Адыгэ къэкIыгъэцIэу минитIым нэблагъэ зэхуихьэсыжри, тхылъ щхьэхуэуи зыбжанэрэ къыдигъэкIыжащ Хьэкъун Барэсбий. А лэжьыгъэхэм щыгъуазэ ухуащI къэкIыгъэхэр зищIысым, къызэрыкI щIыкIэм, ущрихьэлIэ щIыпIэм, я теплъэкIэ, я мыхьэнэкIэ зыхуэдэм. Апхуэдэ къэкIыгъэхэм ящыщ зыбжанэм фыщыдогъэгъуазэ.
БэрэтIинэ – Мята. ЛIэужьыгъуэ зыбжанэу гуэшыжа удз лъэпкъыгъуэщ. Ди щIыпIэхэм узыщыхуэзэ бэрэтIинэхэр илъэс зыбжанэкIэ къокI, лъабжьэжь ящI. Я лъагагъыр см 30-40-100-м нос. Зэрызэщхьым къыщинэмыщIауэ, абыхэм зэрызэщхьэщыкI щытыкIэхэри яIэщ. Медицинэм къыщагъэсэбэп. Адыгэхэри куэд щIауэ ироIэзэ, щIэгъэуэным халъхьэ.
БэрэтIинагъуэ – Мята полевая. Илъэс куэдкIэ къэкI удз лIэужьыгъуэщ, бэрэтIинэ лъэпкъыгъуэм щыщщ. И лъагагъыр см 20-40-м нос, ипкъ гъуэплъыфэ къызыщIэлъадэхэр занщIэу докIей. Тхьэмпэ къыпидзэхэр хуэхъурей щIыкIэщ, дзэ цIыкIу яIэщ. Гъэгъа пшэплъыфэ мащIэхэр и щхьэкIэм къыпедзэ июным къыщыщIэдзауэ сентябрыр къихьэху. Удзым мэ дахэ къыкIэрех. КъэкIыгъэм лъабжьэжь кIыхьхэр ещI. МэкъупIэхэм, псыхъуэхэм, щIыпIэ псыIэхэм, къуэхэм къыщыкIыу ухуозэ. Адыгэхэр куэд щIауэ ироIэзэ. КъэкIыгъэм хэлъ дагъэр, эфирыр медицинэм, парфюмерием къыщагъэсэбэп.
БгырыпхиIэ – Жостер слабительный. Жыг цIыкIущ, и пхъафэр щхъуафэщ, щхъуафэ-фIыцIафэщ. Жыгыпкъым тет къудамэхэмрэ къудамэхэм ятет тхьэмпэ хъурей кIыхьхэмрэ зэпэщIэтщ. Гъэгъа фагъуэ-щхъуантIафэхэр тхьэмпэхэмрэ къудамэ цIыкIухэмрэ я зэхуакум, Iэрамэ цIыкIухэу майм – июным ирихьэлIэу къыпедзэ. Бжьэм фо къыхах.
Пхъэщхьэмыщхьэ къыпыкIэхэр хъурей цIыкIухэщ, хъуа нэужь, фIыцIафэщ. Мэз лъапэхэм, чыцэхэм къыщокI. Паркхэм, мэз Iэрысэхэм щыхасэ, хущхъуэ, иIэгъэ къыхахын папщIэ. Адыгэхэм, абазэхэм жыг пхъафэм, пхъэщхьэмыщхьэм иIэгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыхах.
БгъэдахэщIудз – Люпин. ЛIэужьыгъуэ зыбжанэу гуэша удз лъэпкъыгъуэщ. Ди щIыпIэм, Iэрысэу мыхъумэ, езыр-езыру къыщыкIыркъым. БгъэдахэщIудзхэм яхэтщ зы гъэкIэ, нэхъыбэкIи къэкI лIэужьыгъуэхэр. Япкъхэр занщIэу докIей м 1-1,5-м нэскIэ, я тхьэмпэ хъурей, кIы кIыхь зиIэхэр 5-9-уэ зэхэтщ. Удз щхьэкIэм гъэгъа мэ дахэ къызыкIэриххэр, Iэрамэ кIыхьу зэхэту, гъэмахуэм къыпедзэ. ЛIэужьыгъуэхэр зэрызэщхьэщыкI щытыкIэхэм хохьэ гъэгъахэм я фэри.
Ди къэралым къыщагъэкI зи гъэгъахэр хужьыфэ, пшэплъыфэ, къащхъуафэ бгъэдахэщIудзхэр. Куэду щыIэщ Украинэм, Белоруссием, Прибалтикэм, Азербайджаным. Ар вагъэм щIрагъэубыдэ, щIыр игъэпшэрын папщIэ. Iэщым щрагъэшхи къохъу. Бгыщхьэхэм, щIыпIэ щIыIэтыIэхэм нэхъыфIу къыщокI.
Бгъэн – Тростник обыкновенный. Илъэс зыбжанэкIэ къэкI удзщ. И лъагагъыр м 2-4-м нос, лъабжьэжь гъум-кIыхьхэр ещI. Бгъэным и бзийхэм см 20-30 я кIыхьагъщ, см 1-1,5-рэ я бгъуагъщ. ГъэмахуэкIэм гъашэ щхъуэ-гъуабжафэ къыдедз. Псыхъуэхэм, щIыпIэ псыIэхэм, гуэл Iуфэхэм, псынащхьэхэм куэду къыщокI. Удзыр цIынэ щIыкIэ, пасэу пыбупщIмэ, мэкъу хьэлэмэт, силосыпхъэфI мэхъу. Адыгэхэм куэд щIауэ бгъэным унащхьэ, н. псэуалъащхьэхэр ирагъэбыдэ.
БегъымбарIэпэлъ – Наперстянка. ЛIэужьыгъуэ зыбжанэу гуэшыжа удз лъэпкъыгъуэщ. Кавказым бегъымбарIэпэлъу лIэужьыгъуитху къыщокIри, псори илъэс бжыгъэкIэ мэпсэу, лъабжьэжь быдэ ящI. Гъэгъахэр инхэщ, Iэрамэ кIыхьу зэхэту, удз щхьэкIэхэм къапедзэ, къапщIийхэр, удзыр зыхуэдэ лIэужьыгъуэм елъытауэ, плъыжьхэщ, пшэплъыфэхэщ, гъуэжьхэщ, гъуэжь-хужьыфэхэщ. Зи къапщIийр плъыжь бегъымбарIэпэлъ лIэужьыгъуэр цIыхухэм къагъэкI, КъухьэпIэ ЕвропэмкIэ кърашауэ, адрейхэр езыр-езыру ди щIыпIэхэм къыщокI. Мэзхэм, бгыщхьэхэм уащрохьэлIэ. ЛIэужьыгъуэ псори хущхъуэу къагъэсэбэп.
БжакIэ – Костер пестрый. Зи лъагагъыр см 60-70 хъу, илъэс куэдкIэ къэкI удзщ. Ипкъхэр занщIэу докIей, и бзийхэр бгъузэ-кIыхьщ, лъабжьэ цIыкIу куэд ещI. Шакъафэ къызыщIэлъадэ и гъашэр июным и кIэм, июлым къыдедз, жылэхэр августым мэхъури, сентябрым полъэлъыж. Бгыщхьэхэм, Къущхьэхъум щыIэ мэкъупIэхэм, хъупIэхэм къыщокI, Iэщым фIыуэ яшх. БжакIэр куэду къыщыкI щIыпIэхэр адыгэхэм мэкъупIэфIу къалъытэ. Удзым протеину проценти 9-10-м нэс хэлъщ.
БжэмышхлъэщI – Торица обыкновенная. Зы гъэкIэ фIэкIа къэмыкI удз лIэужьыгъуэщ, и лъагагъыр см 30-40 мэхъу. Гъэгъа мм 5-8 нэхъ зи мыинагъхэр и щхьэкIэм гъатхэм, гъэмахуэм къыпедзэ. И тхьэмпэхэр кIыхьщ, пагуэщ, и лъабжьэр инкъым. Губгъуэхэм, гъуэгубгъухэм, псэупIэхэм я гъунэгъуу, пшахъуалъэ щIыпIэхэм къыщокI. Iэщым яшх.
Бжэндэхъу – Василёк. ЛIэужьыгъуэ куэду гуэшыжа удз лъэпкъыгъуэщ. Бжэндэхъу лIэужьыгъуэхэр я гъэгъахэм я щытыкIэкIэ, я жылэхэмкIэ, я тхьэмпэхэмрэ пкъыхэмрэ зэрыгъэпсамкIэ, н. зэтохуэ. Ахэр зэрызэщхьэщыкI щытыкIи теплъи яIэщ. Ди щIыпIэм уащыхуозэ гъитIкIэ, нэхъыбэкIэ къэкI бжэндэхъухэм. Ахэр къыщокI мэкъупIэхэм, хъупIэхэм, дыгъафIэ джабэхэм, мэз лъапэхэм, хуейхэм, гъурцхэм яхэту. Бжьэхэм фо къыхах.
Бжэндэхъупэж – Василёк синий. Удз лIэужьыгъуэщ. Зы гъэкIэ е гъитIкIэ къокI. ЗанщIэу докIей, и пкъым см 30-60 и лъагагъщ, цы щабэ тетщ, къудамэ къытокIэ. И тхьэмпэхэр бгъузэщ, см 5-10 я кIыхьагъщ. Къудамэ щхьэкIэхэм гъэгъа къащхъуэхэр, щхьэ цIыкIуу зэхэту, гъэмахуэм къапедзэ. КъэкIыгъэм лъабжьэ ищIхэр инкъым, псыгъуэщ. Сэхураным ещхь и жылэ цIыкIухэр гъэмахуэкIэм, бжьыхьэм мэхъу. Бжэндэхъупэжым ущрохьэлIэ губгъуэхэм, щIыжьхэм, жыг хадэхэм, куэншыб идзыпIэхэм.
Бжэнкъурэ – Головчатка гигантская. Илъэс бжыгъэкIэ къэкI удз лъагэщ. Къудамэ куэд къызытемыкIэ ипкъ кумылэншэр м 1,5-2-кIэ докIей. Щхьэуэ зэхэт гъэгъа хужьыфэхэр июным - июлым къудамэ къэс къыпедзэ. Лъабжьэ гъум-кIыхь ещI. И тхьэмпэхэр инщ, лэдэх яIэщ, цы ятетщ.
Бжэнкъурэм куэду ущыхуозэ бгыщхьэхэм щыIэ, удз лъагэ къыщыкI мэкъупIэхэм. Iэщым яшхыркъым, мэкъум и бэвагъыр егъэмащIэ. Ауэ силосу иплъхьэмэ, Iэщым фIыуэ яшх. Бжьэхэм фо къыхах.