Псалъэр я Iэщэу

Бгырыс лъэпкъхэм я тхыбзэ зэрагъэпэщыжу, къуажэ еджапIэхэр къызэIуахыу, адыгэ щIэныгъэлIхэм еджапIэхэр зыхуей тхылъхэр ягъэхьэзыру щадза нэужь, сабий литературэм зиужь хъуащ. ЩIэныгъэлI ХьэкIуащэ Андрей и лэжьыгъэхэм къызэрыхэщыжымкIэ, 20-30 гъэхэм лъэужьыфIэу ежьа лъэпкъ сабий литературэр къызэтригъэувыIащ фашистхэм ди хэкум къращIылIа зауэм. Ауэ а лъэхъэнэ гугъуми псалъэр я Iэщэу бийм пэщIэува ди тхакIуэхэм ар IэщIыб ящIакъым. Нэхъ иужьыIуэкIэщ апхуэдэ тхыгъэхэр дунейм къыщытехьэжар, ауэ ныбжьыщIэ лIыхъужьхэр зыхэт тхыгъэ купщIафIэхэр я Iэдакъэ къыщIэкIащ Хьэнфэн Алим, Шортэн Аскэрбий, ЩоджэнцIыку Iэдэм, КIыщокъуэ Алим, Щомахуэ Амырхъан, Къардэн Бубэ, Нало Ахьмэдхъан сымэ, нэгъуэщIхэми. ЗауэлI шинелыр щызыхыжыну хунэмыса апхуэдэ тхакIуэхэрщ зауэ нэужьым сабий литературэм псынщIэу зезыгъэужьари.

Сабийхэм папщIэ ятх тхыгъэхэм балигъхэри дихьэхыу щытын хуейуэ жызыIа урыс критик цIэрыIуэ В. Белинскэм и псалъэхэр и гъуазэу щытащ Щомахуэ Амырхъан. Балигъым фIэмыгъэщIэгъуэн усэм сабийр итхьэкъункIэ угугъэныр щхьэгъэпцIэжщ. Абы фIыуэ къыгурыIуэрт сабийр зыхэпсэукI дунейр. НыбжьыщIэ цIыкIухэм гъэсэныгъэ тэмэм, щIэныгъэ куу етынырщ насыпым и хэкIыпIэу усакIуэм къилъытэр. Абыхэм псэукIэ дахэ, гъащIэ насыпыфIэ къахузэгъэпэщынырщ абы и усэхэр зыхуэлажьэр.

Сабийр анэм е адэм пщыхьэщхьэкIэрэ зыщIигъэдэIу таурыхъхэм хуэдэу IуэтэгъуафIэщ, гукъинэщ, гъэщIэгъуэнщ абы усэ къызыхищIыкI хъыбархэр. Щомахуэм и сабий тхылъхэм гъэсэныгъэ-ущииныгъэ мыхьэнэ ин яIэщ, цIыхур фIым къыхуриджэу, Iейм щигъэмэхъашэу щытщи. Аращ ди адыгэ сабийхэм ар фIыуэ щIалъагъури.

Щомахуэ Амырхъан сабий литературэр зэфIэувэным хэлъхьэныгъэ нэхъыбэ хуэзыщIа ди тхакIуэ пажэхэм ящыщ зыщ. Ар тетхыхьырт дыкъэзыухъуреихь дунейм къыщыхъу-къыщыщIэхэм, мэзым щIэс псэущхьэхэм, еджакIуэхэм я гъащIэм, я IуэхущIафэхэм, абыхэм я зэхущытыкIэхэм.

УсакIуэм и лIыхъужь цIыкIухэр лъэхъэнэм и цIыхухэщ. Егъэлеиныгъэ хэмылъу, абы ныбжьыщIэхэм я образ удэзыхьэххэр ди пащхьэ кърилъхьэрт. АдэкIэ къэкIуэнум ухуэпIащIэу, абы и тхыгъэхэр щIыбоджыкI.

Абы и лIыхъужьхэм куэду яхэтщ «щIалэфI», «хъыджэбзыфI» цIыкIухэр, «жыIэдаIуэхэр». Абы и тхыгъэхэм уащрохьэлIэ «жыIэмыдаIуэхэми», «къуейщIейхэми». Абыхэм ящыщхэр зэрырагъаджэ тхылъхэм ихуауэ ноби еджапIэхэм щадж.

Нобэрей адыгэ сабийхэм папщIэ литературэм и щытыкIэм уригъуазэмэ, гу лъумытэу къанэркъым драматургиер усыгъэми прозэми къакIэрыху хуэдэу зэрыщытым. ЗэрытщIэщи, литературэм и адрей лIэужьыгъуэхэм еплъытмэ, драматургиер сыт щыгъуи нэхъ псынщIэу зэманым пэджэж, гъащIэм и пэжыр нэхъ IупщIу нэрылъагъу пщызыщI жанрщ. Дэтхэнэм дежкIи гурыIуэгъуэу къыщIэкIынщ сабийхэм зэхах, къызэджэ, зытепсэлъыхь Iуэхугъуэхэм нэхърэ художественнэу псыхьа теплъэгъуэрэ едзыгъуэу зэхэлъ пьесэхэм къытращIыкI спектакльхэм еплъмэ, ар я нэгу щIэкIмэ, художественнэ псалъэм и къарур нэхъри нэсу къызэрыгурыIуэнур, зэрызэхащIыкIынур.

Сабийхэм хуэгъэза лъэпкъ драматургием тхыдэ ин иIэкъым. Абы къыхэкIкIэ, ар зэфIэува хъуным, и хабзэ гуэрхэр зэпэщыным елэжьахэм я цIэ къитIуэныр тэмэму къыдолъытэ. Псом япэу фIы и лъэныкъуэкIэ къыхэгъэщыпхъэщ ЛУГ-м и егъэджакIуэу щыта ЩэрэлIокъуэ Талъостэн, абы 1934 - 1937 гъэхэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэшхуэр. ЕтIуанэу 1921 - 1924 гъэхэм къэунэхуа япэ драматическэ гупжьейхэми къалэн пыухыкIахэр ягъэзэщIащ. Ещанэу, а драматургием и гъуэгуанэщIэт 1931 гъэм ифокIадэм и 10-м Налшык къыщызэрагъэпэщауэ щыта сабий театрыр. А гъэ дыдэм щэкIуэгъуэм и 20-22-хэм гъуазджэмкIэ япэ област зэпеуэ екIуэкIауэ щытащ. А сабий театрым къыпэщыта къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыт Къэбэрдей-Балъкъэр лъэпкъ театыр къызэгъэпэщыныр.

Мыхьэнэшхуэ иIащ 1931 гъэм и дыгъэгъазэ мазэм Дон Iуфэ Iут Ростов бгырыс лъэпкъхэм я самодеятельнэ гъуазджэр щагъэлъэгъуа япэ край олимпиадэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и творческэ гупи зэрыхэтам. Абы теухуауэ «Молот» газетым 1931 гъэм и дыгъэгъазэм и 11-м мыпхуэдэу итхыжат: «Къэбэрдей-Балъкъэрым къикIа гупым ягъэлъэгъуащ ЛУГ-м щеджэу Бэрэздж Абурэ Чым Темботрэ зэдатха «ЛIыжьхэр» пьесэр, абы щыджэгуар тхыгъэр зи IэдакъэщIэкIхэрщ».

ЯIэ хъуа зэфIэкIымрэ зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэ IупщIхэмрэ хэкIыпIэ хуэхъуауэ плъытэ хъунущ 1933 гъэм Налшык къыщызэрагъэпэщауэ щыта Театреплъ ныбжьыщIэр. (ТЮЗ). Лъэпкъ репертуарымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым драматическэ гупхэр щызэкъуэгъэувэнымкIэ абы мыхьэнэуэ иIар лъытэгъуейщ.

1924 гъэм ЛУГ-м къыщызэрагъэпэща лъэпкъ драмэ гупжьейхэр плъытэ хъунущ драматургием и къежьапIэу. ЕджапIэ къалэ цIыкIум и драмэ гупжьейхэм я япэ спектаклхэр зэхэтт гъащIэ теплъэгъуэ кIэщI цIыкIухэурэ. А зэманым ягъэлъагъуэу щыта теплъэгъуэхэр я IэдакъэщIэкIт ЩэрэлIокъуэ Талъостэн, Борыкъуей ТIутIэ, Блайхэ Къэрэщейрэ Увжыкъуэрэ, ЩоджэнцIыкIу Алий, Мыд Хьэжмусэ, ШэкIыхьэщIэ Пщыкъан, Шортэн Аскэрбий, Щоджэн Хьэзешэ, нэгъуэщIхэми.

Къыхэгъэщыпхъэщ 20 гъэхэм лъэпкъ литературэм литературэм и жанр псори къыхуэгъэсэбэпу зэрыщымытар, ауэ ехъулIэныгъэ пыухыкIахэр зыIэригъэхьат драматургием. Лъэпкъ тхакIуэхэм а жанрым гулъытэ лей хуащIыныр, абы нэхъ елэжьыныр къыхэкIащ а лъэхъэнэм ди цIыхухэм я дежкIэ ар нэхъ гурыIуэгъуэу, зэхэщIыкIыгъуафIэу зэрыщытар.

30 гъэхэм адыгэ драматургием зыIэрегъэхьэ ехъулIэныгъэ пыухыкIахэр ар зи фIыгъэр хэкум япэ лъэпкъ театрхэр щыIэ зэрыхъуарщ – 1933 гъэм ТЮЗ-р, 1937 гъэм колхоз-совхоз театрыр, абыхэм щылэжьэнухэр зэрагъэхьэзырарщ, ЩэнхабзэмкIэ унэхэм, клубхэм я художественнэ самодеятельнэстхэм я лэжьыгъэр зэрефIэкIуарщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, еджакIуэ цIыкIухэр гъащIэм жыджэру хэшэнымкIэ мыхьэнэшхуэ иIащ егъэлеиныгъэ гуэрхэр хэлъу щытми, шэрджэс тхакIуэ ДыщэкI Мухьэмэд и сабий пьесэ «Сабийхэмрэ бийхэмрэ» зыфIищам. Ауэ адыгэ драматургием, сабийхэм папщIэ ятхахэри хэту, я зыужьыныгъэр къызэпаудащ а илъэсхэм къэралым гуащIэу щекIуэкIа политикэ залымыгъэхэм. Репрессием лажьэншэу ихьащ къэжэпхъыу хуежьа лъэпкъ интеллигенцэм щыщ куэд. Абы къыхэкIыу сабий литературэр гъуэгуанэщIэ техьауэ къэплъытэ щыхъунур Хэку зауэшхуэм иужь илъэсхэрщ.

Лъэпкъ драматургхэр адыгэ сабийхэм нэхъ хуагъэзауэ щытхха лъэхъэни къэхъуащ. Абы и щыхьэтщ шэрджэс драматургхэу Абдокъуэ Маталибрэ Дэбагъуэ Мухьэмэдрэ зэдатха «Налкъут», «Iэпхъуалъэ телъыджэ», Дэбагъуэ Мухьэмэд и «Сосрыкъуэ», къэбэрдей усакIуэхэу Къэжэр Петр и «Албэч и къуэ Бекъан», Бещтокъуэ Хьэбас и «Насрэн ЖьакIэ», IутIыж Борис и «Хьэлэмэтыр матэм исщ», «Нартхэ я дыгъэ» пьесэ-псысэхэр, Къармокъуэ Хьэмид и «ПщыкIущымрэ пщыкIуиймрэ», ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр и «Дыкъэрэ Ныкъэрэ», Ерчэн Леонид и «Жэхьфар-дадэ и таурыхъхэр» пьесэхэр, интермедиехэр, теплъэгъуэ кIэщIхэр.

Абы я тхыгъэхэм нэхъыбэу лъабжьэ яхуэхъур лъэпкъым и IуэрыIуатэ къулейрщ. А налкъутналмэсым и фIыпIэр, курыхыр нобэрей щIэблэм къадэгъуэгурыкIуэм, абы сэбэпынагъэ къишэнур шэч хэмылъу гурыIуэгъуэщ. Ауэ IуэрыIуатэр зи хэкIыпIэ пьесэ уиIэныр мащIэщ. Иджырей щIэблэр таурыхъ къудейкIэ пхуэгъэсэнукъым.

ДяпэкIэ зытетхыхьыпхъэр нобэрей махуэрщ, сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я нэгу щIэкI гъащIэрщ, яку дэлъ зэхущытыкIэхэрщ.

Иджырей щIэблэр дыгъуасэрейм хуэдэжкъым, нэхъ псынщIэу заужь, я зэхэщIыкIри нэхъ инщ, куэдым гу лъатэ, куэди къагуроIуэ. Абы къыхэкIыу, щIэблэм хуэтхэ тхакIуэми драматургми я пащхьэм къалыныщIэхэр къоувэ.

Зыгъэхьэзырар ШЭРIУЖЬ Даянэщ.
Поделиться:

Читать также: