ЩIэныгъэлIхэр, тхыдэтх куэдхэр ди лъэпкъым и къэхъукIэ-псэукIэм зэрытетхыхьащи, адыгэбзэр япэ дыдэу дунейм къытехьа бзэхэм ящыщщ. Бзэм и закъуэкъым, хабзэри, хьэл-щэнри абы дэщIыгъущ. Сыт хуэдэ ахэр? А псом дыщыгъуэзэнымкIэ щIэгъэкъуэнышхуэщ щIэныгъэлI МафIэдз Сэрэбий и «Адыгэ Хабзэ» тхылъыр.
Ди хабзэмрэ, ди бзэмрэ, щэнхабзэ и лъэныкъуэкIэ лъэпкъым къыдекIуэкI хъугъуэфIыгъуэхэр тхъумэным мыхьэнэшхуэ иIэу къыщалъыта мы зэманым, абы къэралым гулъытэ хуищI щыхъуам, дыхуейщ фигу къэдгъэкIыжыну Адыгэ хабзэм щыщ гуэрхэр, МафIэдз Сэрэбий и лэжьыгъэр ди тегъэщIапIэу.
Адыгэ хабзэм куэд къызэщIеубыдэ. Абы зыубгъуауэ уегупсысмэ, хабзэр лъэпкъым, цIыхум я зэгурыIуэкIэщ, унагъуэм, жылэм, нэхъыжьымрэ нэхъыщIэмрэ, цIыхухъумрэ цIыхубзымрэ я зэхуаку щызекIуэ зэхущытыкIэщ. Адыгэ хабзэр здынэмысрэ зыдэмыIэбэ плIанэпэрэ адыгэ гъащIэм иIэкъым, Iуэху жьгъей цIыкIуу къытфIэщIхэм я деж къыщыщIэдзауэ Iуэхушхуэ дыдэхэм щиухыжу. Ар пщалъэм имызакъуэу икIи пщIэщ, щIыхьщ, нэмысщ, цIыхур цIыху зыщI гулъытэ дахэщ. Адыгэ хабзэм утепсэлъыхьыну тыншкъым. Ар зыхэпщIэн хуейщ, уи гумрэ уи псэмрэ дыхьэу. Хабзэр ягъэзащIэ, зэрахьэ, яхэлъщ, я гум щахъумэ, хуэсакъыу, иригушхуэу, армыхъумэ псалъэ дыгъэлкIэ ягъэбатэркъым. Аращ, дауи, адыгэхэм щIыжаIэр: «Хабзэр бзэгупэкIэ зэрахьэркъым».
Адыгэ хабзэм и купщIэр пэжагъыу, напэу, гулъытэу, гуапагъэу щыжыпIэм и деж цIыху куэдым къащохъур ар егъэлеяуэ, Iуэхур щIэбгъатхъэу. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ахэм ди адыгэ зызыгъэяпэхэри яхэтщ. Хабзэм и гугъу пщIымэ, сабийхэр фIыуэ ялъагъуу, я Iум ирагъэпщхьэным хуэдэу, абы щIэмыкIияу, яубэрэжьын дэнэ къэна, я Iэ трамышащIэу щытащ, щыжыпIэкIэ, ахэр я пэщIэкIэ щIогуфIыкIри, я фIэщ хъуркъым. Ягу къагъэкIыж езыхэр зэрыкIуэцIракъухьу, унэ нэщI, кIыфIым щIадзэу зэрыщытар. Зыми иукъуэдийркъым адыгэ адэ-анэ псоми хабзэр ягъэзащIэу щытауэ. Уеблэмэ, мащIауэ къыщIэкIынукъым езым къаймыхъулIар, адрейхэм зэрефыгъуэр зи бынхэм я фэм къыдэзыхыжу щытахэри, абы я гур трагъэпщахэу, я гушыкъур тракъутэу. Ауэ ар зэи адыгэ хабзэу щытакъым. Мис а зи пащIэкIэ щIэгуфIыкIхэм нэхъыбэу ягъэщ ди хабзэ дахэр зэблэша щIэхъуар, зы жаIэу, нэгъуэщI ятхыу, ящIэу, я гум илъыр ялэжьым темыхуэу, итIанэми, адыгэкIэ зэджэжхэу куэд диIэ щIэхъуар.
Адыгэ хабзэр лIэщIыгъуэ IэджэкIэ зэфIэуващ, зигъэпсу зипсыхьыжу. Абы къыхэкIыу хабзэм блэкIа зэманыжь куэдым я нэпкъыжьэ телъщ: цIыхур цIыху щыхъуам и деж къыщыщIэдзауэ тепщэрэ пщылIу гуэша щыхъуам къэсу, Iэхъуэ-шыхъуэу щыщытам къыщежьэрэ мэкъумэш лэжьыгъэм къыхыхьэу, мажусий тхьэхэм я деж къыщыщIидзэрэ дин зэмылIэужьыгъуэхэм къажьэхэуэу, шабзэ, сагъындакъыр щаIыгъым къыдежьэрэ Iэщэ шынагъуэхэм я лъэхъэнэри къызэщIиубыдэу. ГъащIэм зэрызиузэщIым елъытауэ хабзэми зихъуэжащ, щIэм хуэнэбдзаплъэу, жьыми хуэсакъыу. ФIымрэ Iеймрэ, пэжымрэ пцIымрэ, хабзэм, гъащIэм щызэпэшачэр мащIэкъым. Ауэ сытым щыгъуи Адыгэ хабзэм фIыр, пэжыр ебэкIыу щытащ. Аращ ди хабзэм гъащIэ къезытари, ар иджы къыщIэсари. АдэкIэ дэращ зи Iуэхур ди хабзэр къытфIэмыIуэхунуми, ар кIэрутIыпщ тщIыуэ хэдгъэгъуэщэжынуми.
Адыгэ хабзэм дунейм, цIыху гъащIэм и къэхъугъэ, къекIуэкI псоми и Iуэху хэлъу щытащ. Иджыри дэтхэнэ зы адыгэми и гурыщIэм ар щоушэ, щымыуэу, адыгэ хуэдэу щытыным хущIэкъуу, абы хуэсакъыу. ИкIи жыIэгъуафIэкъым мыбы нэхъыщхьэр: ар ди гъащIэм и къэухь псоми зэрынэсыр ара, хьэмэрэ дэтхэнэ дызыхыхьэ, дызыхэхуэ Iуэхуми хэкIыпIэ пэжу иIэр, адыгэ напэр тщымыгъупщэу, ар тщIэуэ, къэхъунур кърырехъу жыдмыIэу, нэруфIыцI щхьэрыуэ дымыхъуу, а мыщхьэпэм дыкъыхэкIа зэрыхъунум дызэрыхуиузэщIыр, дызыхуиунэтIыр ара е дэтхэнэ зы адыгэми и гум а хабзэр хэпщауэ, ар имыгъэзащIэмэ, къызыхэкIа лъэпкъым зэрилъытэнур, езыми ар зэрызыхуимыгъэгъужынур ара? Ар куэд хъууэ къыщIэкIынущ. Ауэ сыт хуэдэу ар щымытами, фи фIэщ фщIы, насыпышхуэщ, фIыгъуэ инщ Адыгэ хабзэр.