэсхэм зэдагъэдэха пшыхь
| ||





