Илъэс ипэкIэ мащIэщ ар зыцIыхуу щытар, иджы Урысей Федерацэм футболым зыгуэр нэхъ мыхъуми щыхэзыщIыкIхэм я бзэгупэм телъщ. Зи гугъу сщIыр Урысей премьер-лигэм и судья нэхъыщхьэ Тэнащ Иналщ.
Совет Союзым и лъэхъэнэм щыщIэдзауэ нобэр къыздэсым Кавказ Ищхъэрэм щыщу ди къэралым и топджэгу командэ нэхъыфIхэм я зэIущIэхэм щылэжьэну нэхъапэм къызыхуихуар Осетие Ищхъэрэм щыщ Чехоев Владимиррэ Шэшэным щыпсэу Ибрагимов Лом-Алийрэщ. Ахэр судья нэхъыщхьэу щыщытар блэкIа лIэщIыгъуэращ. Инал утыку къихьа къудейщ.
Нэгъабэ, бадзэуэгъуэм и 27-м, «Оренбург»-мрэ Мэхъэчкъалэ и «Динамо»-мрэ я зэIущIэм и судья нэхъыщхьэу Тэнащ Инал япэ дыдэу Урысейм футболымкIэ и премьер-лигэм кърагъэхьащ. Ар и къалэнхэм дагъуэншэу пэлъэщащ икIи кIуэ пэтми дзыхь нэхъ къыхуащIурэ лъэ быдэкIэ уващ. Абы и щыхьэтщ 2025 - 2026 гъэхэм екIуэкIа зэхьэзэхуэм и судья нэхъыщхьэу щытахэм я рейтингу Урысей Футбол Зэгухьэныгъэм зэхигъэувар. Арбитру 26-рэ премьер-лигэм щылэжьати, Тэнащ Инал етIуанэ увыпIэр иубыдащ. Бжьыпэр илъэс етIуанэ хъуауэ зыIыгъ Санкт-Петербург щыщ Левников Кирилл ди лъахэгъур къызэрыкIэрыхуар баллым и 0,003-щ. Апхуэдэ ехъулIэныгъэ япэ илъэсым зиIа зэи къэхъуакъым Инал фIэкIа. Хьэлэмэтращи, абы нэхърэ нэхъыбэрэ (21-рэ) судья нэхъыщхьэу зэIущIэхэм щылэжьаи зэхьэзэхуэ блэкIам яхэткъым. Джэгугъуи 6-р хьэлъэ дыдэхэм хабжащ икIи дэтхэнэми дагъуэншэу пэлъэщащ.
Илъэсым и судья нэхъыщхьэ нэхъыфIыр кърыхагъэщхьэхукIыу икIи саугъэт пэлъытэу Урысейм и кубокым и суперфиналым щылэжьэну ягъакIуэ. Мы гъэм и накъыгъэ мазэм апхуэдэ дзыхь ирагъэзащ Тэнащым икIи Москва дэт «Лужники» стадион абрагъуэм цIыху мин 73-рэ ису «Спартак»-мрэ «Краснодар»-мрэ я кIэух зэIущIэм и судья нэхъыщхьэу щытащ. Апхуэдэу щIалэу ар дзыхь зыхуащIа нэхъапэм щыIакъым икIи абыи фIы дыдэу и къалэнхэм ди лъахэгъур щыпэлъэщащ.
Иджыблагъэ «Спорт-Экспресс» газет цIэрыIуэм иригъэкIуэкIа щIэупщIэныгъэми премьер-лигэм блэкIа и зэхьэзэхуэм и судья нэхъыщхьэ нэхъыфIу къыщалъытар Тэнащ Иналщ. Адрейхэр абы куэд дыдэкIэ къыкIэрыхуащ.
Абы щыгъуэми а щIалэщIэм и ныбжьыр илъэс 29-рэ хъууэ аращ. Налшык къыщалъхуащ, «Спартак-Налшыкым» и футбол школым зыщигъэсащ, арщхьэкIэ пасэ дыдэу топ джэгуныр IэщIыб ищIын хуей хъуащ фэбжь зэригъуэтам къыхэкIыу. Тэнащхэ лъэпкъкIэ зыщыщ Урыху къуажэм футбол командэ къыщызэригъэпэщауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и чемпионатым ехъулIэныгъэкIэ щегъэджэгу. Топджэгум и судьяуэ щытыным пасэу дихьэхащ икIи и щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ хигъахъуэурэ лъагапIэхэм я нэхъ иным нэсащ. ИпэжыпIэкIэ уафэхъуэпскIыу щызэщIэлындащ Тэнащ Инал урысей футболым. Дауи, шэч къытетхьэркъым къызыхэкIа лъэпкъымрэ зыщыщ лъахэмрэ я пщIэр лъагэу иIэту адэкIи утыкушхуэхэм зэритынум, Тхьэм къыхузэпищэ!