Гурэ псэкIэ къыхиха IэщIагъэ

Иджыблагъэ фIыщIэ тхыгъэ гуапэ къытIэрыхьащ Налшык къалэ дэс ГъукIэпщ Ларисэ къыбгъэдэкIыу. Абы и Iэм игъуэта сэкъатым къыхэкIыу, и Iэпхъуамбэхэр хуэмыгъэхъеижу, къеузу хъуат. Ар щагъэхъужыфынур Медицинэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэмкIэ Саратов къалэ клиникэ сымаджэщыр (СГКБ СМП) арауэ къыщищIэм, тридзэри кIуащ. Ларисэ и Iэр операцэ ящIа нэужь, зыкъызэрищIэжу и Iэпхъуамбэхэр зэрыхъейм, и Iэр зэрымыузыжым гу лъитат. Абдеж щегъэжьауэ фIыщIэ яхуищI зэпытщ ар операцэ зыщIа категорие нэхъыщхьэ зиIэ врач-хирург, микрохирургиемкIэ IэщIагъэлI пашэ Поляковэ Еленэрэ абы и гъэсэн, дохутыр ныбжьыщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республкэм щыщ Гъуэтыж Къантемыррэ. 
 Къантемыр Псыгуэнсу къуажэм къыщалъхуащ, курыт еджапIэ №3-р къиухри, Саратов дэт, Разумовский В.И. и цIэр зезыхьэ къэрал медицинэ университетым щIэтIысхьащ. ЕхъулIэныгъэхэр иIэу илъэсихкIэ еджа нэужь, ординатурэм иджыри илъэси 2-кIэ и щIэныгъэмрэ Iэзагъымрэ щыхигъэхъуащ «Хирургия» унэтIыныгъэмкIэ, иджыпсту Медицинэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэмкIэ Саратов къалэ клиникэ сымаджэщым щолажьэ фIыщIэрэ щытхъурэ иIэу. Дохутыр щIалэр и сабиигъуэм щегъэжауэ, медицинэ IэщIагъэм ехъуапсэу щытащ икIи биологиер фIэгъэщIэгъуэну иджащ. Псом хуэмыдэу цIыхум и Iэпкълъэпкъхэр, ахэр зэрызэхэтыр зригъэщIэну хуэпабгъэрт. Ауэрэ узыфэр къызыхэкIыр, ар зэрагъэхъужыр зэригъэщIэну иужь ихьащ. Нэхъыжь классхэм нэса нэужь, абы ищIэрт медицинэр къызэрыхихынур. А гурылъыр и адэ-анэми къыдаIыгъри, Саратов еджакIуэ кIуащ, лэжьыгъэм щыпэрыхьари аращ. 
Къантемыр къыхиха унэтIыныгъэри къызэрыгуэкIкъым, «Хирургиеращ» абы игу нэхъ дыхьар. Лэжьыгъэ хуэхъуар Iэхэм къеуалIэ узыфэхэр гъэхъужынырщ. Куэдрэ къохъу Iэм сэкъат щигъуэт е щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ Iэпхъуамбэхэр къамыгъэшыфу, зэкIэщIамыхыфу, уеблэмэ ямыгъэхъеифу. Я Iэхэр къадэмыбзыж хъууэ е къупщхьэр къутауэ, лъынтхуэхэм зыгуэр къащыщIауэ, нерв диубыдауэ зыкъыщытхуагъазэ. Iэр, Iэпхъуамбэр щIэмылэжьэжым и щхьэусыгъуэр къихутэу, ар зэригъэхъужын Iэмалыр къигъуэтын хуейщ дохутыр щIалэм. 
«Медицинэ IэщIагъэм пэрытым дежкIэ нэхъыщхьэ дыдэр емызэшу и щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ хигъэхъуэнырщ. Iуэхум упэрыхьагъащIэмэ, дохутыр Iэзэхэм операцэ зэращIым уеплъын хуейщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, уи нэмкIэ плъагъумрэ уи IэмкIэ пщIэмрэ куэдкIэ нэхъыфIу уигу ибоубыдэ къыбжаIэмрэ укъызэджэмрэ нэхърэ. Си дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ дызэджар къызэрыдгъэсэбэпыну щIыкIэр дэзыгъэлъагъун дохутыр лъэрызехьэхэм ядэлэжьэным. ИкIи занщIэу дохутырыфI ухъуну уи нэр къыхуикIын хуейкъым, ар илъэс бжыгъэкIэ зэрагъэгъуэт IэщIагъэм и пIалъэщ, медицинэм щехьэлIам деж тIууащIэу нэхъ гугъущ», - жеIэ Къантемыр. 
Мы IэнатIэм пэрыхьагъащIэр гугъуехь куэдым пхыкIын хуей мэхъу, псом хуэмыдэу щIэзыдзагъащIэм и Iуэхур тыншкъым. Ауэ ар зэрымытыншыр ищIэу къыхихащ Гъуэтыжым. Сыт и лъэныкъуэкIи хуэхьэзырщ. Iуэхур зыIутыр зэригъащIэмэ, адэкIэ хигъахъуэ зэпыту лэжьэн хуейуэ аращ. Абы папщIэ зыхуэныкъуэр гъэсакIэфIщи, абыкIэ и кIэн къикIащ щIалэм. Ар врач-хирург, микрохирургиемкIэ IэщIагъэлI пашэ Поляковэ Еленэщ. Ди лъэпкъэгъур ординатурэм зэрыкIуэу гу лъитат бзылъхугъэм и Iуэху бгъэдыхьэкIэм, сымаджэхэм зэрахуэгумащIэм, сыт хуэдэ Iуэхуми цIыхуми гулъытэ хэха зэрахуищIым, гугъуехьхэр зэрызэфIихым. ИкIи егупсысащ, абы пэщIэхуэмэ, куэдым зэрыхуигъэсэнум. 
ИужькIэ, и гъусэу лэжьэн щIидзэри, абы илъэгъуащ Еленэ операцэ Iэзэу зэрищIыр. КъищынэмыщIауэ, и нэIэ щIэт щIалэр тригъэгушхуэрт, къыдэIэпыкъурт, зыгуэрым шэч къыщытрихьэ къэхъумэ, псори хузэпкърихырти, ипэкIэ игъэкIуатэрт. Иджыпстуи апхуэдэу зэдолажьэ дохутырымрэ и гъэсэнымрэ. Уеблэмэ абы шэч къытрихьэркъым Къантемыр дохутырыфI зэрыхъунум, езыри абы и гугъапIэхэр зэригъэпэжыным иужь итщ. 
Ар къохъулIэн папщIэ уеджэн, улэжьэн, уигурэ уи щхьэрэ зэтелъу къыхэпха IэнатIэм упэрыт хуейщ. «Си IэщIагъэр хуабжьу гъэщIэгъуэнщ, апхуэдэ дыдэуи жэуаплыныгъэшхуэ пылъщ. Сыт хьэкIэ жыпIэмэ, цIыхур зэрыIэбэ, Iуэху зэрищIэ Iэр Iэпкълъэпкъхэм я нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Абы къыхэкIыу псантхуэ, лъынтхуэ, хуэ лIэужьыгъуэхэм сэкъат ягъуэтамэ, цIыхур егъэгужьей, Iэпхъуамбэхэр мылэжьэж мэхъури. Ахэр цIыкIуфэкIу защIэу зэхэт, ауэ мыхьэнэшхуэ зиIэ пкъыгъуэщ, фIыуэ хэпщIыкIын хуейуэ. Сэ си мурадщ щIэныгъэм хэзгъахъуэу сылэжьэну. Къыхэсха унэтIыныгъэр къызыхуэтыншэу зэзгъащIэмэ, дохутырыфIи сыхъунщ», - жеIэ Гъуэтыжым. 
ДохутырыфIым сыт хуэдэ хьэл-щэн хэлъын хуейми дыщыщIэупщIэм Къантемыр жиIащ: 
- Ахэр куэд дыдэ мэхъу. Ауэ къыхэбгъэщмэ, псом япэу гущIэгъулыуэ щытыпхъэщ, дауи. Жэуаплыныгъэ ин хэлъын хуейщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы цIыху гъащIэр, итIанэ узыншагъэр и IэмыщIэ илъщ. Апхуэдэуи хирургыр Iуэхум тегушхуэфу щытыпхъэщ. Сымаджэр къызэрызэфIэбгъэувэжын Iэмалыр къэплъагъуфрэ цIыхур бгъэхъужыфмэ, удохутырыфIщ. Абыхэм ядыщIызгъунт къыпэкIуэнкIэ хъуну фейдэм, пщIэм уемыгупсысу, уи гумрэ уи псэмрэ къабгъэдэкIыу цIыхум узэрыдэIэпыкъу хьэл дахэр. Дохутырыр нэгъуэщIу лэжьэфынукъым. Зыкъыхуэзыгъэза цIыхур зыкIи къекIуалIэркъым, ицIыхуххэкъым, зыри къыхуищIакъым икIи къыдэIэпыкъуакъым, ауэ езыр хэти сыт щыгъуи дэIэпыкъуну хьэзыру щытыпхъэщ. Дохутыру ущылажьэкIэ, сымаджэр уи щхьэ Iуэхум япэ ибгъэщыныр гъащIэми, IэщIагъэми, къулыкъуми къыпхуагъэув. Зи гугъу сщIыр щытхъурэ фIыщIэрэ ущымыгугъыу улэжьэнырщ. Нэхъыщхьэ дыдэу дохутырым хэлъын хуей щэнщ ар.
Къантемыр игу хэзыгъахъуэу и IэщIагъэм хэлъхэри мащIэкъым. «Уи нэгу къыпхущIэгъэхьэнукъым цIыхум узыр щхьэщыпхауэ, бгъэхъужауэ и нэр къыщыплъэжам деж дохутырым гурыфIыгъуэу зыхищIэр. И IэмкIэ Iуэху имыщIэфу, хуэмыгъэхъейуэ, къеузу къэкIуа сымаджэр операцэ нэужьым и гур зэгъэжауэ фIыщIэ къыщыпхуищIкIэ, пщIэ лэжьыгъэм и уасэр къыбгуроIуэ, абы сэбэп узэрыхуэхъуам уэ ущогуфIыкI», - жеIэ абы. 
Нобэ ехъулIэныгъэхэр иIэу зи IэщIагъэм пэрыхьагъащIэ щIалэр нэхъыбэу зи ужь итыр и IэщIагъэм и щэху псори къищIэнырщ, дохутырыфI хъунырщ. Хэт ищIэрэ, зэгуэри Налшык къигъэзэжынкIэ хъунщ, ауэ здэщыIэ щIыпIэм емылъытауэ, ар сыт щыгъуи хьэзырщ и лъахэгъухэм ядэIэпыкъуну.
НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться:

Читать также: