Колледжым и студенхэр къыхожаныкIГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжым и студентхэр щытекIуащ «Шоу талантов» зэпеуэм.
Налшык, ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм, ЩIалэгъуалэм я урысейпсо махуэм ирихьэлIэу щекIуэкIащ «Шоу талантов» зэхьэзэхуэр. Iуэхум зэкъуигъэуващ илъэс 14-м щыщIэдзауэ илъэс 35-рэ ныбжьым ит къалэдэс ныбжьыщIэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ. Зэхыхьэм и программэм къызэщIиубыдэрт творческэ унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Профессиональнэ артистхэм къадэкIуэу, езыр-езыру утыку итхэми зыкъагъэлъэгъуащ. Зэпеуэм хэтахэм абы и унэтIыныгъэхэм щагъэнэIуащ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ щаIэ зэфIэкIхэр. Зэхьэзэхуэм и программэм хэта гупхэмрэ артист щхьэхуэхэмрэ ягъэлъэгъуащ уэрэд жыIэнымкIэ, макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэнымкIэ я зэфIэкIыр зыхуэдэр.
Щэнхабзэмрэ гъузаджэмкIэ колледжым и студентхэр зэхьэзэхуэм къыхэжаныкIащ икIи абы зэрыхэтам щыхьэт техъуэ тхылъхэр къыхуагъэфэщащ. Япэ курсым щIэс, ЗэшэкIуий Розэ и гъэсэн Аторинэ Викторие зэпеуэм щигъэзэщIащ «Журавли» уэрэдыр. Колледжым и 3-нэ курсым щеджэ, Даур Иринэ и гъэсэн Бекъшокъуэ Миланэ абы щыжиIащ Молчанов Кирилл и «А зори здесь тихие» оперэм щыщ «Жди меня» романсыр. Колледжым и студентхэр пашэ щыхъуащ «Макъамэ Iэмэпсымэ гъуазджэ» унэтIыныгъэм. Ещанэ увыпIэр иратащ колледжым цIыхубэ макъамэ IэмэпсымэхэмкIэ и къудамэм и 3-нэ курсым щIэсхэу Пэрыт Дамиррэ (егъэджакIуэр Къашыргъэ Мадинэщ) Молэ Беслъэнрэ (егъэджакIуэр Залихановэ Оксанэщ). Зэпеуэ нэужьым абыхэм къыхуагъэфэщащ текIуахэм я кубокымрэ ахъшэ саугъэтрэ.
Поделиться:
Читать также:
13.11.2026 - 12:36 →
Адыгэ малъхъэр кIахэхэм ягъэлъапIэ
13.11.2026 - 12:34 →
Хьэлэлыгъэм и макъ
12.11.2026 - 17:53 →
Зи лэжьыгъэхэр IэзагъэкIэ псыхьа
12.11.2026 - 14:47 →
Дуней къэхъукъащIэр къэзыIуатэ
11.11.2026 - 15:00 →
Эрмитажым хуащIа тыгъэ лъапIэ
| ||




