Iуэху щхьэпэр езышэжьахэр

Сабийхэм яхуэтхэ тхакIуэхэм къалэнышхуэ я пщэ къыдохуэ. ЩIэблэр литературэм, къапщтэмэ, еджэным дихьэхыныр куэдкIэ елъытащ абыхэм я къалэмыпэм къыщIэкI тхыгъэхэм. Лъэпкъ литературэм а Iуэхум и псыпэр езышэжьахэм, абыхэм а унэтIыныгъэм хуащIа хэлъхьэныгъэм ухегъэгъуазэ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ТIымыжь Хьэмыщэ «Тхыдэ къулей икIи гъэщIэгъуэн зиIэ» и тхыгъэм.
«ХIХ лIэщIыгъуэм икухэрщ адыгэ сабий литературэкIэ уеджэ хъуну тхыгъэхэр дунейм къыщытехьар. Ар зи фIыгъэр щIэблэр егъэджэным, гъэсэным, щIэныгъэм зегъэужьыным и къару емыблэжу илъэс куэдкIэ хуэлэжьа Бырсей Умарщ. ЩIэныгъэ куу зиIэ, бзэ зыбжанэ зыщIэ а цIыху акъылыфIэм илъэсипщIым нэблагъэкIэ Ставрополь дэта гимназие цIэрыIуэм щригъэджащ. Аращ япэ дыдэуи адыгэбзэкIэ «Шэрджэсыбзэм и букварь» (Тифлис, I853 гъэ) тхылъыр къыдэзыгъэкIари. 
Иригъаджэхэм щIэныгъэ къызыхахын, ахэр дэзыхьэхын тхыгъэ зыбжанэ тхылъым ихуащ. Абыхэм я нэхъыбэр щIэныгъэлIым лъэпкъ IуэрыIуатэм къыхихащ, ауэ зыбжани езым зэхилъхьащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, Бырсейм и букварыр хъуащ лъэпкъ тхыбзэм и щIэдзапIэ, адыгэ литературэм и къежьапIэ. Абы и букварым хигъэхьащ «Бажэмрэ дыгъужьымрэ», «Дыгъужьыр, хьэр, бажэр», «АдакъитI», «ТхьэкIумэкIыхьымрэ бажэмрэ» псысэхэр. НэгъуэщI лъэпкъ литературэм къыхихахэу «Уэзырымрэ джэгуакIуэмрэ», «Дэжыгыр, хьэдджашыр» («Сондэджэрымрэ жьакIэупсымрэ»). Адыгэ хъыбархэм къадэкIуэу мыбы хигъэхьа нэгъуэщI лъэпкъ таурыхъхэр, басняхэр Бырсейм адыгэ гупсысэкIэм, художественнэ дуней лъагъукIэм къригъэзэгъащ. А тхыгъэхэм сабийхэр зыхуагъасэр пэжыгъэрщ, захуагъэрщ, цIыху нэсу, хьэл-щэн дахэ яхэлъу щытынырщ. 
Лъэпкъ узэщIакIуэ цIэрыIуэм иришэжьа Iуэху щхьэпэм пащащ абы и гъэсэну щытахэу ХьэтIохъущокъуэ Къазийрэ КIашэ Адэлджэрийрэ. Лъэпкъ щIэныгъэмрэ сабий литературэмрэ япэкIэ гъэкIуэтэным хэлъхьэныгъэ нэхъыбэ хуэзыщIахэм ящыщщ ХьэтIохъущокъуэ Къазий (I84I–I899). И егъэджакIуэ Бырсейм и Iуэхум пищэурэ а щIэныгъэлI псэемыблэжым анэдэлъхубзэр щадж еджапIэ I866 гъэм Налшык къыщызэIуихыгъащ, зы илъэсым нэблагъэкIи абы егъэджакIуэу щылэжьащ. I864–I865 гъэхэм Кавказым щыIэ урысыдзэм и штабым и ягъэIэпхъуэ тхылъ тедзапIэм абы къыщыдигъэкIащ «Къэбэрдей алыфбей», «Саади и «Гюлистаным» щыщу таурыхъ зыбжанэ», «Сосрыкъуэ и пшыналъэм и къедзыгъуитIрэ таурыхъитIрэ» лэжьыгъэхэр. Мыхэр адыгэбзэкIэ (къэбэрдей-шэрджэсыбзэкIэ) япэу дуней къытехьа тхыгъэхэщ. 
И алыфбейр щызэхилъхьэми, и анэдэлъхубзэр щригъэджми, абы и нэIэ нэхъ зытетар сабийхэм щIэныгъэрэ гъэсэныгъэрэ къызыхахын тхыгъэхэр къахухэхынырщ е яхуэтхынырщ. «Къэбэрдей алыфбейм» абы хигъэхьащ езым итхыжауэ тхыгъэ I2. Псом хуэмыдэу щIэщыгъуэщ, художественнэ гъэпсыкIи яIэщ «Джэдыгу зыщыгъ къущхьэ», «Пщы щIалэмрэ лIыжьымрэ», «Хъарзынэ» тхыгъэхэм. Мыбыхэм наIуэ къащI тхыгъэм щIэлъ гупсысэр гурыIуэгъуафIэу, сабийр итхьэкъуу тхынымкIэ ХьэтIохъущокъуэм зэфIэкI хъарзынэрэ Iэзагърэ къигъэлъагъуэу зэрыщытар. 
Апхуэдэу гъэсэныгъэ мыхьэнэ зиIэ тхыгъэхэу абы зэридзэкIащ Лермонтов Михаил и «Ашик-Кериб»-мрэ» къэжэр усакIуэ Саади и «Гюлистан»-м» щыщ хъыбар зыбжанэрэ. Адыгэ щIэныгъэлIым и лэжьыгъэхэм гъэщIэгъуэнагъхэри хэлъщ. Абы зэридзэкI тхыгъэр игъэкIэщIыртэкъым, щIэлъ гупсысэми зэхъуэкIыныгъэ хилъхьэртэкъым, ауэ адыгэ тхылъеджэм (сабийм) ахэр нэхъыфIу къыгурыIуэн щхьэкIэ, Iуэхур щекIуэкI къалэхэм, абыхэм я тепщэхэм я цIэхэр хигъэкIырт, цIыхухэм зэрахьэ унагъуэ хьэпшыпхэр адыгэхэм къагъэсэбэпхэмкIэ зэрихъуэкIырт. Мыпхуэдэ зэдзэкIыкIэ Iэмалыр къигъэсэбэпу щытащ адыгэхэм къахэкIа тырку тхакIуэшхуэ Мыдхьэт Ахьмэди. ХьэтIохъущокъуэри Мыдхьэтри щыпсэуа лъэхъэнэм (ХIХ лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм) щIэныгъэ зимыIэ я лъэпкъэгъухэм хамэ лъэпкъхэм я щэнхабзэр гурыIуэгъуафIэ зэрахуэпщIыфыну щыIар апхуэдэ Iэмалырщ. 
ХьэтIохъущокъуэм сабийхэм яхуитха е зэридзэкIа тхыгъэхэм я нэхъыбэм лъабжьэ хуищIар дин гъэсэныгъэрщ. Ар щыгугъырт къуажэ мыдрисэхэм щезыгъаджэ Iустазхэм адыгэбзэри цIыкIухэм ирагъэщIэну. Ауэ «джаур тхылъ» муслъымэн еджапIэхэм щIрамыгъэхьэну Iустазхэр къыщыувым, щIэныгъэлIым къыгурыIуэжащ зэрыщыуар. Апхуэдэу щытми, ХьэтIохъущокъуэр къыпыкIыркъым дунейм и зэхэлъыкIэр, щIыуэпсым къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэр щIэныгъэм и хабзэхэм тету къэгъэлъэгъуэным. Абы щыхьэт тохъуэ Ушинский К.Д. и «Сабий дуней» лэжьыгъэм статьяитI къыхихыу зэрызэридзэкIар: «Хьэуар», «Псыр». 
Лъэпкъым тхыбзэ къыхузэгъэпэщыным, щIэблэр я бзэкIэ еджэу, щIэныгъэ зрагъэгъуэту щытыным зи гуащIэри гъащIэри тезылъхьа узэщIакIуэ цIэрыIуэм и гупсысэхэм, Iуэху еплъыкIэхэм я мыхьэнэм ноби хэщIакъым. Апхуэдэу инщ абы и япэ сабий художественнэ тхыгъэхэм я пщIэри. Ахэращ лъэпкъ (къэбэрдей-шэрджэс) сабий литературэм щIэдзапIэ хуэхъуари. УзэщIакIуэ, гъэсакIуэ, тхакIуэ цIэрыIуэм и Iуэхур адэкIэ ягъэкIуэтащ Тамбий Пагуэ, Къэшэж ТIалиб, Сиихъу Сэфарбий, Дым Iэдэм, Цагъуэ Нурий сымэ». 
Безрыкъуэ Данэ.
Поделиться:

Читать также: