Гупсысэ куурэ зэфIэкI лъагэрэ

ЩIэныгъэ

Адыгэхэр дызэрыгушхуэ хэкулIхэм ящыщщ зи цIэр фIыкIэ къэралым, дуней псом щыIуа лъэпкъ еджагъэшхуэ ЛIыIув (ЛIыIужъу) Iэдэм Хъусен и къуэр. Философие щIэныгъэхэмкIэ доктор, Урысей Федерацэм Социальнэ щIэныгъэхэмкIэ и академием хэт IэщIагъэлI цIэрыIуэр Адыгэ Республикэм Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институту КIэрашэ Тембот и цIэр зезыхьэм (АРИГИ) илъэс 20-м нэсауэ и унафэщIщ. Совет, урысей парт, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэшхуэу зи дунейр езыхьэкIа ЛIыIувыращ Адыгэ Республикэм и Совет Нэхъыщхьэм и япэ УнафэщIу, абы и Къэрал Советым – Хасэм и пашэу щытар. Апхуэдэу Iэдэм Хъусен и къуэр хэтащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым. Ди къэралым и Президентым Урысей Ипщэм щиIэ полномочнэ лIыкIуэм и аппаратым Адыгэ РеспубликэмкIэ и Федеральнэ инспектор нэхъыщхьэуи лэжьащ. 
ЛIыIувыр Адыгейм и Октябрьскэ районым хыхьэ Тэхъутэмыкъуей жылэм 1951 гъэм къыщалъхуащ. Ар къыщыхъуащ гуащIэдэкI лэжьыгъэм щымышынэ, щIэныгъэм пщIэ щыхуащI адыгэ унагъуэ дахэм. Зэщхьэгъусэхэу щIыналъэм финансхэмкIэ и IэнатIэм и унафэщIу лэжьа Хъусенрэ КПСС-м и райкомым идеологиемкIэ и секретару, егъэджакIуэу, лъэпкъ журналисткэ Iэзэу щыта Мариетрэ я жьауэм щIэту, я щапхъэм тету къэхъуа Iэдэм щIэныгъэм хуэпабгъэт, и ныбжьым хуэмыфащэ зэхэщIыкI куу иIэт. Тэхъутэмыкъуей къуажэм дэт курыт школыр хъарзынэу къиухри, ар щIэтIысхьащ Кубань къэрал университетым и филологие къудамэм. Къыхиха IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ 1973 гъэм зригъэгъуэта нэужь, Iэдэм лэжьэн щыщIидзащ Краснодар дэт ЗИП (Къызэрапщытэ Iэмэпсымэхэр щащI завод) IуэхущIапIэм, къэралым и ипщэ щIыналъэм и завод нэхъ лъэрызехьэхэм ящыщу щытам, ЩэнхабзэмкIэ и уардэунэм. Зи теплъэкIи, псэлъэкIэкIи, Iурылъ бзэкIи куэдым къахэщ Iэдэм зэфIэкIышхуэ зэрыбгъэдэлъым гу лъамытэу къэнакъым щIыналъэм и унафэщIхэм. Куэд дэмыкIыу ар ягъэуващ «ЩIэныгъэ» къэралпсо зэгухьэныгъэм щIыналъэм щиIэ къудамэм и референту, КПСС-м и Краснодар райкомым цIыхубэм лекцэ къахуеджэ и гупми хагъэхьащ. 
Ди къэралым лIэщIыгъуэ блэкIам и 90 гъэхэм я пэщIэдзэм къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэхэм ЛIыIув Iэдэм ирихьэлIащ КПСС-м и Октябрьскэ райкомым и япэ секретару лажьэу. Адыгей щIыналъэми зэхъуэкIыныгъэ инхэр щекIуэкIащ а зэманым. Къапщтэмэ, ар автоном область статусым икIри, УФ-м хыхьащ зи щхьэ хущытыж субъект щхьэхуэу. КъинэмыщIауэ, езым и Президенти и Совет Нэхъыщхьи иIэж хъуащ, экономикэми жылагъуэ-политикэ гъащIэми нэгъуэщI зэхущытыкIэхэр къыхыхьащ. А зэхъуэкIыныгъэ псоми я куупIэм хэтащ ЛIыIувыр. Ар ящыщащ цIыхубэм я дзыхь зрагъэзу Адыгейм и Совет Нэхъыщхьэм, иужькIэ Къэрал Советым - Хасэм и депутату хаха хэкупсэхэм. 
Абы и япэ зэхуэсым Iэдэм къыщыхуагъэфэщащ Адыгэ Республикэм и Совет Нэхъыщхьэм и УнафэщI къулыкъу лъагэр. Абы и нэIэм щIэту Адыгейм къыщащтауэ щытащ ноби лъэпкъ, къэрал лъапIэныгъэу къалъытэ нэщэнэхэр: ныпыр, гербыр, гимныр; нэхъ иужьыIуэкIэ - Республикэм и Конституцэр. ЛIыIув Iэдэмрэ Адыгэ Республикэм и япэ Президенту щыта Джарым Аслъэнрэ я IэщIэдзхэращ щIэлъыр щIыналъэм къэралыгъуэ зэригъуэтам щыхьэт техъуэ дэфтэру Москва I993 гъэм хэIущIыIу щащIауэ щытам. 
И щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ хигъахъуэ зэпыту къекIуэкIащ дапщэщи Iэдэм. 1991 гъэм абы къиухащ Москва дэт, УправленэмкIэ урысей академием политологиемкIэ и къудамэр. 1995 гъэм хьэзыр ищIащ илъэс зыбжанэкIэ зэлэжьа кандидат лэжьыгъэр икIи ар ехъулIэныгъэкIэ щыпхигъэкIащ УФ-м и Президентым и нэIэм щIэту лажьэ, Къэрал къулыкъумкIэ урысей академием. Нэхъ иужьыIуэкIэ и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Москва и социальнэ университет зэIухам и юридическэ факультетым. 2011 гъэм Iэдэм утыку ирихьащ щIэныгъэ дунейм пщIэшхуэ щызыгъуэта и къэхутэныгъэ лэжьыгъэщIэр: доктор диссертацэр. Ар щытхъу пылъу щыпхигъэкIащ Тэн Iус Ростов къалэм. 
Бгъэдэлъ щIэныгъэ куум, зэфIэкI лъагэхэм, гупсысэ шэщIам щыхьэт техъуэ лэжьыгъэ куэд ЛIыIувым зэфIихащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым щыхэта, абы и УнафэщIым и чэнджэщэгъуу щыщыта, федеральнэ инспектор къулыкъу лъагэм щыпэрыта илъэсхэми. Жэуаплыныгъэ ткIийр зыхищIэу, ЛIыIувыр еш имыщIэу елэжьащ федерацэр зэрызэхэт субъектхэм я Iуэхур дэгъэкIыным, щIыналъэхэм щызекIуэ къэрал политикэр абыхэм яфI зыхэлъу егъэкIуэкIыным. 
Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием и Адыгей щIэныгъэ центрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым 2017 гъэ лъандэрэ и унафэщI ЛIыIув Iэдэм лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэщ. Институтым и IэщIагъэлI дэтхэнэми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къыхуегъуэтыф, абы щекIуэкI къэхутэныгъэ лэжьыгъэр тэмэму еунэтI, IэщIагъэлIхэм чэнджэщ щхьэпэхэр яритыфу, бгъэдэлъ щIэныгъэкIи зэфIэкIкIи щIэгъэкъуэн яхуэхъуу. 
АР-м и дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэр – «Адыгейм и щIыхь» медалыр, «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» къэрал дамыгъэм и 2-нэ нагъыщэр, УФ-м и Президентым, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым къабгъэдэкI фIыщIэ, щIыхь, щытхъу тхылъхэр хуэфащэ дыдэу зыхуагъэфэща ЛIыIув Iэдэм Хъусен и къуэм и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 75-рэ ирокъу. «Зэманым декIур лIыфIщ» жызыIэгъа лъэпкъ узэщIакIуэм а псалъэхэм щIилъхьа гупсысэ куур зи гъащIэм хэплъагъуэ ЛIыIув Iэдэм, зыхэпсэукI зэманым декIуу зи гъащIэр езыхьэкI, зи зэфIэкI лъагэр лъэпкъым и зыужьыныгъэм хуэзыгъэпс адыгэлI щыпкъэм, дохъуэхъу узыншагъэ быдэ иIэу, щалъхуа щIыналъэм, щыпсэу къэралым я къэкIуэнум хьэлэлу иджыри куэдрэ хуэлэжьэну.
 

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться: