«Уи дыхьэшх макъыр»

1950 гъэхэм  КIыщокъуэ   Алим  итхауэ   щытащ   «Уи  дыхьэшх   макъыр»  зыфIища    усэр.  АтIэ,  дауэ ар уэрэд   зэрыхъуар? Ар къызэрежьам КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист КIунтIыщ-ХьэпцIэ Аннэ и гугъу щищIащ «Зы уэрэдым и хъыбар» телэнэтыным.

    - Мы   уэрэдым  и  хъыбарыр   зэхуэсхьэсыну   яужь   сыщихьэм,   япэ   дыдэу   сыздэкIуар   КIыщокъуэ   Алим  и   шыпхъу     КIыщокъуэ   Хъамсинэ   и   дежщ, - жиIащ журналистым. -  Хуабжьу   къысщыгуфIыкIри, жиIащ:  «Алим, дэ, и  шыпхъухэм,   нэхърэ   фIыуэ   нэхъыжьт.  Абы   къыхэкIыуи   пщIэшхуэ хуэтщIу дыпсэуащ, и гъащIэм къыщекIуэкIхэм теухуауэ деупщIыну къедгъэкIуртэкъым.   Ауэ  а  Iуэхум  хэзыщIыкIым   къызэрыджиIэжамкIэ, мы усэр Алим  фIыуэ   илъагъуу   щыта   хъыджэбзым   хуитхауэ   щытащ. Ар министру   щылэжьам щIыпIэ куэдым кIуэрт, къуажэ, къалэ  школхэм я щытыкIэм   кIэлъыплъыну и къалэнти. Зэгуэр   Кэнжэ  къуажэм   щыIэу    школым   щылажьэ   хъыджэбз   гуэр   игу   ирихьауэ  жаIэ.  Мис   а   нобэ   зи   хъыбар   зыхуэпхьэс  уэрэдри    зыхуитхауэ   жыхуаIэр   аращ. Уэрэдым   сыщедаIуэкIэ езы  Алим    ар   щитха   зэманым  иту   си    бжэр   Iуихыу   къыщIыхьэну   сытым   дежи   къысщохъу».

 Усэм  макъамэ   щIэзылъхьар,  нэхъ   иужьыIуэкIэ  ар    зыгъэзэщIар  РСФСР-мрэ  КъБАССР-мрэ   я    цIыхубэ   артисткэ  Шэрий  Иринэщ. Абы жеIэ: «ПщэдджыжькIэ   сфIэфIт  Долинск   паркым   жьы   къабзэкIэ  сыщыбэуэну.   Зы   махуэ   гуэрым   зэи  зэхэзмыха   макъамэ     си   щхьэм   къихьащ.   ПсынщIэу    унэм   сыкъэкIуэжщ,  роялым  сыбгъэдэтIысхьэри,   макъамэ  сызэуам   унэм   щIэсхэр   езгъэдэIуащ.  Псоми   ягу  ирихьу   щыжаIэм,  КIыщокъуэ   Алим    итха  «Уи    дыхьэшх  макъыр» усэр   сигу   ирихьти,   абы   щIэслъхьащ.  Апхуэдэу   дунейм   къытехьащ мы уэрэдыр.  I97I   гъэм   жэпуэгъуэм  и  2I-м   КъБАССР-м   икIыу   Москва концерт    щызытыну   кIуэ гупым сэри сахэтт.  Уэрэд   згъэзэщIэнур  къыщысщIэм,   тIэкIуи   сыгузэващ:  лъагъуныгъэм   теухуа   нэхърэ  Хэкум,  лъэпкъым   и   дахагъэр   къызыхэщ   уэрэд   жысIэмэ,  нэхъыфIкъэ   жысIэри».  

Иринэ   щIэгузэвам   щхьэусыгъуэ   иIэт. «Уи   дыхьэшх  макъыр»  уэрэдыр  цIыхубэм   зэхахауэ,  ящIэу   щыттэкъым.  Дауэ   хъуми,    трагъэгушхуэри, Чайковскэм  и  цIэр   зезыхьэ  концерт    пэшышхуэм   япэ   дыдэу   щигъэзэщIащ.   Уэрэдыр   зэхэзыха   КIыщокъуэ   Алим  арэзы   зэрыхъуам   и   щыхьэту   и  усэхэр   зэрыт   тхылъ   Иринэ   тыгъэ   къыхуищIащ,  мыпхуэдэу   тету: «Шэрий   Иринэ    и   макъыр   щызэхэсхкIэ   сыщалъхуа   щIыналъэр  къызэпсалъэу   къысщохъу». 

     

Уи  дыхьэшх  макъыр  вагъуэбэу

Уэгум  ипхъащи  мэпщIыпщI.

Уи  дыхьэшхыным  сыщыщIэм,

МафIаем  си   псэр  елыпщI.

 

ЕЖЬУ:   УщыдыхьэхкIэ,  уэ  уи  нитIым

                        Дыгъэм  и   нурыр   ягуэш.

                        Уи  Iэ  дахитIыр  сэ  къызэти,

                       Ди  насып  гъуэгур  зэхэдгъэш.

     

КъыдэкIыфIэкIми   ныжэбэр,

Уэ  удыхьэшхмэ, ещI  нэху.

Мазэр  къыкъуэкIми къухьэжми,

ХуэмыIуэтэжыр   уи   щэхущ.

   

 ЕЖЬУ.

 

Губгъуэм   ит   удзыр   щIэгъагъэр

Уи   дыхьэшх  макъыу   къысфIощI.

Уэ  узмылъагъумэ   зы   махуэ,

Узэхэзмыхмэ,   сэ  си   гур   хощI.

    

  ЕЖЬУ.

 

Ди  псыIэрышэм   седаIуэм,

Сэ  зэхызохыр   уи  макъ:

СемыгуэкIуащэрэт,  жысIэу,

УщыдыхьэшхкIэ   сэ   сыпхуосакъ.

Тхьэхущынэ Ланэ.

Поделиться:

Читать также: