Гупсысэр – псалъэкIэ

Макъамэ

Макъамэ защIэщ мы гъащIэр! Псори, псори гухэлъ изогъащIэ! Си гур щохъу дунейм насып защIэ… Дыгъэ бзийм, удз гъэгъам, жыг Iэрысэм, уафэгъуагъуэм, уэшх хуабжьым, уэс щабэм… Псоми, псоми макъамэ къапех. Макъыу хъуари мы си гум зэхех.

И къеуэкIэр мы си гум макъамэщ, сыщигъафIэкIэ куэщIкIэ хэку-анэм. Макъамэхьу йошкIурэх псыIэрышэр… Макъамэпсэу щопсэу вагъуэр уафэм… Дэпыр пIэнкIмэ – макъамэщ, жьыбгъэр фиймэ – макъамэщ. Хэт щегъафIэр игу шы лъэ макъыр, гукъэкIыжым зыхьыжри арауэ.

Бжьыхьэр, гъатхэр, щIымахуэр, гъэмахуэр зэрощэщыр макъамэ-макъамэу. Бжьыхьэм, мес, Iэпощэщ дыщэ хъархэр. Дыжьын щIыIухэр тощащэ щIымахуэм. Гъатхэм хепхъэ гъэгъа псыIэрышэм. Къуалэбзухэр гъэмахуэм доушэ.

ЗэIэпахыр уэрэд уэми щIыми. Сахэдэну макъамэм щытамэ, уигу нэщхъейм и щымыкIэ-щыIэкIэр щызгъэIунт мы дуней макъзэхъуэкIым.

 

Архъуанэм

Гур архъуанэм ирехьэри… гъащIэ псо щоуназэ. ГукъэкIыжхэр къожажьэ, гупсысэр мэятэ. ПщIэжрэ, пщIэжрэ жыпIатэр, сигу, зэгуэр узелъатэу… Къэбгъуэтауэ, бгъэфIэну, гухэлъ IэфIу уиIэну… Уэ гухэлъыр жыпIэнут, дуней псор ууей хъунут. Сэ сыноплъырти щыму, бжезмыIэфурэ зыри, уи дунейр сфIэгуэныхьт.

Уимыхуэжу мы си бгъэм, уэми щIыми щыбгъафIэ гухэлъ нэхур зэгуэрым къыптесхынути, испхъэжынут ар уафэм. Уафэм ар имыхуэжу, хэз сфIэхъуати хьэуам… Иджы нэхъри угуфIэрт. Сэ уэсщIэн си гугъахэр пфIэделагъэу арати… бутIыпщауэ уи макъыр, лъагъуныгъэм и макъыр, удыхьэшхырт.

Сигу, щытам сфIэгуэныхьу, си гугъам узым ихьу, узи гуауи илъагъукъым, зыри хъуркъым и жагъуэ. ГъащIэм IэплIэ хуищIауэ, нэхуу уэгум щыблауэ, и гухэлъ егъэпэж. КъыIэщIэпчи, къытепхи хъуркъым гухэлъыр.

Нэпс

ПщIэжрэ щIымахуэр? ЩIымахуэ нэкIу тхъуэплъыр, укIытэхыр…  Ди зэхуэзэр…

Iэпэлъапэр писыкIыу дунейр щIыIэми, гур хуабэт. Игъэхуабэрт, игъэIэфIырт ар гуапагъэм. Уи нэхэм къащIих гуапагъэм. Къысщыхъурт ахэр уи гум и теплъэр къэзыIуатэ хъыбарегъащIэу, лIыкIуэу. Арати, уи нитIым сыщIэгъуэщащ. Срашащ абыхэм уи гум и лъахэм. Дыгъэпсыр къызэпкIыхащ, псынэпс къабзи сIубгъэхуащ. ХьэщIагъэ къызэпхащ. Аркъудейщ. Уи деж сыщыхьэщIауэ арати, си ежьэжыгъуэр къэсри… ппэIэщIэ сыхъужащ.

Иджы гухэлъыр къыстокIуэри, си нэгум щIэт уи нитIым сахуозэш. Гупсысэм гукъэкIыжхэм сыхешэж, блэкIам сехьыж. Аргуэруи, хуэмурэ сеутIыпщыж. СеутIыпщыжри, си нэкIум къытренэ уи гум къисха нэпс къабзэ. Уи гущIэм щежэх псынэм щыщ ткIуэпс тыгъэ схуэпщIащ. СлъэщIыжын сигу пыкIыркъым, езыри гъущыркъым.

