Псэущхьэ гъэщIэгъуэнщ

Шыр Iущщ, уигъэгъуэщэнукъым. 1947 гъэр екIуэкIырт. Зеки и шыпхъум и къуэ Хъери нысащIэ къыхуэтшат. ЩIалэгъуалэм пшынэ зыкIэлъыкIуэ яIэ къыщIэкIынтэкъыми, «Уэ дауэ уанэш?! КIуэи зы пшынэфI къытхуэгъуэт!» жаIэри, сагъэукIытащ. «Хъунщ, хъарзынэщ, ауэ дэнэ къисхын?» щыжысIэм, «ХьэтIохъущыкъуейрэ Жамырзейрэ  кIуэ» жаIащ. ЩIымахуэ уаети, Жамырзей нэс сыкIуэфынкъым, ауэ ХьэтIохъущыкъуей сынэсынщ зыгуэрурэ жысIэри, зызгъэхьэзыращ. Гъуэгур фIыуэ зыцIыху гуэр къысщIывгъу щыжысIэм, Бесерек щыщу Казым жыхуаIэр гъусэ къысхуащIри, дежьащ. Казым къуажэм хьэщIэу къэкIуауэ щыIэу арат, ауэ кIагуэ пIащIэрэ дзэм щызэрахьэ вакъэ Iушэ цIыкIурэ фIэкIа щIакIуэ-бащлъыкъ сыт жыхуэтIэхэм хуэдэ зыри иIэххэтэкъым. Сэ аратэкъым: цылъэпэд Iув слъыгът, щIакIуэ, щхьэрыхъуэн дэгъуи сиIэт. Абы къищынэмыщIауэ, екIуу зэщIэкъузауэ шыфI сытест, Iусыр изу зэрыуба къэлътмакъыр телъыжу.

ДыщыкIуэм дунейр уэфIти, ХьэтIохъущыкъуей тыншу дынэсащ, ауэ дызыхуей пшынэр гъуэтыгъуей хъуати, мащIэу дыгуват. Сытмэ, махуэр хэкIуэтуауэ пшынэр къэдгъуэтри дыкъежьэжащ, бысыму дыздекIуэлIа Хьэмырзэхэ сэлам етхыжри. Абдежым Казым зыхузогъазэ:

- ЕIэ, ипэ ищ! Сэ мы лъэныкъуэхэр фIыуэ сцIыхуркъыми, гъуазэу укъыщызатакIэ псым дыхэмыхуэу лъэмыжым диш.

ХьэтIохъущыкъуейрэ Бесерекрэ я зэхуакур куэдрэ къызэхэткIухьа щхьэкIэ, Казым гъуэгур къыхуэхутакъым. Губгъэм, къэдуфэрэзыхьу, дыкъинат!

- Казым, иджыри къэскIэ сэ уи ужь ситащ, ауэ иджы уэ укъыскIэлъыкIуэнущ, - дызэригъэгъуэщам сригубжьри жысIащ, схуэмышэчыжу.

Си «гъуэгугъэлъагъуэр» щыму арэзы хъури, япэ сригъэщащ. Нэхъапэм хъыбар гуэрхэр зэхэсхат, шым и шхуэмылакIэр бутIыпщмэ, езым гъуэгур къигъуэтыжуи, апхуэдэу сеплъынщ жысIэри, шыр сутIыпщащ. Си шым и щхьэр зэзэмызэ иригухыурэ къикIухьщ-никIухьри, иужьым мывэ дакъэ хуэдэ зыгуэрэм дыIуишащ. Уаер етауэ узригъэплъэкIыртэкъым, си нэгъуджэм мыл трищIауэ зыри слъагъуртэкъым уеблэмэ. Шым сыкъепсыхри, нэгъуджэр зыIусхыу сыщыплъэм, мывэ дакъэу къысщыхъуар  бысыму дыздекIуэлIа Хьэмырзэхэ я боубжэрауэ къыщIэкIащ! Си шым, дыкъызрикIуа лъагъуэм къытеувэжри, Хьэмырзэхэ я деж дыкъишэжауэ арат…  

А жэщым Хьэмырзэхэ я деж дыщыIэри, пщэдджыжьым гъуэгу дытеувэжащ. Шыр гъуащэркъым жыхуаIэр пэжщ: жэщыр уает, жьы зэпихум дыхиубыдати, шынагъуэ гуэр къытщымыщIын папщIэ тыншыгъуэ здэщыIэмкIэ игъэзэжауэ арат а псэущхьэ Iущым.

***

Шым теухуа хъыбар щыкуэдщ Узуняйлэ. Марашлы къуажэм щыщу Щоджэнхэ я щIалэ Гурын кIуэ пэтрэ уэлбанэм хиубыдэщ, щIыIэм исщ, шым къехуэхри лIат. ЛIым тхылъымпIэрэ къалэмрэ иIыгъти, мылIэ щIыкIэ уэсят къищIхэр итхыжат: «Бом шыфI щIэту шы зыкIэлъымыкIуэкIэ гъуэгу фытемыхьэ, гъуэмылэншэу фемыжьэ! Си щхьэм бащлъыкъыр фIызошыхь, хьэкIэкхъуэкIэм си нэкIур трашхыкIыу, наджэIуджэ сымыхъун папщIэ».

 ЗэрылIэнур ищIэми, апхуэдиз гузэвэгъуэ зи псэм телъа лIым гукъэкI ищIри, мы псалъэхэр къигъэнащ, цIыхухэр игъэущиеу. И хьэдрыхэ дахэм хъуауэ Тхьэм къыщIигъэкI!

***
          Иджыри зы хъыбар нывжесIэжынщ... 1965 гъэт, щIымахуэт, къэсшауэ щауапIэ сису Думэн Хьикмэтрэ Тохъу Демыррэ нысхуеблэгъат. Фадэ тхуэчэмти, уэрей, мыпхуэдэ щIымахуаем уэр фIэкIа ар зыхузэфIэкIын щымыIэ жаIэри, Азей фадэхьэ сагъакIуэ. Сыт сщIэнт, Думэн Хьикмэт зы шы дэгъуэ иIэти, абы сышэсри сежьащ. Лъэгуажьэм къэс уэсыр зыуи къыщымыхъуу фтреящ пщIэгъуалэр, сызэрышэсу.

Азей деж фадэр къэлътмакъым из сщIыуэ сыкъыщыдэкIыжам пщыхьэщхьэхуегъэзэкI хъуагъэххэт. Пшапэ зэхэуэгъуэм Ло къуажэм сыкъыблэкIри, МэчэнейкIэ сунэтIащ. Жэщыр кIыфIщи, нэм щIэIэбэр плъагъуркъым, щIакIуэ-бащлъыкъкIэ зызэщIэзуфа щхьэкIэ, уэс-уэлбанэм сызригъэплъэкIыркъым. Дэнэ сыщыIэми къысхуэмыщIэу, зэм адэкIэ, зэм мыдэкIэ шым къыжьэдэскъуэурэ сыгъуэщат. Угъуащэмэ шхуэмылакIэр утIыпщи, шыр хуит щIы жаIауэ зыхэсхати шыр сутIыпщащ, зыхуеймкIэ ирекIуэ жысIэри.

Зыкъомрэ уэсым дыкIуэцIрыщэтурэ дыкIуа нэужь бо гуэрым ныIуохьэ.  Уэрей, мыбы зыщIыпIэ дыкъишам жысIэу зыщысплъыхьым -  ЛIыгъурхэ деж сыщыту къысщохъу. Iуэхур нэхъ гупсэхуIуэу зэхэзгъэкIынщ жысIэу щхьэгъубжьэм сыщытеуIэм:

- Хэт ар? Еблагъэ! – жиIэри, зыгуэр къыщIэкIащ.

- Фахъри щIэс? – сыщIоупщIэ, си ныбжьэгъум и деж сыкъызэрекIуэлIар пэжрэ къысщыхъурэ зыхэзгъэкIыну.

- Фахъри ХьэпэщIей къыщофэ.  Еблагъэ, - жи иджыри зэ.

- Хьэуэ, себлэгъэнукъым, - жызоIэри, мы дыкъыздэкIуар зэры-ЛIыгъурхьэблэр гупсэхуу зэхэзгъэкIати, сигу зэгъэжауэ шым сошэсыж.

 Лыгъурхьэблэ дэгъэзеигъуэмкIэ шыр сунэтIу солъэдэкъауэри, сыкъожьэж. Дегъэзеигъуэм удэкIыу бжьэпэм узэрыщхьэщыхьэу абдежырт ХьэпэщIейри - сыкъэсыжа хуэдэт. ИужькIэ къызжаIэжащ, сызытеса шыр ЛIыгъурхэ куэдрэ кIуэуэ зэрыщытар. Шым къыщикIухьа губгъуэмрэ Iус щишха бомрэ къецIыхуж жи. 

Хэхэс адыгэхэм я Iуэтэжхэр.

Поделиться:

Читать также: