Гуэрэныгу Iуащхьэм...
«ЗэгурыIуэ мэунэри, зэижитIыр мэунэхъу», жеIэ адыгэ псалъэжьым. Пэж дыдэу зэгурыIуэ здэщыIэр фIыгъуэ тIысыпIэщ, насып кIуапIэщ, къарумрэ лъэщагъымрэ я хэщIапIэщ. Ар наIуэ къыпщещI Мэлей ФатIимэ балигъхэм папщIэ таурыхъ жанрым щIэту итха «Гуэрэныгу Iуащхьэм». Зи мычэзу хасэр зэхыхьэрт. Псори къызэхуэсауэ тхьэмадэм пэплъэрт. Емынэжьейрэ Иныжьыкъуэрэ темыпыIэжу къыщылъэтхэрти, я пIэм имызагъэу, къикIукI-никIукIырт. Хьэщхьэвылъэхэмрэ хьэIуцыдзхэмрэ зэхэлъэдэжауэ зэудзэIужхэрт. ИкIэм-икIэжым, псори зыпэплъэ Уэзрэдж Ябгэр къэсащ, сыт щыгъуи хуэдэу, адакъэшым тесу. IумпIэр яубыдри, кърагъэпсыхащ. И жьакIэ бжьиблыр зэрилъафэу, абы тахътэм зыщригъэщэтэхри, макъ итхъунщIыкIакIэ къахэгъуэхъуащ: – ЩIыкъатибл сыздэщыIэм къысIэрагъэхьащ адыгэхэр аргуэру зэгурымыIуэжу хьэргъэшыргъэшхуэ яку къызэрыдэхъуам и хъыбар кIапэ. Иджы ар къэдгъэсэбэпу, датеуамэ арат... Мы адыгэхэм зыгуэр къахуэдмыгупсысмэ, даIэщIэкIуэдэпэнущ. Сыт худиIэмал? Хэт сыт хасэм къыхилъхьэн? – жиIэу зищиплъыхьым, Уд фызыжьым ипхъу УдщIэж гу лъитэри: – Хъулъхугъэщ дэ хасэм къедгъэблагъэ хабзэр, НэжьгъущIыдзэ, ауэ уи анэм и хьэтыркIэ хъыбарыншэ утщIакъым, – зыхуигъэзащ уд щылъхум Уэзрэдж. УдщIэж Уд фызыжьым ипхъуу къыщащIэм, Хасэм къекIуэлIахэм ар ней-нейуэ, Iумпэм ящIу, зэпаплъыхьащ. Набдзэгубдзаплъэу уемыплъми, гу лъыптэрт а пщащэм и нитIыр зэрызэмыфэгъум: ижьыр уафэ къащхъуэмэ, сэмэгур щIылъэ щхъуантIэт. УдщIэж къэтэджщ, тхьэмадэм мащIэу щхьэщэ хуищIри, тIысыжащ. Уэзрэдж ябгэу абы къыжьэхэплъэри, Иныжьыкъуэ дежкIэ зигъэзащ, къыхэдзэ жыхуиIэу. – ФощIэж псоми си адэр Сосрыкъуэ зэрыIэщIэкIуэдар... И нэ закъуэр ирищIащ, и щхьэри езы тхьэмыщкIэм и джатэмкIэ фIихри, нартхэ мафIэр къахуихьыжауэ щытащ. Ар хузэфIэкIащ а лъэнкIапIэ Iушэм. Фи кIуэдыр си кIуэдкIэ си тхьэлъанэщ. – Дэри дигу къоуэ уи адэр жэмыхъуэрылъхум зэрыIэщIэкIуэдар. Дэ ар яхуэдгъэгъункъым нартхэ я щылъху адыгэхэм. Хъунщ, тIысыж. Емынэжьей, къыджеIэт мыдэ зыгуэр. Зыбущэхуауэ куэдрэ ущысыну? Емынэжьей хьэлъэ-хьэлъэу зыкъиIэтри, ипкъ зещэтэжыр утыкум ирилъэфащ. – Сэри си щIыхуэ ятелъщ адыгэхэм. Си адэр иукIам и мызакъуэу, абы и шы Къарэ Лъакъуищри Iэрыхьауэ щытащ СосрыкъуапцIэ. Тхьэгъэлэдж и ху нэдыр щихьыжым нарт хъыджэбзри здихьащ. Яхуэзмыгъэгъуни сэ ар Сосрыкъуэ и щIэблэм. Си адэм ишри, Къарэ ЛъакъуиплIри, къащIэхъуа шыщIэхэри сэращ зылъысын хуейр. Хьэщхьэвылъэхэр зэхэсхэм къахэкъугъыкIащ: – Шы къарэ псори уэ зым нэхъ пхуэфащэу ара? – Ибогъэлейр Емынэжь и къуэм… – Дэри ди Iыхьэ къыхэкIын хуейщ… – Зэ фытесабырэ, емынэ жьэгу хъун къом! – Уэзрэдж Ябгэр къахэгъуэхъуащ. – ШыщIэ къамылъхум уанэ щIыхутефлъхьэр сыт? Апхуэдэщ фэ фи зэхэтыкIэр сыт щыгъуи. ФыдаIуэ япэщIыкIэ. Къихьэ уэри утыкум, – жьэхэлъащ ар удым и пхъум. УдщIэж мыпIащIэурэ псэлъэн къыщIидзащ: – Адыгэхэм даIэщIэкIуэдэнущи, зыгуэр къэгупсысын хуейщ, жывоIэ. Ауэ дыщIэпхъуэн и пэ, дызэвгъэплъэкIыж. Сосрыкъуэ и щхьэ закъуэтэкъым мафIэр щIихьыжар. Абы и фIыщIэкIэ, нарт хэкум исхэм я жьэгу мафIэр зэщIагъэстыжащ. Тхьэгъэлэдж и гъавэр Емынэжь тезыхыжу щIыр вагъэплъу къыщIэмынари а лIы фIыцIэ гъущIынэрщ зи фIыщIэр. Сосрыкъуэ и закъуэ адыгэхэм яIар? Мыщэ и къуэ Батыр бланэр фщыгъупщэжа? А щIалэракъэ Благъуэр зыукIыу жылэдэсхэм я псыежэхыр къэзыутIыпщыжар. МафIэр, Гъавэр, Псыр. Сосрыкъуи Батыри я щхьэ закъуэ насыпкъым лIыукIыпIэм щIихьар. Я щхьэр халъхьэнуми, ахэр адыгэ лъэпкъым папщIэ къикIуэтынутэкъым. Фэ псоми фощIэж ди нэхъыжьхэм яхэлъа къарур, бланагъэр зыхуэдизу щытар. Дэ абыхэм дращIэблэми, ди жагъуэ зэрыхъунщи, дапэлъэщынукъым къарукIи, IэмалкIи, хьэгъэщагъэкIи... Хэт аргуэру фызыпэщIэувэнур? Сосрыкъуэрэ Батыррэ я щIэблэм фапэлъэщыну фигурэ фи щхьэрэ щхьэ зэтелъыххэ? – ЖиIэр сыт НэжьгъущIыдзэм?! Уи щхьэцыр кIыхьми, уи акъылыр кIэщIщ уд щылъхум. Дэ тхуэдэ къикIуэтыр?! ФемыдаIуэ НэжьгъущIыдзэ. Уащхъуэдэмыщхъуэу датевгъауэ, иджыпсту, я бийхэри къафIэмыIуэхужу, ахэр езыр-езыру зэгурыIуэжкъым. Аращ сэ си унафэр, – кIийрт Уэзрэдж Ябгэр, хъийм икIауэ. ЗэпIэзэрыту щыт УдщIэж, къэхъур къыгурымыIуэу, япэщIыкIэ и нитIыр къихъуэпскIыкIащ, итIанэ къаскIэри, и щIыфэр тхытхащ. И кIуэцIыкIыщIэм уафэхъуэпскIыу хуэш щIыIэмылыр ирижэри, и щхьэ куцIыр цIыху Iэгум илъу и нэгум къыщIэуващ. Абы зыкъищIэжри, и нэ зэмыфэгъухэмкIэ уафэ нэзым нэплъысащ, итIанэ нэрымылъагъу гъуэгум ириплъащ. Абы къилъэгъуащ... адыгэхэр. Лъэпкъыр Гуэрэныгу Iуащхьэм къыхуэкIуэрт, щIы щIагъым илъэсищэ бжыгъэкIэ зи дунейр щызыхьа дзэ фIыцIэм, иджы адыгэщIыр зыутэм, пэувыну. Абдежым УдщIэж, дызыхэт мыгъуэр сыт, жыхуиIэу, къызэхуэсахэр ауан ищIу, къыпыгуфIыкIащ. И Iупэхэр щызэтежым Уэзрэдж къилъэгъуащ абы гъущIыдзэ лъэпкъ зэрыIумытыр. Ар абы игъэщIэгъуэху, хъыджэбзым зэуэ зигъэкIэрахъуэу щIидзэри, нэхъ псынщIэ хъуху нэхъ фагъуэ хъууэрэ, икIэм-икIэжым, хьэуам хэткIухьыжыпащ, бжэнтхьэху удз гъэгъа къащхъуэр губгъуэм къринэри. И нэгу щIэкIам егупсысыну Уэзрэдж Ябгэр хунэсакъым: Iуащхьэ лъапэр адыгэхэм къаухъуреихьакIэт...
Поделиться:
Читать также:
20.07.2026 - 12:13 →
ЦIыхур блэи дыгъужьи мэхъуф
17.07.2026 - 14:58 →
ГушыIэ хъыбархэр
14.07.2026 - 16:23 →
Налом и псалъэгъэпсахэр
08.07.2026 - 12:00 →
Хабзэм куэд къызэщIеубыдэ
07.07.2026 - 18:39 →
Псэущхьэ гъэщIэгъуэнщ
| ||