 

Бжьыхьэ гупсысэ

Бжьыхьэр мэщхъыщхъ. Мэгупсысэ… Мэпсалъэ… Тхьэмпэр жьым ипхъэнкIыхукIэ, къыщIощыжыр уи теплъэр. Уи нитIыр… Уи плъэкIэр… Бжьыхьэм уи макъыр ецIыхур. Нэху щыхукIэ, бжьыхьэр уи макъым щIодэIу. Бжьыхьэм и пшэплъхэр щIыIэщ. Уи псэр зыхъумэ уафэм си гур аргуэру щыIэщ. Сигу щIыIэр. Уи гурщ сигу щIыIэм хуабапIэу иIэр. Бжьыхьэм си щэхур ещIэ… Тхьэмпэ пыщэщыр зи куэщI бжьыхьэм сэ зызогъэщIыр… Сигу хэщIу… Жьыбгъэр къысщхьэщоувэ.

Бжьыхьэр мэгувэ. И тхьэмпэ псыфхэр мывэу… И тхьэмпэ псыфхэр хьэлъэу… СигукIэ зызогъэзахуэ бжьыхьэ дунейм и щIыкIэр. Зыри зыхэмыщIыкIыу, си гур къызыхащIыкIыр. СылъапцIэщ. Бжьыхьэм еIэт и напIэр. Къоплъэри си нэ кугъуэм, сытрешэж и лъагъуэм. СынрикIуэху, услъагъуу!

Бжьыхьэр нэщхъейщ

Налъэ-налъэу зэхуэсхьэса гъащIэм бжьыхьэ уэшхыр хошхэ. ТкIуэпс щIыIэхэм къыхагъэскIыкI гъащIэр сымаджэ мэхъу. Къоуз гугъэфIкIэ гъэнщIауэ щыта зэманыр зэрыблэкIар, махуэ жагъуэхэм я уIэгъэхэр, гущIэм куууэ хыхьа гукъеуэхэр. Узхэм ягъэхыщIэ гъащIэм и псэр пыт къудейщ. Зихъумэжыфакъым… Гу пцIанэр псалъэ хьэулейхэм кIуапIэ ящIри, зэхауIухьащ. Абы гъащIэми фIы щIихакъым. ИтIани ар хуейкъым ужьыхыну, дунейм къыхуохъуапсэ…

АрщхьэкIэ имычэзууэ утыку къихьа бжьыхьэм зыкъригъэщIэжыркъым. Гъэ кIуам къыхуэгуэпа, насыпкIэ къета бжьыхьэр иджы къызэрыщIэкIыжам еплъ…УэтIпсытIщ, пшагъуэщ. Сэращ бжьыхьэр къезыджэжар. ИтIани зыхузогъэгусэ.

         Гум къоуэ и гъунэгъуу щытар зэрыгъуэщари. И фIэщ мыхъуурэ, зимыщIэжурэ, ари дунейм и плIанэпэ гуэрым щоужьых. Аращ бжьыхьэр пшагъуэ щIэхъуар. Гукъеуэу бгъэдэлъым яужьыгуащи, нэщхъейщ.

 

Уэ умакъамэщ

Уэ умакъамэщ. Псалъэ хэмыту… си хьэуам щэхуу зыхэппхъэпауэ. Уэ умакъамэщ. ЩIыуэпсым щэхуу ухэтIысхьащи, сыпIейтеижкъым – сыпщIодэIу. Укъыстощащэ. Уэ умакъамэщ. Мы си Iэпкълъэпкъым лъынтхуэу ирикIуэм ухызогуашэ. Ухызогуашэри, хуиту собауэ. СыкъощIэращIэ, гъащIэм сыпохьэ, уи псэм сыIуощIэ. Зыри жомыIэу, си гум ущыIэу, уэ умакъамэщ.

Уэ умакъамэщи, си хъуреягъыр хьэндрабгъуэ минщ. НапIэр щысIэткIэ, си Iэгу илъэтыр хьэндрабгъуэ хужьщ… Сыту ужыжьэ… сыту ухуэм… сыту усщыщ! Уэ схуэпхъумащ си гъащIэр. Уэ сыпщIэдэIуурэ, гъащIэм сыхохьэ. Си хъуреягъыр лъэс лъагъуэщ. Уэ сыпщIэдэIуурэ, си пIэм сыкъонэ, уэ сыкъыпхуонэ. Хуэму къэкIуатэ. Зыри жомыIэу, псори къызэIуэкIыж. Уэ умакъамэщ.

ГУГЪУЭТ Заремэ.

 

Поделиться:

Читать также: