ФIы уигу илъмэ

Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам и малъхъэу щыта Алий-щэхьабэм къытехъукIа лIы гуэрым пхъу зыбжанэ иIэт. И щхьэгъусэри а лъэпкъ хэIэтыкIам щыщт. ЛIыр дунейм ехыжа нэужь, унагъуэр дэхуэхати, цIыхухэр зыщамыгъэдыхьэшхын папщIэ, щыпсэу щIыпIэр яхъуэжащ. Къыщыхута къуажэм дэт мэжджыт зэхэкъутам къыщыувыIащ зэанэзэпхъухэр. Арати, унэгуащэм и хъыджэбзхэр абдежым къыщинэри, езыр шхын къилъыхъуэну ежьащ. Мыпхуэдэрщ къуажэм пщIэ нэхъ зиIэ муслъымэну дэсыр зыхужаIэм деж кIуэри, цIыхубзым и Iуэху зыIутыр жриIащ. АрщхьэкIэ мобы ар и фIэщ хъуакъым. «Сыт сэ уэ жыпIэр пэжу си фIэщ зыщIынур?» - къыжреIэ. «Сэ мы щIыпIэм сыщыщкъым, щыхьэт къысхуэгъэувын хуэдэу», - къэгузэващ бзылъхугъэр. Модрейм ар и тхьэкIумэм иримыгъэхьэу, цIыхубзыр игу хэщIу къыIуигъэкIыжащ. 
  Къэхъуар и жагъуэ дыдэ хъуауэ цIыхубзыр къыздэкIуэжым, мафIэм хуэпщылI мажусий гуэр къыхуэзэри, и гукъеуэр къыжьэдишащ. Арати, мо лIыр кIуэжщ, и унагъуэм щыщ бзылъхугъэ зыбжанэ игъакIуэри, цIыхубзыр ипхъухэр и гъусэу езым и деж иригъэшащ. ХьэщIагъэ гуапэ кърахащ зэанэзэпхъухэм икIи зыхуей хуагъэзащ. 
  Ауэрэ жэщ мэхъу, цIыхухэр мэгъуэлъыж. ЦIыхубзым къелъэпэуа муслъымэным пщIыхьэпIэ елъагъу. Къемэт Махуэр къэса хуэдэти, Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхар сэреишхуэ зэщIэлыдэ гуэрым бгъэдэту щытт. 
  «Уа, Алыхьым и ЛIыкIуэ лъапIэ,- зыхуегъазэ абы муслъымэным, пщIыхьэпIэм здыхэтым. – Хэт мы сэрейр зыхуагъэхьэзырар?»
  «Муслъымэн гуэрым», - къыжреIэ щэлатымрэ сэламымрэ зэхам. 
  «Сэри сымуслъымэнщ, Алыхьыр зэрызакъуэр сщIэуэ!» - и макъым зрегъэIэт модрейм. 
  «Сыт сэ уэ жыпIэр зэрыпэжыр си фIэщ зыщIынур?» - къыжреIэ ЛIыкIуэ лъапIэми, Алий и щIэблэм зэрахущытар игу къегъэкIыж. 
  Арати, бзылъхугъэм елъэпэуа муслъымэныр игу хэщIу къызэщоури, зэанэзэпхъухэр къилъыхъуэну йожьэ. МащIэрэ къилъыхъуа? Сытми, нэхъ зыхуимыгъэфащэ дыдэм, мафIэм хуэпщылI мажусийм и унэм къыщегъуэтыж. ЛIы муслъымэныр иджы мажусийм йолъэIу, цIыхубзымрэ абы и хъыджэбзхэмрэ си деж сыгъашэ, жеIэри. АрщхьэкIэ мажусийм ар зытригъэхьэркъым. «Мы цIыхубзым и фIыгъэкIэ си унэмрэ си унагъуэмрэ Алыхьым и нэфIыр къащыхуащ», - жеIэ бысымым. 
  Муслъымэнри увыIэркъым. «Мы динар I000-р къащти, цIыхубзыр си деж сыгъашэ», - жиIэурэ хегъэзыхь унэр зейр. «Мы уэ узыщIэлъэIум сэ нэхъ сыхуитщ уэ нэхърэ, - жеIэ абдежым бзылъхугъэм и бысымым. - Сэ сымуслъымэнщ жыбоIэри зыкъысхубогъэщIагъуэ уэ. АрщхьэкIэ ныжэбэ мы цIыхубзым и фIыгъэкIэ сэри си унэм щIэс псори муслъымэн дыхъуащ. А уэ плъэгъуа пщIыхьэпIэр сэри си нэгу щIэкIащ. Сэри сыхуэзащ ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам. «Алий и унагъуэм щыщ бзылъхугъэр уи деж здэщыIэр?» - жиIэри къызэупщIати, «НтIэ» щыжесIэм, «Мы сэрейр уэрэ уи унагъуэмрэ фыфейщ», - къызжиIащ». 
  МуслъымэнкIэ узэджэжыныр мащIэщ, ар уи дуней тетыкIэм къыхэмыщмэ. Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ «и унэм щыщхэм» уазэрыхущытыпхъэм укъыфIэкIмэ, арагъэнщ мы хъыбарыр къэзыIуэтэжам дызыхуиущийр. 

Чэрим Марианнэ.
Поделиться: