IэIэтым щытекIуахэр ягъэбелджылы

ПэхуэщIэхэр

Къэралым и щIыналъэхэм цIыхухэр куэду щызэхуэс я щIыпIэхэм ящыщу зэIузэпэщ ирагъэщIыну къагъэлъэгъуахэм япэ игъэщыпхъэхэр щагъэбелджылы урысейпсо интернет IэIэтыр и кIэм нэблэгъащ. Ар ирагъэкIуэкIащ «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал проектым ипкъ иткIэ. 

2026 гъэм мэлыжьыхьым и 21-м щегъэжьауэ мэкъуауэгъуэм и 12-м нэсыху цIыхухэм Iэмал яIащ 2027 гъэм зэIузэпэщ ирагъэщIыну паркхэр, жыг хадэ цIыкIухэр, псы Iуфэхэр езыхэм къыхахыжыну. Жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар УФ-м и Президентырщ, «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и дэIэпыкъуныгъэ хэлъу. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, цIыхухэм езыхэм къыхахыжыф хъуащ зэIузэпэщ ирагъэщIыну щIыпIэхэмрэ абыхэм яIэну теплъэхэр зыхуэдэнумрэ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым интернет IэIэтым къыщигъэлъэгъуат цIыхухэр куэду щызэхуэс щIыпIэу 25-рэ икIи абыхэм ящыщу 11-р текIуащ. Япэ увыпIэр абы къыщихьащ Налшык къалэм Ватутиным и цIэр зезыхьэ и уэрамым цIыхухэм я зыгъэпсэхупIэ зэпэщ къыщызэгъэпэщыным хуэунэтIа пэхуэщIэр. 
Апхуэдэуи, текIуахэм ящыщщ Бахъсэн къалэм и Строительнэ уэрамдэкIым хуэзэу Бахъсэн псы Iуфэр зэIузэпэщ щIынымкIэ, Прохладнэ къалэм и гъущI гъуэгу вокзалым и гупэм къедза утыкур зыхуей хуэгъэзэнымкIэ пэхуэщIэхэр. 
ЗэIузэпэщыныгъэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIынущ Тэрч къалэм Узыншагъэм и аллеем (1-нэ Iыхьэр), Шэджэм къалэм Урысейм и ЛIыхъужь КIарэм и цIэр зезыхьэ уэрамым и лъэс лъагъуэм (2-нэ Iыхьэр), Нарткъалэ Гъурфым и цIэр зезыхьэ и уэрамым тет жыг хадэ цIыкIум, Май къалэм Комаровым и цIэр зезыхьэ уэрамым лъакъуэрыгъажэкIэ къыщажыхь и лъагъуэм, Бахъсэненок къуажэм сабийхэм я джэгупIэмрэ зыгъэпсэхупIэмрэ, Дзэлыкъуэкъуажэм «Зэныбжьэгъугъэ» и паркым, Тырныауз къалэм «Бахъсэн» спорт комплексым деж къыщыщIэдзауэ фэтэр куэду зэхэт унэ №45-м нэсыху и лъэс зекIуапIэм, Къэщкъэтау поселкэм и утыку нэхъыщхьэм. 
Нэгъабэ ирагъэкIуэкIа урысейпсо интернет IэIэтым ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым мы гъэм щагъэзащIэ пэхуэщIэу 8, цIыхухэр куэду щызэхуэс щIыпIэхэр зэIузэпэщ щIыным хуэунэтIахэу. А лэжьыгъэхэм псоми сом мелард ныкъуэм щIигъу трагъэкIуэдэнущ. 
Абыхэм нэмыщI, лъэпкъ пэхуэщIэхэмрэ къэрал проектхэмрэ япкъ иткIэ ди республикэм цIыхухэр куэду щызэхуэс и щIыпIэу 35-рэ зыхуей хуагъэзэнущ мы гъэм. 
 

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: