Фэращ республикэр зыщыгугъыр

ЩIалэгъуалэм я махуэм ипэ къихуэу, ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и ЩIалэгъуалэ правительствэщIэм хэтхэм. 

«УнэтIыныгъэ нэхъыщхьэу зэлэжьыпхъэхэмрэ правительствэщIэм къыпэщылъ къалэнхэмрэ дыщытепсэлъыхьащ зэIущIэм, - щетх КIуэкIуэ Казбек и Макс-напэ­кIуэцIым. - Республикэм и министерствэхэм ядэлажьэу­рэ, абыхэм къэрал унафэ зехьэкIэм зрагъэсэну Iэмал яIэнущ, хабзэм теу­хуа актхэм я проектхэр зэхалъхьэнущ, щIыналъэм и щIалэгъуалэ политикэр ирагъэфIэкIуэнущ. 
Гулъытэ нэхъыбэ хуэфащэщ хэкупсэ гъэ­сэныгъэм, щэнхабзэ-щэнгъасэ лъапIэныгъэхэр хъумэным, лъэпкъхэм я зэхуакум зэгурыIуэныгъэ дэлъыным, Урысейм и лъэпкъ­хэр зэрыIыгъыным. 
ЩIалэгъуалэ правительствэщIэм хагъэ­хьащ дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэр, гъэсакIуэхэр, дохутырхэр, студентхэр, урысей­псо зэпеуэхэм щытекIуахэр, волонтёр зэгухьэныгъэхэм щыпэрытхэр. 
Министерствэхэмрэ къулыкъущIапIэхэмрэ я унафэщIхэм я нэIэ щIэту, ахэр лэжьыгъэр зэрекIуэкIым хэгъуэзэнущ, проектхэр зэ­рагъэпэщыным, езыхэм я еплъыкIэр къы­халъхьэным тегушхуэфу хъунухэщ. 
«ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ проектыр зэраублэрэ, къэралым и щIа­лэ­гъуа­лэ политикэр ипэкIэ кIуэтащ. Республикэм хуэмурэ щIызэфIоувэ зэманым декIу   инфраструктурэ: щIалэгъуалэ центрхэр,  студент зэхуэсыпIэхэр къызэIуах, щIалэ­-гъуалэм ядэ­лэжьэну IэщIагъэлIхэр ягъэ­хьэзыр. 
Шэч къытесхьэркъым дэтхэнэ зыми и пщэ дилъхьэжа къалэныр зэригъэзэщIэнум. Я лэжьыгъэм фIы куэд къащыхудэкIуэну, ди республикэр ипэкIэ зыгъэкIуэтэн жэрдэ­мыщIэхэр хахуэу къыхалъхьэу лэжьэну со­хъуэхъу».

Поделиться: