ЩIэпхъаджагъэхэр къызэпауд

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу КъБР-м щыIэм щекIуэкIа брифингыр теухуат наркотикхэкIхэмрэ Iэщэрэ хабзэншагъэкIэ игъэ­кIыным пыщIа щIэпхъаджагъэхэр къэмыгъэхъу­ным, апхуэдэу ялэжьахэр къыщIэгъэщыным. 

КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэбграгъэхым кIэ­лъыплъынымкIэ и управленэм и унафэщI, полицэм и подполколвник Къэзэр Аслъэн къы­зэрыхигъэщащи, дызэрыт 2026 илъэсым хабзэншагъэкIэ ирагъэкIыну зыхэта наркотикхэкIрэ акъылыр зыгъэу­тхъуэ пкъыгъуэхэу килограмм 26-м щIигъу къытрахащ, абы пыщIа щIэпхъаджагъэу 180-м нэс къыщIагъэщащ. Къызэпаудащ хамэ къэрал цIыхуи 8-м ялэжь щIэпхъаджагъэр, абы­хэм ятеухуа уголовнэ Iуэхухэр судым Iэрагъэхьащ. 
НэгъуэщI хабзэхъумэ IэнатIэхэм ящIыгъуу къэлъыхъуэ­ныгъэхэр щрагъэкIуэкIым зэ­хуащIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм наркотик­хэкIхэр къызэрырагъэхь Iэмалхэу 10. 
Ятхащ зэщIэгъэуIуа гупым ялэжьа щIэпхъаджагъэу 11, ипэкIэ зэгурыIуэу зэрахьахэу 36-рэ. КъБР-м щыIэ МВД-м следствэмрэ дознаниемкIэ и къудамэхэм щIэпхъаджагъэ 226-м теухуа уголовнэ Iуэхухэр судым Iэрагъэхьащ. 
КъБР-м щыIэ МВД-м жы­джэру ирегъэкIуэкI наркотикхэр ИнтернеткIэ хабзэншагъэкIэ зэбгрегъэхыным пы­щIа Iэмалхэр къызэпыудыным теу­хуа Iуэху­хэр. 2026 гъэм и мази 5-м къыщIагъэщащ наркотикым пыщIауэ хуит ямыщI хъыбархэр зралъхьэ сайтрэ интернет напэкIуэцIу 95-рэ. 
Республикэ УНК-м и уна­фэщIым къыхигъэщащ щIалэгъуалэр наркоманием щыхъумэным теухуауэ ирагъэ­кIуэкI республикэ акцэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр. Абыхэм ящыщщ «Ди сабийхэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэм­рэ папщIэ» жыхуиIэр. ­КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэны­гъэмкIэ и министерствэм къы­зэритамкIэ, абы хэтащ школакIуэрэ студенту мини 100-м нэблагъэ, апхуэдэуи адэ-анэу мин 31-м щIигъу. 
Iэщэхэр хабзэншагъэкIэ зегъэкIуэным пыщIа щIэпхъаджагъэхэр къэмыгъэхъуным­рэ апхуэдэу ялэжьхэр къыщIэгъэщыным ехьэлIауэ къагъэ­сэбэп Iэмалхэм жур­налистхэр щигъэгъуэзащ КъБР-м щыIэ МВД-м Уголовнэ къэлъы­хъуэ­ныгъэмкIэ и управленэм и уна­фэщIым и къуэдзэ полицэм и полковник Къущхьэ Еленэ. Ар зэпкърыхауэ тепсэлъы­хьащ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм икIи жиIащ илъэсыр къызэрихьэрэ хабзэншагъэкIэ Iэщэхэр зегъэкIуэным ехьэлIа щIэп­хъаджагъэу КъБР-м и хабзэ­хъумэ IэнатIэхэм 50 къызэ­ры­щIагъэщар. Судым ягъэхьащ ягъауэ Iэщэу 14 къызэрытрахам теухуа уголовнэ Iуэхухэр. 
- Яхъумэ Iэщэр езыхэм зэратым пэкIуэу ахъшэ зэрыратыр IэмалыфIщ абы и лъэны­къуэкIэ ялэжь хабзэншагъэхэр гъэмэщIэнымкIэ. Къэралым апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм цIыху­хэр трегъэгушхуэ, зи фIэ­фIы­ныгъэкIэ Iэщэр зытхэм е ар здэщыIэм теухуа хъыбар къе­зыгъащIэхэм уголовнэ жэ­уапыр ящхьэщихкIэри,- къыхигъэщащ абы.
УУР-м и унафэщIым и къуэ­дзэм жиIащ мы гъэм мази­тхум къриубыдэу цIыхухэм Iэ­щэ­рэ абы и пкъыгъуэхэу 17 зэ­ратар икIи абы пэкIуэу сом 208 920-м щIигъу зэраIэрыхьар. 
Брифингым и кIэухым спикерхэм журналистхэм я упщIэ­хэм жэуапхэр иратащ. 

ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэ.
Поделиться: