Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм гу зылъатапхъэКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2019 гъэм мэлыжьыхьым и 9-м къищта унафэ № 57-ПП-м ипкъ иткIэ, КъБР-м щыIэ МВД-м фигу къегъэкIыж езыхэм яфIэфIу Iэщэр, абы и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр, шэхэр, къагъауэ Iэмэпсымэхэр ахъшэ къыпэкIуэу ят зэрыхъунур.
Iэщэ зэратам папщIэ ахъшэр къаIэрыхьэнымкIэ хуитыныгъэ яIэщ Урысей Федерацэм и цIыхухэу илъэс I8 ныбжьым нэсахэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэухэм е абы и щIыналъэм щыIэу щатхахэм.
Ахъшэр хуаутIыпщынущ цIыхухэм я лицевой счетхэу кредит IэнатIэхэм къыщызэIуахахэм е пощт IуэхущIапIэмкIэ.
ЦIыхухэм я фIэфIыныгъэкIэ ят Iэщэм, абы и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэм, къагъауэ пкъыгъуэхэмрэ къызэрагъауэ Iэмэпсымэхэмрэ пэкIуэу иратыну ахъшэр зыхуэдизыр:
кIэрахъуэмрэ револьверымрэ – сом 30000, автоматым – сом 52500-рэ, пулеметым – сом 60000, ГП-25, ГП-30 гранатэдзым – сом 37500-рэ, РПГ-7, 7В, 27 гранатэдзым – сом 33000-рэ, зэ къэгъэсэбэпыгъуэ гранатэдзхэу РПГ-18, 22, 26, 27-хэм – сом 30000, СВД фочым – сом 60000, кIэрахъуэ-пулеметым – сом 37 500-рэ, щакIуэ карабиным – сом 15000, щакIуэ фочым – сом 9000, газкIэ лажьэ кIэрахъуэмрэ револьверымрэ – сом 3000, кIэрахъуэ, револьвер IэрыщIым – сом 15000, ягъауэ Iэмэпсымэ IэрыщIым – сом 1500-рэ, къагъауэ пкъыгъуэм (тротил, аммонит, гексоген, нэгъуэщIхэм) зы граммым – сом 15, къагъауэ Iэмэпсымэм (ВВ, СВ-хэри хыхьэу) – сом 10500-рэ, къызэрагъауэ Iэмэпсымэм (электродетонатор, капсюль-детонатор, къэзыгъауэ, мафIэ, электрокъару зэрыкIуэ кIапсэхэр – метр бжыгъэм тещIыхьауэ) - сом 600, шэхэр (топ зэрагъауэхэр) – сом 6000, РПГ-м и шэм – сом 7500-рэ, РПО-А мафIэдзым – сом 30000, гранатэдзым (ВОГ-30, 25, 25П) и шэм - сом 7 500, гранатэм (Ф-1, РГО, РГН, РКГ-ЗЕМ, РГ-42) – сом 6000, инженернэ лагъымым (сапер лагъым) – сом 3000, ягъауэ Iэщэм и пIатIронхэмрэ шэхэмрэ зы къэс – сом 30.
Поделиться:
Читать также:
13.08.2026 - 10:50 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
13.08.2026 - 10:01 →
Лъэпкъым къыдекIуэкI хъугъуэфIыгъуэхэр
13.08.2026 - 09:05 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
12.08.2026 - 17:40 →
«Уи лъэпкъ хуэпщIэфынур хуэпщIа?»
12.08.2026 - 14:30 →
ЛъэужьыфIэ
| ||




