Хэхыныгъэхэм зыхуагъэхьэзыр

Къэбэрдей-Балъкъэрым ЦIыхухэм я хуиты­ныгъэхэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ Зумакулов Борис деж щыIэ Эксперт советым и зи чэзу зэIущIэ мэкъуауэгъуэм и 30-м КъБР-м и Правительствэм и Унэм щекIуэкIащ.

Зэхыхьэм Iуэхугъуэ зыбжанэм щытеп­сэ­лъыхьащ. Абыхэм ящыщщ цIыхухэм хэхыныгъэ и лъэныкъуэкIэ я хуитыныгъэхэр хъума, я фIэ­фIыныгъэкIэ къагъэсэбэпа зэрыхъуным теу­хуар, езы IэнатIэм 2026 гъэм и япэ мазихым ­къриубыдэу иригъэкIуэкIа лэжьыгъэр зыхуэдэр, лъэхъуэщхэм исахэр жылагъуэ гъащIэм къы­щыхыхьэжкIэ зыIууэ лъэпощхьэпохэр къызэра­нэкIа зэрыхъуным хуэгъэзар, дзэм хэтхэм за­щIэгъэкъуэным ехьэлIар. 
КъБР-м ЦIыхухэм я хуитыныгъэхэр хъумэ­нымкIэ и Уполномоченнэм деж щыIэ Эксперт ­советыр мы зэманым иужь йохьэ 2026 гъэм и фокIадэм ирагъэкIуэкIыну хэхыныгъэхэм зы­хуэгъэхьэзырыным. КъызэгъэпэщакIуэхэр иригъуэзэнущ омбудсменхэм я зэIущIэу УФ-м и ­къалащхьэм щекIуэкIам зыщытепсэлъыхьахэм­рэ абдежым къыщащта унафэхэмрэ. 
Къыхэдгъэщ зэрыхъунумкIи, мазэ блэкIам и 17-м ди къэралым и щыхьэрым, УФ-м ЦIыхухэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ и Уполномоченнэ Лантратовэ Янэ и нэIэ щIэту, УФ-м ХэхыныгъэхэмкIэ и центральнэ комиссэм и унафэщI Памфиловэ Эллэ яхэту, щызэхаша зэхуэсым щытепсэлъыхьащ хэхыныгъэхэм екIуалIэхэм е я унэм щIэсу хэтыну зезыгъэтххэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ щыIэ Iуэху бгъэдыхьэкIэхэр зыхуэдэмрэ а унэтIыныгъэм ехьэлIауэ гу нэхъ зылъытапхъэхэмрэ. 
Хэхыныгъэхэр зэрекIуэкIым щыкIэлъыплъкIи, КъБР-м и Эксперт советым гъуазэ нэхъыщхьэу иIэнур, къызэрыхэдгъэщащи, ищхьэкIэ щыIэ федеральнэ IэнатIэу зи жыIэ тетым къыщащта унафэхэрщ. 
Iуэхугъуэ нэхъыщхьэм ехьэлIауэ къыщыпсалъэм, Зумакулов Борис къыхигъэщащ:
- Ди гуапэ зэрыхъунщи, къызэднэкIа илъэс пщIы бжыгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, ди республикэр хэхыныгъэхэр къызыхуэтыншэу щегъэкIуэкIынымкIэ къэрал псом къыщыхэжаныкIахэм ящыщщ, а бгъэдыхьэкIэм дяпэкIи дызэрытетынымкIи ар шэсыпIэщ. Къалэн ­нэхъыщхьэу зыхуэдгъэувыжхэм хыдобжэ, ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къытхуигъэлъэгъуа Iуэху зехьэкIэм дригъуазэкIэрэ хэхыныгъэхэм цIыху къэс езым нэхъ зытри­гъащIэр къыщигъэлъэгъуэным хуэгъэзауэ тын­шыгъуи, хуиты­ныгъи, хуей хъумэ шынагъуэншагъи къыхузэдгъэпэщынымкIэ тлэкI къэд­гъанэ зэрымыхъунур, - къыхигъэщащ щIыналъэм и омбудсменым. 
Зумакуловым и псалъэм къыпащащ КъБР-м ХэхыныгъэхэмкIэ и комиссэм и тхьэмадэм и ­къуэдзэ Джаппуев Мусарэ «КъБР-м и муници­пальнэ къызэгъэпэщыныгъэхэм я совет» жы­хуаIэм деж щыIэ гъэзэщIакIуэ гупым и унафэщI Маслов Николайрэ. 
Эксперт советым иджырей и зэхыхьэм япэ Iуэхугъуэм ехьэлIауэ къыщащта унафэм къы­зэрыщыгъэлъагъуэмкIэ, хэхыныгъэхэр хабзэм тету зэрекIуэкIым кIэлъыплъынухэм ящыщу ­КъБР-м и Уполномоченнэм деж къыщызэрагъэпэщыну гуп щхьэхуэм хэтынухэм, цIыхухэм я упщIэхэм жэуап иратыж къудей мыхъуу, щIыпIэ-щIыпIэкIэри къыщакIухьынущ. 
ЗэIущIэм щыжаIам тетщIыхьмэ, КъБР-м и Правительствэм щыщхэм, ХэхыныгъэхэмкIэ ­комиссэхэм хэтхэм, республикэм Лэжьыгъэм­рэ социальнэ хуитыныгъэхэмкIэ и министерствэм и лIыкIуэхэм зэдыщIаплъыкIынущ а махуэм Iуэхур щекIуэкIыну унэхэмрэ пэш щхьэхуэхэм­рэ хэхакIуэхэм ящыщу зи Iэпкълъэпкъ къызыдэ­мыбзхэр хуиту икIи лъэпощхьэпоуншэу екIуалIэ зэрыхъуну щIыкIэр зыхуэдэр… 

Тхыгъэри сурэтри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.
Поделиться: