Адыгэбзэм и къаруущIэ

«Печатный двор» тедзапIэм къыщыдэкIагъащIэщ нобэ зи гугъу тщIыну «Гум телъ» антологиер. И жыпхъэм къызэрыдигъащIэщи, ар усакIуэ зыбжанэм я IэдакъэщIэкIхэр адыгэбзэм къыщигъэзэгъа тхылъщ. 
«ГъащIэр дахагъэкIэ пхуэгъэнщIын къыпщыхъуу, къэкIуэныгъэм фIы IэджэкIэ ущыгугъыфу щыщыта зэманхэмкIэ узэIэбэкIыжмэ, тIощIым нэхърэ пщIым нэхъ ущыпэгъунэгъуа ныбжьхэм нэс уIэбэжынкIэ мэхъу. Мы зэдзэкIыгъэхэм я къуэпсхэр мис а лъэхъэнэхэм, нэгъуэщIу жыпIэмэ, минрэ щибгъурэ блыщI гъэхэм нос. Алъандэрэ зэштегъэу, псэлъэгъу, губампIэдэх хуэдэу дызэгъусащ мы усэхэмрэ дэрэ. Мыхэр тхылъ хъууэ, фэ ныфлъэIэсыну апхуэдэ гугъэ а зэманым сщIауэ щытамэ, я бжыгъэри нэхъыбэ, езыхэри нэхъ дахэ хъуну къыщIэкIынт. Пэжыр жысIэнщи, а ныбжьхэм, нэхъри а лъэхъэнэ екIуэкIым апхуэдэ гугъэ пщIыныр щызогъэтри, уи пщIыхь къыхэхуэныр гугъут. Мис абы къыхэкIкIэ, а зэманым сэ згъейр мы усэхэр тхылъу дунейм къытехьэнратэкъым. АтIэ мы усэхэр сэ си бзэм, си псэм и бзэм къитIэсу, а бзэмкIи мыхэр жысIэфу зэрыщытыр схурикъурти къызэлыжырт гурыфIыгъуэу», - дыкъыщоджэ тхылъым и пэублэм. Ардыдэм щыгъуазэ дещI тхылъыр зи IэдакъэщIэкI Жыг П. Н. Тырку щIыналъэм къызэрыщыхъуамрэ усэ зэдзэкIыныр IэщIагъэ зэрыхуэхъуа щIыкIэмрэ. 
 Тхылъыр чэнджэщэгъуу зиIэ дэтхэнэ зыми фIыуэ ещIэ зыхуей хуэза зэдзэкIыгъэхэм я мыхьэнэр зэрыабрагъуэр. Ахэр лъэпкъ зэрымыцIыхухэм я зэхуакум лъэмыжу зэрыдэувэм нэмыщI, усакIуэм и анэдэлъхубзэмкIэ итхар зэдзэкIакIуэм нэгъуэщIыбзэкIэ лажьэ щэнхабзэм и дунейм щригъэзагъэкIэ, цIыху псори зыгуэркIэ дызэрызэщхьыр наIуэ мэхъу. Зыхъумэжын гукъыдэжым къыхэкIагъэнщ: къыддэгъуэгурыкIуэ ди лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ адрейхэм дефIэкI хуэдэу зэзэмызэ зыкъытщыхъужу щытми, литературэбзэм, усэм я къарум, псалъэ гъэпсам и зэфIэкIым бзэ щхьэхуэ зепхьэнри, лъэпкъыу дунейм утетынри икIэм-икIэжым цIыху нэгъэса къыпхэкIыным зэрыхуэунэтIар хьэкъ пщещI. 
 Нобэ и къару илъыгъуэм имыт адыгэ литературэм дежкIэ франджы усыгъэм и вагъуэхэу Бодлер Шарль, Аполлинер Гуиллам, Преверт Жак, Рембо Артур, Валери Поль сымэ, Латин Америкэм и усакIуэшхуэ Нерудэ Пабло, Хьэрып усыгъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм къахэщ Шэддад и къуэ Антэрэ, инд усакIуэ Тагор Рабиндранат, Пакистаным и лъэпкъ унэтIакIуэ, усакIуэ Iикъбал Мухьэмэд, «тырку усакIуэхэм я сулътIан» Кысакурек Нэджиб Фазил, суфий усыгъэм и вагъуэхэу Руми Джэлалуддин, Хьэккъий Ибрэхьим сымэ я сатырхэм адыгэбзэкIэ укъеджэну Iэмал къыкъуэкIыныр нахуапIэ хъуа пщIыхьэпIэфIым хуэдэщ. Абыхэм ядыщIыгъуж Мандельштам Осип и «Бгырысыр», Кулиев Къайсын и «Балъкъэр щIыналъэр», къинэмыщIхэр. 
ЗэдзэкIакIуэм и анэдэлъхубзэм иригъэзагъэр езым зэхилъхьа усэу зэрыщымытым къыхэкIыу, абыхэм зыкIи емыпха хуэдэу къыщыпфIэщI щыIэщ. Ауэ щыхъукIэ, антологием и фIэщыгъэми, абы ихуа усэхэм я зэкIэлъыкIуэкIэ-зэхэгъэувэкIэми уи фIэщ ящI мы къыдэкIыгъуэр гупсысэ пыухыкIам зэрытещIыхьар. ЦIыхуу дунейм укъызэрытехьам Iэмалрэ къалэну къуитыр, адэ-анэм я пщIэр, унагъуэмрэ зэхущытыкIэ дахэмрэ, щIэблэмрэ абы и гъэсэныгъэмрэ, жылагъуэмрэ абы щытепщэ псэукIэ хьэлымрэ, тхыдэмрэ абы ущыкъарууншэным къыздихь гухэщIымрэ – ину заубгъу мы сатырхэр зытепсэлъыхь Iуэхугъуэхэм. Сыт нэхъри нэхъ лъапIэщ ахэр щхьэж ди щхьэ зыщыхуэдумысыжкIэ къэдгъэщхьэпэ, фэрыщIыным укъыIэщIэзых бзэкIэ зэрытхар. ЩIэджыкIакIуэм зыхуейр къыгуригъэIуэным нэхъ йолIалIэ зэдзэкIакIуэр, ар усэбзэ гъэщIэрэщIакIэ къигъэпцIэным нэхърэ. Бзэ тыншкIэ тхащ пхужыIэнукъым «Гум телъ» къыдэкIыгъэр. Зэ къеджэгъуэм къыпхуэмыщтэнри хэлъу, узэрыдихьэх и псалъэ гъэбзэкIэр жэрыжэкIэ узрижэфынухэм ящыщкъым. Ауэ усакIуэ-зэдзэкIакIуэм и псалъалъэр тхылъеджэм ейм нэхърэ нэхъ бейуэ, и къэухьри нэхъ ину щыт хабзэщ. Аращи, и мыхьэнэм зытебгъэхуэным уифI зэрыхэлъыр пщIэжу, зыгурыбгъэIуэным уелIэлIэн хуей хъуми, гу зылъыуигъатэ и пэжыр уIэгъэщыхуэрэ гъуазэрэ пхуохъу. 
 Мы антологием и пэжырытхэр мащIэу ди грамматикэр зэсахэм къазэрыщхьэщыкIми гу лъытапхъэщ. Хамэ щIыналъэм къыщыхъуа ди лъэпкъэгъухэр адыгэбзэм и къудамэ псоми зэрыхуэшэрыуэрщ, зыуэ щыт ди анэдэлъхубзэр бзитI-щыуэ къазэрыщымыхъурщ ар къызыхэкIыр. Арагъэнщ, псалъэм и хьэтыркIэ, зэдзэкIакIуэм «кI»-р - «чI»-уэ итхыну нэхъ къыщIищтэри, псалъэпкъым и кIэухыр урыс грамматикэм зэригъэувым ещхьу щIыпимыудри, щыIэцIэр къэзыгъэхъу лъабжьэм и макъзешэр абы и лъэпкъэгъу глаголым щIримыгъэхъуэжри. Пэжырытхэр щIыщыIэжыр псалъэм и мыхьэнэр IэщIэмыгъэхунрамэ, а хабзэр ирикъуу тхуэгъалажьэу пхужыIэнукъым иджыпстукIэ. А псом къыхэкIыу, «усакIуэм и гукъыдэж» жыхуаIэ хабзэр тригъакIуэу, адыгэбзэшхуэм и къудамэ зэмыфэгъухэр зэришэлIэн мурадкIэ зэдзэкIакIуэр мащIэу пэжырытхэм зэрытекIуэтар щIэджыкIакIуэм зэран хуэхъупхъэкъым адыгэпсэ къызыIукIа мы усэхэм я дахагъыр зыхищIэнымкIэ.
Антологиер Тхьэкъуахъуэ Iэуес и «Адыгэ тхылъ» тыкуэным къыщывгъуэтынущ. 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также:

07.07.2026 - 12:26 Гуэрэныгу Iуащхьэм...
06.07.2026 - 11:43 Псалъэр я Iэщэу
06.07.2026 - 11:39 Гюлибик